УахътыншэЗэгуэр цIэрыIуэу щытащ адыгэ джэгуакIуэхэр. Абыхэм папщIэ Горький Максим итхыгъащ: «Кавказым, Къэбэрдейм, джэгуакIуэхэм - цIыхубэм я усакIуэ екIуэлIапIэншэхэм - ущрихьэлIэу зэрыщытрэ куэд щIакъым. Мис абыхэм ящыщ зым и къалэнымрэ и къарур здынэсымрэ къызэриIуэтэгъар: «Сэ зы псалъэ закъуэкIэ, - жиIащ абы, - къэрабгъэр хахуэ, цIыхубэм къащыж сощIыф, дыгъум и хьэлыр зыхызогъэн, цIыху сощIыж, напэншэр си пащхьэ къиувэфынкъым, икIагъэми фIеягъэми сэ срабийщ…» Зи псалъэм апхуэдиз пщIэ иIа, зи усэм апхуэдиз къару бгъэдэлъа пасэрей адыгэ усакIуэхэм я иужьрей щIэблэм къыхэхъукIащ ПащIэ Бэчмырзэ. Бэчмырзэ и усэм ихъумащ адыгэ джэгуакIуэ цIэрыIуэхэм ябгъэдэлъа художественнэ къарумрэ дахагъымрэ, гуащIэмрэ къабзагъэмрэ. Бэчмырзэщ пасэрей адыгэ усэм и шыфэлIыфэр, и хабзэхэр, и щапхъэ гъуэзэджэхэр ди деж къэзыхьэсар. Ар сыт хуэдэ щапхъэми щынэрылъагъущ М.Горькэм и псалъэм. Бэчмырзэ и усэри апхуэдабзэу гуащIэу, къабзэу, гущIэм зыпхидзу зэрыщытыр хэт дежкIи нэрылъагъущ. Нэрылъагъущ а усэр лIэщIыгъуэ Iэджэм къапхыкIа акъылкIэ зэрыгъэнщIар, абы адыгэбзэ шэрыуэр зэридамэр. Адыгэбзэм и IэфIыпIэмрэ и къарумрэ къыщIэзыгъэлъэф, абы хэлъ шэрыуагъэмрэ гуащIэмрэ телъыджэу зыгъабзэ усакIуэщ ПащIэ Бэчмырзэ. Арагъэнщ абы и усыгъэхэр цIыхубэу щIэх дыдэ япхъуатэу щIыщытар: абыхэм я нэхъыбэр цIыхум гукIэ ящIэ, уеблэмэ псалъэжь, псалъэ шэрыуэ хъужауэ къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ щIыхьрэ лъапIэныгъэкIэ цIыхубэр дэтхэнэми хуэупсэркъым. Апхуэдэр зи натIэ хъур, апхуэдэ насыпыр зыхэзыщIэр цIыху цIыкIум и гущIэм къипсэлъыкI усакIуэрщ. Шэч хэлъкъым ПащIэ Бэчмырзэ апхуэдэ усакIуэхэм - лъэпкъым и щIасэ усакIуэ щэджащэхэм зэрыщыщым. ПащIэ Бэчмырзэ и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ усэри гъэнщIащ гъуэгуанэ кIыхь зэпызыча, гъащIэм и гугъуи и IэфIи зыхэзыщIа, художественнэ псалъэм и къарур зи гущIэм зыпхидза цIыхум и акъылрэ и гупсысэкIэ. Пасэрей усакIуэхэм къызэранэкIа хабзэ-бзыпхъэхэм я закъуэкъым Бэчмырзэ и усэм гъуазэ хуэхъуар. Шэч зыхэмылъыжщ ПащIэм и усэр зэрыбжьыфIэр ди лъэхъэнэм и нэпкъыжьэхэр, дамыгъэхэр, щапхъэхэр ару зэрыщытым. Бэчмырзэ ахэр щIэрыщIэу егъэпсыж, усэм и дэтхэнэ пкъыгъуэри зэманым щыпашэ гупсысэхэр Iуэтэным хуеузэд. Аращ ПащIэм и усэр нобэм щIиблагъэ дыдэр; ар я нэхъ усэ «щIэрыпсми» къарурэ дахагъэкIэ поуэ, я нэхъ «зыкъизых» фащэхэми фагъуэ щIэхъукIыркъым. АркъудеймкIи