Iуэтэж кIэщIхэр

Да Винчи Леонардэ дуней псом и зэфIэкIыр  къыщалъытэу, и пщIэр щылъагэу лIэщIыгъуэхэм къапхрыкIащ, дяпэкIи абы и вагъуэр зэрымыужьыхынур хьэкъщ. Сыту жыпIэмэ – генийщ, апхуэдэ цIыхум сыт хуэдэ зэманми гулъытэ хуащIу хабзэщи. Псом хуэмыдэу адыгэр дрогушхуэ а цIыху щэджащэм и зэфIэкIым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ ди лъэпкъми пыщIэныгъэ хуиIэу къыщIэкIащи. Италием и сурэтыщI цIэрыIуэм и анэр адыгэщ!  Фи пащхьэ идолъхьэ Да Винчи Леонардэ фIы дыдэу къехъулIа Iуэтэж кIэщIхэм ящыщ зыбжанэ. Ахэр зэридзэкIащ тхакIуэ Хьэту Пётр.

 

ЖакIэупс жан

        ЖьакIэупс гуэрым, урилэжьэну уасэ имыIэжу, жьакIэупс жан дахэ дыдэ иIэт. Зэгуэр, жьакIэупсыпIэм зыри щIэмысу, унэ тхьэмадэри щIэкIауэ, жьакIэупс жаным игу къихьащ мы дунейр зригъэлъагъуну, езыми зригъэплъыну. Гъатхэт. Махуэр уэфIт. Къамэр и къамапIэм къригъэжа нэхъей, зыдэлъым и дзэ жаныр къыдигъэплъщ, пагэу зигъэтIейри, ежьащ. 

        ЖьакIэупс жаныр бжэщхьэIум ебэкъуэну хунэсатэкъым, дыгъэ гуащIэр гъэцIуужа и жыр дзэ жанхэм щытелыдыкIам, дыгъэ нэбзий цIыкIухэми унэ блынхэм гуфIэжу теджэгухьу щыщIадзам. ЖьакIэупс жаным, апхуэдэ теплъэгъуэ телъыджэм и нэхэр щигъэункIыфIыкIри, пхуэмыIуэтэщIын гуфIэгъуэрэ гухэхъуэшхуэрэ къритати, занщIэу, зыкъыфIэщIыжауэ, и щхьэр лъагэу игъэкIащ.

– Дауэ иджы апхуэдэ гъуэзэджагъэ нэужьым жьакIэупсыпIэм зэрызгъэзэжынур? – ину жиIащ жьакIэупс жаным. – Мы дунейм теткъым абы сезышэлIэжын! Делагъэ дыдэщ си гъащIэр апхуэдэу хэслъхьэну: сабыншыкукIэ зэхэцIэла лIы нэкIужьхэр тестхъунщIыкIрэ згъэкъабзэу. Сэ си дзэ жан щабэр хуэфащэ-тIэ жьакIэупс Iэдэбыншэм IэщIэлъыну? Хьэуэ! Абы сыкъыщимылъагъун къуэгъэнапIэ зыщызгъэпщкIумэ нэхъыфIщ.

Абы лъандэри жьакIэупс жаным и лъэужьыр кIуэдащ.

Мазэхэр кIуэрт. Бжьыхьэ уэшхрилэр къэсащ. КIуэрыкIуэсэжыр и закъуэныгъэм тезашэри, зыщиудыгъуа къуэгъэнапIэм къыкъуэкIыжыну, жьы къабзэкIэ тIэкIу бэуэну мурад ищIащ. Хуэсакъыурэ и дзэ жаныр зыдэлъым къригъэжри, пагэу ихъуреягъкIэ зыкъиплъыхьащ.

Ауэ, мыр сыт гузэвэгъуэ! Сыт къэхъуар? Зэгуэр щабэу щыта дзэ жанхэр, пхъэх улъиям ещхьу, дзагуэ хъуащ, дыгъэ бзийхэри телыдыкIыжыркъым.

– Хъуэпсагъэм щхьэ зыдезгъэшэхат? – и нэпс дыджхэр къыфIыщIэхуащ жьакIэупс жаным. – Сытым хуэдэу сигъафIэрэт икIи къыскIэлъыплърэт жьакIэупс гу хьэлэлыр! Сытым хуэдэу гуфIэрэт икIи ирипагэрэт ар си лэжьэкIэм! Иджы, уо, ди тхьэ, сыт сэ къысщыщIыжар: си дзэ жанхэр уфIыцIащ, пагуэ хъуащ, гущыкIыгъуэуи улъиящ. СыкIуэдащ сэ, сыкъезыгъэлыни дунейм темыт!

