Алъпжьейр – шы цIыкIущ, тхыкъейр – щIыбышэщ1815 гъэм Сыбырым къыщалъхуа Ершов Пётр мазаем и 22-м илъэс 2I0-рэ ирикъунущ. Литературэм ар зэрыщыцIэрыIуэр усэкIэ тха «Конёк-горбунок» псысэмкIэщ.
Зи гугъу тщIы псысэр япэу адыгэбзэм къизыгъэзэгъар КъШР-м щыщ журналист, усакIуэ Акъ Алийщ, I955 гъэм. I96I гъэм абы къыкIэлъыкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ усакIуэ Жаным Борис и зэдзэкIыгъэу «Алъпжьей-тхыкъей» зыфIищар. Акъ Алий и зэдзэкIыгъэр зэрыщыту интернетым илъ щхьэкIэ, ар къыщыдэкIа щIыпIэр наIуэтэкъым. Акъыр дымыцIыху пэтми, зы тхыгъэ цIэрыIуэм и зэдзэкIыгъэу тIу адыгэбзэкIэ зэрыщыIэр уигу хэзыгъахъуэ, лъэпкъ литературэр лъагапIэ гуэрым зэрытетым и нэщэнэт.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, илъэс зыбжанэ ипэкIэ Тхьэгъэзит Зубер Iэзэу зэридзэкIа Руставели Шота и «Къаплъэныфэ зыщыгъ зекIуэлIым» къыкIэлъыкIуэу, Бер Хьэбалэ и «Къаплъэныфэ зыщыгъ лIыхъужьри» къыкъуэкIыжауэ щытащ. Ершовым и псысэм и Iуэхур абы ещхьтэкъым. I96I гъэм къыдэкIа «Алъпжьей-тхыкъейр» адыгэбзэм къизыгъэзэгъар блэкIа литературэ лъэхъэнэм зэдзэкIакIуэ нэхъ Iэзэу къыхэщхэм яз Жаным Борист. «Шы цIыкIу тхышэ цIыкIур» абы ипэ илъэситхукIэ зэзыдзэкIар КъШР-м щыщ журналист, усакIуэ Акъ Алийт. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «къэбэрдей-шэрджысыбзэкIэ» дызэджэ ди бзэ къудамэм зэуэ къуэпситI къыдэжауэ арат, Ершовым и псысэ цIэрыIуэр изэгъауэ.
Зэманым и нэщэнэ къызытена Жанымым и тхыбзэм и щапхъэу, пэублэм щыщ сатыр зыбжанэ къэтхьынщ: «Алъпжьей-тхыкъей» таурыхъыр зытхар Пётр Павлович Ершовщ. Ар Сыбыр къыщалъхуащ I8I5 гъэм. Абы и сабиигъуэм щыгъуэ ар куэдрэ едаIуэу щытащ Сыбыр щыпсэу мэкъумэшыщIэхэм жаIэ таурыхъхэм. А зэдэIуа таурыхъхэм щыщу куэди зригъэщIауэ, езыми ахэр дахэу жиIэжыфу щытащ» (пэжырытхэр зэрыщыту къэдгъэнащ – Ч. М.).
ГъэщIэгъуэн куэд зыпыщIа псысэм и хъыбарым усакIуэм и ныбжьым деж къыщыщIедзэ. Илъэс I9 фIэкIа хъуртэкъым Ершовыр абы мы таурыхъыр щытрыригъэдзам. Езым и псалъэм тепщIыхьмэ, къигупсысауэ зыри хэткъым. Жанымым зэрыжиIауэ, IуэрыIуатэм къыхихыу, езым усэбзэм ирилъхьа къудейщ. А зэманым Пушкиным и лъэрызехьэгъуэт, и таурыхъ цIэрыIуэхэр дунейм къытехьакIэт, арати, Ершовым и IэдакъэщIэкIыр усакIуэ цIэрыIуэм щригъэлъэгъуам, къыжриIари тхыдэм къыпхыкIащ: «Иджы мы тхыгъэ лIэужьыгъуэр сэ къэзгъанэми хъунущ». Си пIэ къиувэн къыслъэщIыхьакIэщ жыхуиIэу, усакIуэ щIалэр игъэгушхуэу арат Пушкиным. АрщхьэкIэ уи натIэм итым уIэщIэкIын? Ершовым усэ тхыныр и щIалэгъуэ зэштеупIэу къэнэжри, егъэджэныгъэм зезыгъэужь къулыкъущIэшхуэ хъуащ. ИтхаIами, «Конёк-Горбунок»-м и пщIэм хуэдиз зыгъуэта и тхыгъэхэм къахэкIакъым. Арати, «Алъпжьей-тхыкъейр» Пушкиным итхауэ, ар ибзыщIын папщIэ, Ершовым и цIэкIэ къытрыригъэдза хуэдэу кърахьэжьащ. ЩIагъыбзэхэр декабристхэм, пащтыхьым имыдэну гуэрхэм ятеухуауэ зэпхагъэIукIын щIадзэри, ар ди нобэми къэсащ. ИпэжыпIэкIэ Пушкинымрэ Ершовымрэ я бзэр зэхэзэрыхьынкIэ Iэмал имыIэу зэщхьэщокI. КъинэмыщIауэ, усыгъэм гу хуэзыщIауэ и тхэн гукъыдэжыр илъэс 25-м щхьэпрызыхыфыр мащIэщ. Ершови къыщыщIар арагъэнущ.
Ди дежкIэ мыхьэнэ нэхъ зиIэр нобэ тIэщIэлъ зэдзэкIыгъэхэращи, мыбы нэхъ Iэзэу зэридзэкIащ, мыбы ейр хъуакъым жыпIэн хуэдизу зэщхьэщыкIыркъым къэбэрдеймрэ шэрджэсымрэ я адыгэбзэ къигъэзэгъэкIэр. КIуэ, Жанымыр рифмэм нэхъ елIэлIауэ пхужыIэнущ, Акъым и тхыгъэр зэрыхъукIэ оригиналым ирихулIэну зэрыхэтар IупщIщ. Ауэ тIуми къыхэпхыни, «уезыхьэжьэни» я куэдщ. Мис, псалъэм папщIэ, зи плъырыгъуэр къэса Иван-делэ и щIэкIыгъуэр Жанымым къызэригъэлъагъуэ сатырхэр:
Къэпталыжьыр къыщылэлу,
Къох хьэкущхьэм зэфIэлэлу.
Гъуэмылапхъэу щIакхъуэ къещтэ,
Плъырым кIуэныуэ зынещтэ.
А пычыгъуэ дыдэр Акъ Алий зэрызэридзэкIар мыпхуэдэущ:
Иван хьэкум, мис, къопщых,
Джанэ кIыхьыр зыщетIагъэ,
И гуфIакIэм щIакхъуэ делъхьэ,
Къэрэгъул увынуи макIуэ.
ЗэдзэкIын Iэзагъыр къэгъэнауэ, дауи, дяпэ итахэм я адыгэбзэм дэ дылъэщIыхьэжынукъым. Жаным Борис, псалъэм и хьэтыркIэ, пэублэм «хъуэщнэщыгъэ» псалъэр къыщегъэсэбэп. Ершовым и гугъу ищIкIэрэ, мыпхуэдэу жеIэ: «ИкIи абдейм (тхэкIэр тхъуэжыркъым – Ч. М.) абы мурад щищIащ езым и «Алъпжьей-тхыкъей» таурыхъыр, мэкъумэшыщIэм и къуэ Иван хахуэм, пащтыхь ахьмакъым, хъуэщнэщыгъэхэр зи бащэ алъпжьей-тхыкъейм я гугъу ищIу, итхыну».
Ершовым и таурыхъыр иджы хэт хуейми еджэну хуиту зэIэпах щхьэкIэ, зызэман пащтыхьымрэ чыристан диным и лэжьакIуэхэмрэ игъэпуду ягъэуври, трамыдзэжыххэ хъуат. Ауэ щыхъукIэ, Ершовыр езым и диным и къыщхьэщыжакIуэущ псысэм къызэрыхэщыр. Щапхъэм и хьэтыркIэ, зэкъуэшхэр бэзэрым щыкIуэм, къащIэну зыхуейхэр кърибжэкIрэ пэт, усакIуэм мыпхуэдэу етх: «Пащтыхь СэлътIан чыристанхэр муслъымэн ищIыну къемыжьауэ пIэрэ?» («И нейдет ли царь Салтан басурманить христиан»). А пычыгъуэр Жанымым мыпхуэдэу зэридзэкIащ:
Пащтыхь СулътIан чыристэнхэр
Дэкум хуэдэу къигъэпцIэнум…
(еплъыну макIуэ, жыхуиIэщ – Ч. М.).
Акъ Алий ардыдэр мыпхуэдэу етх:
Пащтыхь СолтаникI абы хэту
Чристан диныр муслъымэнкIэ зэрихъуэкIмэ…
(и тхэкIэр тхъуэжыркъым – Ч. М.).
Гурыщхъуэ хуащIахэр хуэмыфащэу къыщIэкIыжами, илъэс пщIы бжыгъэ гуэр дэкIауэ, зи хабзэхэр ткIий Николай Езанэр дунейм ехыжа нэужьщ Ершовым и ныбжьэгъухэм щажриIар: «Си «Алъпжьейр» щIэпхъуауэ, Урысейр къызэхежыхь».
Ершовым и музей Ишим дэтым «Алъпжьей-тхыкъейм» и зэдзэкIыгъэ псори щызэхуахьэсыжыну мурад ящIауэ къыщIэкIащ. ЗэкIэ къагъуэта бзэ I7-м адыгэбзэри яхэтщ. Ауэ езы зэдзэкIыгъэхэр 27-м фIэкIыу хуагъэфащэ.
Акъ Алий и зэдзэкIыгъэр интернетым зэрыщыту илъщ, Жаным Борис ейр, ищхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм къыщывгъуэтынущ. Езыр адыгэгу-адыгэпсэрэ и IэщIагъэм хуэIэижьу абы щылажьэ Безыр Ленэ фIыщIэшхуэ худощI ди къэлъыхъуэныгъэхэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 16:19 →
ЦIыхухэр зыщIегъэгупсысыж
03.09.2026 - 16:44 →
Благъуэт хьэмэрэ варант?
02.09.2026 - 12:08 →
ГъащIэр цIыхухэмкIэ къегъэлъагъуэ
02.09.2026 - 12:07 →
Гюлибик
01.09.2026 - 16:02 →
Да Винчи Леонардэ и Iуэтэж кIэщIхэр
| ||