нэрылъагъущ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ художественнэ Iэмэпсымэхэм нэмыплъ епт зэрымыхъунур, IэкIуэлъакIуэу къэбгъэсэбэпмэ, ахэр нобэм и купщIэр къриптIэщIынкIэ Iэмал гъуэзэджэу зэрыщытыр. Бэчмырзэ и усэм и пщIэмрэ и мыхьэнэмрэ щыплъытэкIэ, зыщыгъэгъупщэн хуейкъым ар цIыхубэм и гущIэлъапсэм къипсэлъыкI, абы и гукъеуэмрэ гуауэмрэ куууэ зыхэзыщIэ, IупщI дыдэу зыIуэтэф усакIуэу зэрыщытар. Апхуэдэ усакIуэм и гур зэи мыужьых мафIэщ, зи бзийр зэи мыункIыфI, зи хуабэр зэи мыкIуасэ нэхугъэщ, сыту жыпIэмэ ар езы цIыхубэм игущи. ЦIыхубэм и гур нэщI щыхъуа къэхъуакъым, ар сыт щыгъуи гънщIащ угъурлыгъэрэ дахагъэкIэ, IэфIыгъэрэ къабзагъэкIэ. Пасэу къыщыушащ Бэчмырзэ и гущIэм япэ пшыналъэр. УсакIуэм хуэзэу щыта гуэрым Бэчмырзэ мыр къыхуиIуэтэжыгъащ: «…Ар къызэрыхъурэ куэд щIащ, сэ хъыджэбзщ гуэр фIыуэ слъагъурт… сэ сыкъулейтэкъым, хъыджэбзыр унагъуэ къулей къыхэкIат. Сылъыхъури, къызатакъым… Къесхьэжащ, арщхьэкIэ страхыжащ. СыбампIэу щIэздзащ, си щхьэм мыгъуагъэ хуэсхьыжащ… Махуэ гуэрым, бампIэм сиубыдауэ, кхъэм сихьащ, дунейм ехыжа си шыпхъум и кхъащхьэм зытезубгъуэри сыгъыурэ сыIурихащ…Пщыхьэщхьэ хъуауэ сыкъызэщыури-зэрыхъуари сщIэркъым - гъыбзэ сыусу сыхуежьащ…» Бэчмырзэ и закъуэтэкъым бампIэр - бампIэм ихьырт усакIуэм и жыIауэ, «къыр дурэшхэм лъапцIэрыщэу дахуэжа» гуащIэрыпсэухэри. Абыхэм я губжьымрэ бампIэмрэ Iуэтэнырщ Бэчмырзэ и усэр къызэрыдэушар. Гъуэгуанэшхуэ зэпичащ а усэм, лIыныбжь и нэгу щIэкIащ. ГъыбзэкIэ къыщIидзэри, Бэчмырзэ и усэр нэсащ цIыхубэм я гупсысэ жаныр щыхъуэпскIа зэман телъыджэм. ГъыбзэкIэ абы иIуэтащ гъащIэм и дыджыр зыгъэв мэкъумэшыщIэм и гуауэр, и дуней Iыхьэр. Бэчмырзэ и усэм адыгэ мэкъумэшыщIэхэр бэнэныгъэ гуащIэм хуриджащ: Iэщэр зыузэдым Нобэр и лIэщIыгъуэщ, - еущий цIыхубэр усакIуэм. Бэчмырзэ и усэр гъэнщIащ езыр зыщыпсэуа дунеймрэ зэманымрэ я пэжыпIэкIэ. ЛIыныбжь къэзыгъэщIа усакIуэ щэджащэм и нэгу щIэкIащ мэкъумэшыщIэ къулейсызым и дуней Iыхьэр, и щхьэкIэ игъэунэхуащ а дунейр IэфIрэ дыджрэ. Пасэ дыдэу зыхищIащ абы лIыщIапIэм ит цIыху гуащIэмащIэм и «насыпыр». А «насыпым» къыдэушащ Бэчмырзэ и усэр.
Поделиться:
Читать также:
17.02.2025 - 15:40 →
Шхынымрэ узыншагъэмрэ
16.02.2025 - 10:01 →
Гукъеуэ гъащIэм хузимыIэ...
15.02.2025 - 12:28 →
ЩIалэгъуалэр ягъэгушхуэ
13.02.2025 - 16:40 →
УзыщIэхъуэпсын лъагапIэ
13.02.2025 - 15:39 →
Пушкиным и фэеплъхэр
|