Талант зиIэ дэтхэнэми апхуэдэ тхьэмыщкIагъэр лъэIэсынущ, и зэфIэкIым зримыгъэужьу, иримыгъэфIакIуэу, лъагэу зэрызиIэтар и фIэщ хъужу, егъэлеяуэ Iуэхуншагъэм зыдригъэхьэхыу, зыкъыфIэщIыжарэ и бгъэм теуIуэжу дэтмэ. Мы насыпыншэ жьакIэупс жаным хуэдэ цIыхум хуэм-хуэмурэ и акъыл бзыгъэр, жаныр фIокIуэд, Iэбэбыншэ мэхъу, пкъыри псэри зышх щхьэхынагъэмрэ щэныншагъэмкIэ улъиин щIедзэ.

 

Мазэмрэ ХынэщIэпкIэмрэ

        ХынэщIэпкIэр зимыщIэжу мазэм хьэщыкъ хуэхъуат. Зыгуэр къытебжа нэхъей, сыхьэт бжыгъэкIэ и нэр къытримыгъэкIыу зэгуэкIуа жэщ нэхунэм еплъырт.

        Сыт щыгъуи щакIуэу къуэгъэнапIэ къуэс ныбаблэ хыелыркъэшым гу лъитащ, мазэр пшэ къуагъхэм къыкъуэкIа нэужь, хынэщIэпкIэ-жьэрыплъэр зэрыс и нэщIэпкIалъэр къызэрызэIуихым. ИкIи ар ишхыну мурад ищIащ.

        Зэгуэр жэщу, мазэр къызэрыкъуэкIыххэу, хынэщIэпкIэм, сакъын зэрыхуейр, дунейм бзаджагъэу тетыр щыгъупщэжауэ, зэрихабзэу, и жьэр ущIауэ абы и нэр теплъызащ. Хыелыркъэшым мывэкIэщхъ гуэр и дамэпкъ-лэныстэмкIэ къыфIигъанэщ, зыхуигъэпсри, нэщIэпкIалъэ кIуэцIым иридзащ. Мазэ нэхум итхьэкъуар  хущIэкъуащ зэщIэпщIыпщIэ и псэуалъэ быдэр псынщIэу зэхуищIыжыну, ауэ кIасэ хъуат – мывэкIэщхъыр насыпыншэм зэран къыхуэхъуащ.

            Зи гурылъ къабзэ лъапIэхэр зыхуэмыхъумэф дэтхэнэми апхуэдэ тхьэмыщкIагъэр къыщыщыщI хабзэщ, нэгъуэщIым и щэхум хуэпабгъэ нэрэ тхьэкIумэрэ сыт щыгъуи щыIэщи.

 

IункIыбзэ иIупIэм ис бэдж

        Бэджым, унэр – и кIуэцIи и щIыби – зэрыщыту къипщытэри,  IункIыбзэ иIупIэ гъуанэр тIысыпIэ телъыджэу къыщыхъуащ.

        Сыту тынш икIи дзыхь зэбгъэз хъун тIысыпIэ мыр! Мыбдеж бэджым зыми гу къылъитэххэнукъым. Езыр-щэ, зыхъумэжыпIэм къиплъурэ, мамыр дыдэу ихъуреягъкIэ къыщыхъум кIэлъыплъынщ, шынагъуэ лъэпкъ къылъыкъуэкIынкIэ мыгузавэу. 

        «Мывэ бжэщхьэIум бадзэхэм щхьэкIэ зы бэджыхъ щызукъуэдиинщ, – зыхуэарэзыжу мэгупсысэ бэджыр. – ДэкIуеипIэм деж нэхъ быдэу нэгъуэщI зы бэджыхъ – ар щыгъыныхь пшэрхэм щхьэкIэ, бжащхьэм аргъуейхэм щхьэкIэ гъэпцIапIэ бзаджэ яхутесщIыхьынщ...»

        Бэджыр гухэхъуэшхуэм зэщIищтат, и насыпымрэ и гугъэфIымрэ уафэм хъыринэ щрагъащIэрт. ГъущI защIэкIэ къэIулIыхьа IункIыбзэ иIупIэр абы къыщыхъурт къыпхуэмыщтэн быдапIэу, икIи абы нэхърэ нэхъ шынагъуэншэ щхьэегъэзыпIэ и гъащIэм имылъэгъуауэ къилъытэрт. Апхуэдэу бэджым, и хъуэпсапIэхэм, и къэкIуэну дахэм зритауэ, уафэм хъыринэ щещIэрэ пэт, гъунэгъу къыхуэхъу лъэ макъыр и тхьэкIумафIэм къыщицырхъэм, сакъыныр зи хьэлым и быдапIэм  нэхъ куууэ зриудыгъуащ.

        Унэм къекIуэлIэжа тхьэмадэм и IункIыбзэ зэкIэрыщIар игъэцIыргъащ, зы къахихри IункIыбзэ иIупIэм ириIуащ, арыххэу… хъуэпсалэр ирипIытIыхьащ.

 

Поделиться: