Пасэрей фадэ лIэужьыгъуэхэр
Махъсымэм гъэвэкIэ зыбжанэ иIэщ, ауэ этнографхэм зэрыжаIэмкIэ, пасэрей зэманым ар нартыху кIытэкIэ ящIу щытащ. Абы папщIэ нартыхур псы хуабэкIэ ятхьэщIырт, хьэуазэм хэлъу щIауфэрти, кIыфIыгъэ щагъэувырт. Махуэм зыбжанэрэ псы теутхэн хуейт абы, псыIагъэ иIыгъын, къикIыкIын папщIэ. Махуэ зыбжанэкIэ апхуэдэу кърагъэкIыкIа нартыхур яхьэжа нэужьт кIытэ щыхъур. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэхьэзыра нартыху хьэжыгъэм чыржын къыхащIыкIыжырти, ягъажьэрт. Ауэ яшхын щхьэкIэтэкъым, атIэ чыржыныр яущыкъуейт, псы къэкъуэлъа упщIыIужа щIакIэрт, иджыри кIытэ тIэкIу хакIутэжырти, махуиткIэ кIыфIыгъэ щагъэувырт. Ар къэкъуэлъа нэужь фокIэ ягъэIэфIт, псы щIыIэ щIакIэжырти, икIи мыIуву икIи мыпIащIэу зэхащIэрт, итIанэ махуитIкIэ щагъэтыжт. Хьэзыр хъуа махъсымэр дзасэ гъэплъакIэ зэIащIэрт, дыщафэ дахэ, мэ гуакIуэ щIэтын папщIэ. ЕтIуанэ гъэвэкIэм папщIэ къагъэсэбэпыр хугущ. Ар иужьыIуэкIэ къежьа Iэмалщ. МэкIи, и IэфIагъкIи, и плъыфэкIи нэгъуэщIщ. ПIастэм ещхьу хугур ягъавэ, ягъэупщIыIужри, псы къэкъуэлъа упщIыIужа щIакIэ, щIакхъуэгъэтэдж, фошыгъу, хуэнщIей тIэкIу халъхьэри, махуи 5 - 6-кIэ щIахъумэ. Нэхъыбэрэ щытыху, махъсымэр нэхъ гуащIэ мэхъу. Махуихыр дэкIа нэужь, щIэтIысыкIа Iувыр къамыгъэхъейуэ, фадэ пIащIэр къытрахри, дзасэ гъэплъакIэ зэIащIэ. Ху махъсымэм плъыфэ дахэ иIэн, мэ гуакIуэ къыхихын папщIэ фошыгъу гъэжьа халъхьэри, хэткIухьыху зэIащIэж. Къыхэгъэщыпхъэщ ху махъсымэм градус 13 и гуащIагъ зэрыхъур, нартыху махъсымэм - градуси 6-8. ЩыIэщ иджыри зы фадэ лIэужьыгъуэ, нобэкIэ кIуэдыжауэ жыпIэ хъуну. Ар мэрэмэжьейщ. И гъэхьэзырыкIэкIэ нартыху махъсымэм нэхъ тохьэ. Нартыху хьэжыгъэ, гуэдз хьэжыгъэ, хуэнщIей тIэкIу зэхакIутэ, псы къэкъуалъэкIэ зэхапщэри, хуабапIэ ягъэув. Махуэ зытIущкIэ къэкъуэлъа нэужь хьэкум трагъэувэри, псыуэ щIэтыр щIэвэщIыкIыху къагъавэ. Псыр щIэвэщIыкIа нэужь къанэм зэреджэр курыбэщ. АдэкIэ фэндышхуэ къащтэ, фо пIащIэ иракIэ, курыбэм щыщ тIэкIу халъхьэ, абы и щхьэм без (фохьэкIуэ) тралъхьэж. Апхуэдэ защIэу, къытебгъэзэжурэ, фэндыр из хъуху зэтыболъхьэ. Ищхьэ дыдэм фо пIащIэ куэду тракIэ, фэндыщхьэр ягъэбыдэри, илъэс зыбжанэкIэ щIым щIатIэ. Хьэзыр хъуа мэрэмэжьейр хуэсакъыпэу