Мамырыгъэм щIэбэнхэм я дэIэпыкъуэгъуу

КъБР-м и Музыкэ театрым щIышылэм и 16-м щекIуэкIащ «СВОих не бросаем» концертыр, мамыр гъащIэм щIэбэн щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъун папщIэ къызэрагъэпэщар. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек я дэIэпыкъуэгъуу, ар къызэрагъэпэщащ Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитетыр къызэрыунэхурэ илъэситI зэрырикъум и щIыхькIэ. Концертыр ирагъэкIуэкIащ Берд Хьэмидрэ Лыкъуэжь Маринэрэ. 
Пшыхьым ирагъэблэгъащ КъБР-м и Правительствэм и лэжьакIуэхэм ящыщхэр, щIыналъэм и депутатхэр, Урысей гвардием и Управленэм и лIыкIуэхэр, зи гугъу тщIа комитетым къыдэлажьэхэр, дзэ Iуэху хэхам щыIа щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, республикэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща комитетым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Ореховэ Каринэ зэхыхьэр къыщызэIуихым фIыщIэ яхуищIащ псэемыблэжу Хэкум, къэралым къыщхьэщыж, лIыхъужьыгъэ зезыхьэ щIалэхэм икIи къыхигъэщащ икIэщIыпIэкIэ ТекIуэныгъэр къахьу зауэлIхэр я унэм къагъэзэжыну зэрыщыгугъыр. Абы жиIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм пщIэ зэрахуэфащэр икIи абыхэм я унагъуэхэм зыщIагъэкъуэн и лъэныкъуэкIэ дяпэкIи яхузэфIэкI къызэрамыгъэнэнур.
- Къэралым и къару нэхъыщхьэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэрщ! Мамыр гъащIэм, щIэблэм я пщэдейм нобэ щIэбэнхэм пщIэ яхуэщIыным теухуауэ фи щIыналъэм щекIуэкI пшыхьым сызэрыхэтыр хуабжьу си гуапэщ! Къэрал мыхьэнэ зиIэ пщэрылъ зыгъэзащIэ зауэлIхэм дазэрыкъуэтыр, абыхэм унэм дазэрыщыпэплъэр, ахэр зэманым и лIыхъужьу къызэрытлъытэр зыхащIэн хуейщ. ТекIуэныгъэр къэтхьынущ! – жиIащ Ингуш Республикэм и Сунжи къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дзязиков Муса. 
«Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед фIыщIэ яхуищIащ пшыхьыр къызэзыгъэпэща комитетым хэтхэм, дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэми абыхэм я унагъуэхэми зэрадэIэпыкъум папщIэ. Апхуэдэу дзэ Iуэху хэхам щыIэ зауэлIхэм я анэхэм фIыщIэ яхуищIащ Хэкум и хъумакIуэ нэс, щапхъэ зытрах щIалэхэр зэрагъэсам папщIэ.
- УФ-м и Президентым 2025 гъэр Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсу игъэуващ. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур мы гъэм дгъэлъэпIэнущ. Ди зауэлIхэм я лIыгъэм и фIыгъэкIэ совет цIыхубэр фашизмэм текIуащ, Европэр, дуней псор къыIэщIахащ нацизмэм. Ноби ди зауэлIхэр нацизмэмрэ фашизмэмрэ пэщIэтщи, мы илъэсым дзэ Iуэху хэхам ТекIуэныгъэр къыщахьу ди щIалэхэр узыншэу я унагъуэхэм къекIуэлIэжыну сынывохъуэхъу!
Пшыхьым щагъэлъэгъуащ дзэ Iуэху хэхам зи бын хэкIуэда анэхэм я сурэтхэр. Апхуэдэу экранымкIэ къатащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я нэIэ тезыгъэтхэм фIыщIэ къызэрыхуащI псалъэхэр. 
Урысей гвардием и оркестрым къызэIуиха пшыхьым пащащ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэу Хьэрэдурэ Динэ, Сокъур Ольгэ, ЦокIыл Азэмэт, ПащIэ Маринэ, ДыщэкI ФатIимэ, Газаев Алим, Габуевэ Зухра, Текуев Амур, Тепеев Алим, ЦIагъуэ Арсен, Сэралъп Марьянэ, Жыгун Эдуард, Холамханов Къайсын, Хьэтыхъу Вадим, Смолинэ Татьянэ, Кадыровэ Джанитэ, Шагъыр Астемыр, Тхьэкъуахъуэ Къантемыр, Занкишиев Марат, Насып Астемыр, Альборэ Марат, Теунэ Джэмал, ЗекIуэрей Ренат, «Гармония», «Арабеск», «Вдохновение-Фантазия», «Терские казаки», «Джамрат» ансамблхэм. КъыжыIапхъэщ, гъунэгъу щIыналъэхэм щыщ артистхэми пшыхьыр зэрагъэдэхар. Смолинэ Татьянэ игъэзэщIа, композитор икIи продюсер Фадеев Максим зауэлI хэкIуэдахэм теухуауэ итха «Журавли» уэрэдыр щыжиIэм, зэхуэсахэр щыту едэIуащ. 
Ореховэ Каринэ зэхыхьэм дамыгъэ лъапIэхэр (медалхэр, орденхэр, фIыщIэ тхылъхэр) щаритыжащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм медицинэм и лэжьакIуэ ядэIэпыкъухэм, уIэгъэ хъуахэр зэуапIэм къишыжынымкIэ закъыщIэзыгъакъуэхэм, республикэм и волонтёрхэм. Дохутырхэм язщ мотострелковэ полкым и фельдшер Жашуев Аслъэн. 
«Хэкум и зауэлIхэм я унагъуэхэм я комитет» IуэхущIапIэм и унафэщI Белеховэ Юлэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ и лэжьэгъухэм, концертым хэтхэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ фIэхъус гуапэ къахуигъэхьащ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбеки фIыщIэшхуэ къыхуищIащ, я жэрдэмыр къазэрыдиIыгъам папщIэ.
Комитетым илъэситIым къриубыдэу лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихар, Iуэху 90-м нэблагъэ къызэрызэригъэпэщар, тонн 385-рэ зи хьэлъагъ ерыскъыхэкIрэ хьэпшыпрэ ди щIалэхэм зэрыхуригъэшар къыхэгъэщыпхъэщ. ЗауэлIхэм я унагъуэхэм къищынэмыщIауэ, комитетым и нэIэ ятригъэтщ сабий адэ-анэншэхэр щапI, жьы хъуахэм щакIэлъыплъыжхэм щыIэхэм, зауэлIхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж сымаджэщхэм. Комитетыр дэIэпыкъуэгъу мэхъу зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ юрист Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ, дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда щIалэхэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ я гуауэм узыфэ къахухэмыкIыу ящыгъэпсынщIэнымкIэ. Волонтёрхэм хэкIуэдахэм я бынхэм папщIэ зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщ. Псалъэм папщIэ, «Букет маме героя» фIащауэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я анэхэм удз гъэгъахэмрэ медалхэмрэ ират, щапхъэ зытрах бын зэрагъэсам папщIэ. ТекIуэныгъэр къэгъэблэгъэным, цIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и IуэхукIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: