ЗауэлIт икIи сурэтыщIтКъБАССР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Жэрыщты Аслъэнбий Хэку зауэшхуэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщигъэлъэгъуащ. Курыт еджапIэм зэрыщIэсрэ сурэт щIыным дихьэхауэ, илъагъу псоми сурэт къытрищIыкIырт: бгы уардэхэм, уафэ къащхъуэхэм, хъупIэм ит Iэщхэм, псыежэххэм, щIыуэпсым и дахагъэм. Аслъэнбэч Москва и художественнэ школым, Калининым и цIэр зезыхьэм щыщеджэм, Хэку зауэшхуэр къэхъеящ икIи езыр-езыру зауэм кIуащ, зэрыгурыIуэгъуэщи, гугъуехь куэди щишэчащ. И нэгу щIэкIа гузэвэгъуэхэр, псэемыблэжу бийм пэщIэт зауэлIхэр, Iэщэхэр, дзэ Iэмэпсымэхэр, нэмыцэ кхъухьлъатэхэр, нэгъуэщI куэди иужькIэ абы и сурэтхэм къыщигъэлъэгъуэжащ. Жэрыщты Аслъэнбэч Заполярием къулыкъу щищIащ, дзэ кхъухьым ису. Ар яхэтащ Портсамэ портыр хуит къэщIыжыным теухуауэ екIуэкIа зауэ гуащIэм, Норвегием и Киркенес къалэр хуит къэзыщIыжахэм. ТIэунейрэ уIэгъэ хьэлъэ хъуати, Тенджыз флотым адэкIэ къулыкъу щрагъэщIэжынутэкъым, ауэ зауэм Iутхэм къыхагъэкIыжакъым. Курск, Орёл къалэхэм щызэуащ, Кёнигсберг и деж ТекIуэныгъэм щыIущIащ. Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ къыхуагъэфэщащ «За боевые заслуги» орденыр. 1947 гъэм Кавказым къигъэзэжащ. А илъэс дыдэм Саратов къалэм и Художественнэ училищэм щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэхэр иIэу къиухащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым и художникыу лэжьащ Аслъэнбий. ИужькIэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хыхьэри, РСФСР-м и художественнэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм щылэжьащ. Жэрыщты Аслъэнбий 1995 гъэм дунейм ехыжащ. Ар къэзыцIыхуу щытахэм, и лэжьэгъухэм, и ныбжьэгъухэм, благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ ящыгъупщэркъым хузэфIэкI ищIэу дунейм тета сурэтыщIыр, и лэжьыгъэ телъыджэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ.
Поделиться:
Читать также:
16.01.2026 - 18:32 →
Мысачэ Верэ и гуащэхэр
16.01.2026 - 17:30 →
Уэтэр Анатолэ ящыгъупщэркъым
16.01.2026 - 11:33 →
Сэр нэхъ дахи уэ бгъуэтынщ
16.01.2026 - 11:30 →
Сымаджэм и узыр щагъэгъупщэрт
15.01.2026 - 11:18 →
Ди каналым фыдогъэблагъэ
| ||




