Макъамэм зи лъагъуэ щыхэзыша композитор
ЗэрыцIыкIурэ макъамэм дихьэха щIалэр илъэсибл щыхъум Музыкэ школым щIэтIысхьэри фортепианэмрэ гитарэмрэ хуеджащ. Илъэс I4 щрикъум ар и зэфIэкI щеплъыжат Урысей Ипщэм и концертмейстер ныбжьыщIэхэм я етIуанэ зэпеуэм икIи саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьат. Илъэс дэкIри, дипломант щыхъуащ пианистхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Макъамэ гъатхэ-2001 гъэ» зэпеуэм. ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и композитор, фортепианэ къудамэхэр 2009 гъэм диплом плъыжькIэ къиуха нэужь, Къэбэрдокъуэм и щIэныгъэм щыпищащ Санкт-Петербург Римский-Корсаков Н. А. и цIэр зезыхьэ и консерваторием и аспирантурэм. Студенту щыщыта илъэсхэми Мурат зэхьэзэхуэ куэдым и зэфIэкI щеплъыжащ икIи зэпымыууэ абыхэм бжьыпэр щиубыдащ. Псалъэм папщIэ, ар щытекIуащ Урысейм и композиторхэм я «Партитура» зэпеуэм и «Киномузыка» лIэужьыгъуэм. Зыхуигъэувыж къалэнхэр зэгъэхъулIэным сыт щыгъуи ерыщагърэ тегушхуэныгъэрэ хузиIэ Мурат зыхыхьэ сыт хуэдэ Iуэхури зэригъэдахэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къэбэрдокъуэм и зэфIэкIым и лъагагъыр къызэралъытэ пщалъэщ макъамэмкIэ дунейпсо зэпеуэхэм абы и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зы Iэмал имыIэу щагъэзэщIэн хуейуэ зэрыхагъэхьар. Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрым и художественнэ унафэщI икIи дирижёр нэхъыщхьэ, Санкт-Петербург и къэрал консерваторэм и доцент Голиков Михаил зи унафэщI «Таврический» симфоние оркестрымрэ республикэм и радиожурналист Теувэжыкъуэ Марианнэрэ я гъусэу, Къэбэрдокъуэ Мурат итхащ «Симфония Кавказа» альбом купщIафIэр. Кавказым ехьэлIауэ адыгэ, балъкъэр, урыс композиторхэм ятхауэ щытахэр зэхуахьэсыжри, диски 5 хъууэ дунейм къытрагъэхьащ. Мурат къызэрилъытэмкIэ, хэкупсэу щIэблэр къэбгъэтэджынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а макъамэхэр курыт еджапIэхэм я дерсхэм къыщыбгъэсэбэп хъунущ. Голиковым зэрыжиIэмкIэ, ар адыгэ макъамэм дихьэхащ «Симфония Кавказа» щэнхабзэ проект иным хэта нэужь. Аращ дунейпсо щэнхабзэм и гъунапкъэщIэхэр къызэIухыным хуэгъэпса, адыгэ макъамэр зи лъабжьэ проектым пищэным маэстрэр тезыгъэгушхуари. Абыхэм зэдатхащ адыгэхэм я академическэ музыкэ щэнхабзэм и щапхъэу къалъыта «Черкесский альбом» симфониер. Илъэситху ипэкIэ Голиков Михаил къыхилъхьауэ и оркестрым и гъусэу Ленинград областым щригъэкIуэкI «Дым над водой» фестивалыр Кавказ Ищхъэрэми щрагъэкIуэкIащ. Оркестрым и къалэн нэхъыщхьэр урыс, дунейпсо макъамэ щIэинхэм цIыхубэр хэгъэгъуэзэнымрэ классикэ лэжьыгъэхэр фIыуэ егъэлъэгъунымрэщи, ар къохъулIэ. 2013 гъэм Голиков Михаил къыхуагъэфэщащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр, «Симфония Кавказа» щэнхабзэ проект иным папщIэ. Продюсер Тельнов Алексей и «Цурцула» проектым хыхьэу, Санкт-Петербург дэт «Лендок» студием 2016 гъэм «Клевер-квартет» камернэ оркестрым и гъусэу щатхащ «Псалъэншэ уэрэдхэр» аудиоальбомыр. Къэбэрдокъуэ Мурат пианинэм къригъэкI псалъэншэ уэрэдхэмрэ «Клевер-квартетым» хэтхэм къагъэщIа макъамэмрэ куэдым ягу дыхьащ. Мурат и IэдакъэщIэкI цIэрыIуэ хъуахэм ящыщу цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ «ОSТ-сюита», «Шэрджэс къафэхэр», «Бёрнс Роберт и псалъэхэр зыщIэлъ балладищ» макъамэхэр. ЩIалэр цIэрыIуэ ирихъуащ фильмхэмрэ театр теплъэгъуэхэмрэ яхуитха макъамэхэми. Сокуров Александр и «Франкофония. Лувр