къыдрахьеиж. Сыту жыпIэмэ, ар Iыхьэ-Iыхьэу зэщIэкIауэ фэндым итщи, зэхэзэрыхьыжынкIэ хъунущ. Ищхьэ дыдэр, нэхъ пIащIэр, псом нэхърэ нэхъ гуащIэщ. Ар хьэгъуэлIыгъуэхэм, хьэщIэ лъапIэхэм щхьэкIэ яхъумэу зэрахьэрт. ЕтIуанэр, нэхъ Iувыр, уэркъыбжьэу ятырт. Ещанэр, дыгъэм хуэдэу дыщафэр, къызэрыгуэкI фадэу цIыхубэм яIэт. Махъсымэ псалъэр къызытехъукIам, абы и мыхьэнэм и гугъу пщIымэ, гъэщIэгъуэн гуэрхэр къыпхуэтIэщIынущ. Санскритым (индусхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьым я бзэм) хэтщ «сымэ» псалъэр. Сымэ жыхуаIэ фадэ лIэужьыгъуэр фIэщхъуныгъэм ехьэлIа дауэдапщэхэм къыщаIэту щытауэ къыхощыж лъэпкъыжьхэм я тхыдэм. Сымэр зэрагъэхьэзыру, къызыхащIыкIыу щытам и щэхур зыми ищIэркъым. Ауэ пасэрей къэжэрхэм я тхьэ унэхэм къыщагъуэтыжащ сымэ щагъавэу щыта пэш щхьэхуэхэмрэ абы щхьэкIэ къагъэсэбэп хьэкъущыкъухэмрэ. Лъэпкъыжьхэм зэхуэдэу яIа «сымэ» псалъэм фадэ жиIэу къикIыу къыдощтэри, «махъ» хъужыр сыт?! Нарт IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сэтэней Гуащэ игъавэу щытащ санэху жыхуаIэ фадэ пIащIэр. Санэплъыр зищIысымрэ ар къызыхащIыкIыу щытамрэ дыщыгъуазэмэ, санэхур зищIысыр ямыщIэу къэгъуэгурыкIуащ… Ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ, санэхур, аркъэм хуэдэу ущызэкIэщIэплъу, плъыфэншэу зэрыщымытар. И фIэщIыгъэцIэм тепщIыхьмэ, санэхур хужьу щытыпхъэщ. Языныкъуэ лъахэхутэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, санэхур шэкIэ ягъавэрт, Iуащхьэмахуэ лъапэ уэру къыщыкI «хвойник» жыхуаIэ псей лIэужьыгъуэр хэлъу. Къыхэгъэщыпхъэщ хвойникым эфедрин жыхуаIэ дагъэ лIэужьыгъуэр куэду зэрыхэлъыр. Абы чэф уещI, цIыхум и адреналиныр дрегъэкIуей, и къарум хегъахъуэ, бжьыфIэ, жыджэр ещI. Арауэ жаIэ нартыжьхэм я къарур къызыхахыу щытар. «Хъымэ» жыхуаIэ пасэрей иран фадэри къызыхащIыкIыу щытар хвойникщ. Лъэпкъ зэпэжыжьэхэм зэхуэдэу яIа мы фадэхэм я фIэщыгъэцIэр зэрызэпэджэжыр си щхьэкIэ псом нэхърэ нэхъ сфIэгъэщIэгъуэнщ. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
17.02.2025 - 18:00 →
ЛIыукIыпIэ ихуат
14.02.2025 - 16:55 →
Зи Iэужьым и кIэм нэмыплъыса
12.02.2025 - 12:32 →
И лъэпкъым хуэпэжт
07.02.2025 - 11:01 →
ЦIыху гъуэтыгъуей
05.02.2025 - 12:08 →
Сталинград текIуэныгъэм
|