под немецкой оккупацией» фильмым 2015 гъэм хуитха макъамэр нэхъыфIу къыщалъытащ Венецием щекIуэкIа 72-нэ кинофестивалым. Нидерланд оркестрыр и гъусэу, Къэбэрдокъуэр абы Хильверсум къалэм щелэжьауэ щытащ. Мурат и концертхэм щегъэзащIэ а фильмым щыщ «Вальс» макъамэр. Ар утыку къыщрахьащ Торонтэ, Сан-Себастьян, Ниццэ щекIуэкIа кинофестивалхэм, Урысей кином и тхьэмахуэм хыхьэу. Апхуэдэу композиторым макъамэ хуитхащ «Огни большой деревни» (2016 гъэ), «Человек с киноаппаратом» (2017 гъэ), «Облепиховое лето» (20I8 гъэ), «Глубокие реки» (2018 гъэ) фильмхэм. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Санкт-Петербург щылажьэ ди хэкуэгъу композитор щIалэщIэр Налшык щIэх-щIэх къэкIуэжурэ концертхэр щет. И макъамэхэр зигу дыхьэхэр зэрыкуэдыр нэрылъагъуу, абы и пшыхьхэм куэд щызэхуос, ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэ пашэхэри яхэту. И концертхэр ягъэдахэ Санкт-Петербург и «Клевер-квартет» камернэ оркестрым и артистхэм. Ахэр скрипкэ еуэхэу Стародубцев Антон, Шмелевэ Екатеринэ, альт еуэ Баринов Борис, виолончелым хуэIэзэ Ботвин Игорь сымэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Къэбэрдокъуэ Мурат мы гупым зэрыдэлажьэр, концертхэр зэгъусэу зэратыр, Iуэху щхьэпэхэр зэрызэдащIэр. - Илъэсибгъу щрикъум «Сосрыкъуэ и пшыналъэр» Мурат къысхуихьауэ зэрыщытар сигу къинэжащ. Иджыри къыздэсым си гъэсэным макъамэу итхам хуэдиз языныкъуэхэм я гъащIэ псокIэ ятхыфыркъым. Адыгэ макъамэм, дунейпсо щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщI адыгэ щIалэм зэфIэкIышхуэ зэриIэр гуапэщ. Тхьэр таланткIэ зыхуэупса Мурат сызыхунэмыса Iуэху куэдым зэрыпищэм срогушхуэ, - жеIэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. Урысейм и щэнхабзэ къалащхьэу къалъытэ Санкт-Петербург илъэс зыбжанэ хъуауэ Мурат щыпсэуми, зыхэтым яхэшыпсыхьакъым. Ар ди щIыналъэм гукIи псэкIи пыщIащ, и лэжьыгъэхэми адыгэ щэнхабзэм ижь къащIихуащ, зыхэтхэм и адыгагъэмкIэ къахощ, и анэдэлъхубзэр дахэу егъэшэрыуэ. Гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI щэнхабзэ зэхыхьэхэми Къэбэрдокъуэр жыджэру зэрыхэтыр, и IэдакъэщIэкI макъамэкIэ и хэкуэгъухэр зэригъэгуфIэр, зэригъэгушхуэр. Макъамэ щэнхабзэм лъэ быдэкIэ хэува, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI къэрал куэдым концертхэр щитыну ирагъэблагъэ, Урысейм и щIыналъэ куэдым «Таврический» международнэ симфоние оркестрымрэ Санкт-Петербург и «Клевер-квартет» оркестрымрэ я гъусэу пшыхь гукъинэжхэр щызыт, зи ныбжьыр илъэс 35-рэ ирикъуа адыгэ щIалэм и вагъуэр макъамэ гъуазджэм нуру щоблэ, апхуэдэ щIэблэ зиIэ лъэпкъыр дызэрыузыншэм, ди къэкIуэнур зэрыдахэм и нэщэнэу. Зи мурадхэр ерыщу зэзыгъэхъулIэф щIалэ жыджэрым адыгэ макъамэр дуней псом зэрыхихьэр гуапэ тщохъу. ЩIалэр зэрыадыгэгур къэзыгъэлъагъуэ и псалъэхэмкIэ сухынут мы тхыгъэр. - Къэбэрдей-Балкъэрым щыпсэу куэдым я анэдэлъхубзэр IэщIыб зэращIыр, хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ зэрыхуамыщIыр нобэ узыгъэгузавэщ. НэгъуэщI лъэпкъым щыщ щхьэгъусэ схуэхъуами, си бынхэм Iэмал имыIэу адыгэбзэр яIурылъу къэзгъэхъунущ, - жеIэ Мурат. – Дэнэ щIыпIэ ущыпсэуми, ухущIэкъумэ, анэдэлъхубзэр пхуэхъумэнущ.
Поделиться:
Читать также:
17.02.2025 - 15:40 →
Шхынымрэ узыншагъэмрэ
16.02.2025 - 10:01 →
Гукъеуэ гъащIэм хузимыIэ...
15.02.2025 - 12:28 →
ЩIалэгъуалэр ягъэгушхуэ
13.02.2025 - 16:40 →
УзыщIэхъуэпсын лъагапIэ
13.02.2025 - 15:39 →
Пушкиным и фэеплъхэр
|