Псом нэхърэ нэхъыщхьэрДэтхэнэ къэралми и дежкIэ мыхьэнэ ин иIэщ и дзэм и лъэщагъым. Абы куэдкIэ елъытащ нэгъуэщIхэр къазэрыхущытри, абыхэм я деж щиIыгъ увыпIэри. Пасэрей дунейм тетащ лъэкIыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа, куэд зыхузэфIэкIа къэралхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, алыдж жылагъуэхэм ящыщ Македонием и пащтыхь Александр дунейм и зэхуэдитIыр къизэуауэ щытащ. АрщхьэкIэ икIэм-икIэжым ахэр щIэувэн хуей хъуащ Рим империем и жьауэм. Сытыт атIэ абы и къарур къызыхэкIыр? КъызэрыщIэкIымкIэ, а упщIэм и жэуапыр къызэрыгуэкIщ- ткIиягъырщ, щхьэтечу жыпIэмэ, дисциплинэрщ. Арат урымхэр лIыгъэ куэд зезыхьа алыджхэм къащхьэщызыгъэкIыр. Абы щхьэусыгъуэ иIэт-иужьрейхэр къызыхэхъукIар. НаIуэу зэрыщытщи, алыджхэр «демократие занщIэм» тет къалэ-къэралхэм щыпсэуащ: утыкум щызэхуэсырти, цIыхухэм хахырт я Iуэхухэр зезыхьэну къулыкъущIэхэр, дзэзешэхэр, н.къ. ГурыIуэгъуэт щхьэхуитыныгъэмрэ зэхуэдэныгъэмрэ я хабзэхэм зэрыщIапIыкIар. Iэщэ къыщащтэкIи абыхэм я унафэщIхэм, уеблэмэ, дзэзешэхэм (стратегхэм) нэхърэ нэхъыкIэу зыкъалъытэжыртэкъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, къыхуащI унафэм емыдаIуэми хъурт икIи къыхуэгъурт. Хэбгъэзыхьмэ, зэуапIэр къигъанэрэ къыщIэпхъуэжами, абы тезыр щытралъхьэнур иужькIэт- и хэку къэкIуэжу утыкум цIыхухэр щызэхуэсмэт. Пэжщ, Спартэм дисциплинэр хэпщIыкIыу щынэхъ лъагэт. Ауэ ар къызыхэкIыр тезырым щышынэу аратэкъым, атIэ зыщIапIыкIа гъэсэныгъэрт (нэхъыжьым жиIэм едэIуэным, зыр зым дэIэпыкъуным, н.къ.). Спартэм и пащтыхьхэу зекIуэ щежьэхэм я деж дзэм и Iэтащхьэу ягъэувхэр хуитт зауэлIым тезыр тралъхьэну. А зэхэуэхэр щекIуэкIкIэ хуащIа унафэр имыгъэзэщIамэ, къыщIэпхъуэжамэ, абыхэм ещхь гуэрхэр илэжьмэ. Ауэ нэгъуэщIхэм деж (щыIэпхъуэкIэ, зыщагъэпсэхукIэ, зыщагъасэкIэ) апхуэдэ хуитыныгъэ ябгъэдэлътэкъым. Абы щыгъуэми, зекIуэ кIуахэм я зэманым и нэхъыбэр зытекIуадэр ахэрат. Македонием и дзэм щытыкIэр куэдкIэ щынэхъыфIт, ауэ абыи щыщIэныгъэ мымащIэ хэлът. Урымым Iуэхухэр щынэгъуэщIт. Алыджхэр бгылъэ щIыпIэхэм, узэкIуэлIэну гугъу хытIыгу цIыкIухэм щыпсэурти, щIыуэпсми зыгуэркIэ къихъумэрт, ауэ щIыпIэ зэIухар зи хэщIапIэ икIи къепхъуэну сыт щыгъуи хьэзыр лъэпкъхэм къаухъуреихьа урымхэр езыхэм я щхьэхэм фIэкIа зыщыгугъын яIэтэкъым. Аращ ткIиягъыр щIытепщэу щытар. Къызэрыунэхурэ, Урымыр псэуащ зэхуэса зауэлI гупым хуэдэу. Властыр гъущIым хуэдэу быдэн, дисциплинэр ткIиин, бийм узэрыхущытым хуэдэ дыдэу уэ езыри узыхущытыжын-апхуэдэ хабзэхэрат абы щызекIуэхэр. Урымхэм я деж къыщежьащ «империум» псалъэр, аращ «императорыр» къызытехъукIыжари. КъикIри дзэзешэм власть гъунапкъэншэ бгъэдэлъу аращ. Апхуэдэ пщIыхьэпIэуи ялъэгъуакъым пасэрей алыджхэм. «Империумыр» къыIэрыхьэу зекIуэ ежьа дзэзешэм IэщIэлът зауэлIым и гъащIэри ажалри. Тезыр ткIийхэр зыпэкIуэ къуаншагъэхэр куэдт. Унафэр игъэзэщIэн имыдамэ, зэуапIэм къыIукIуэсыкIамэ, укI къилэжьырт. Зи къалэн зыгъэзащIэ къэрэгъулыр жеямэ, псэужынутэкъым. Абы и гъусэу дунейм ирагъэхыжынут фIэгуэныхь хъууэ и къуаншагъэр щIэзыуфэ центурионри (сотнэм и унафэщIри). Гупышхуэ зэрыгъэхъуу зэуапIэр ябгынамэ, дэтхэнэ епщIанэри яукIырт, пхъэидзэ ящIырти. Уеблэмэ, хъыбарыжь къэнащ илэжьа къуаншагъэм папщIэ къуэ закъуэм и щхьэр палъэну унафэ зыщIа консул Торкват Манлий теухуауэ. ПцIыи пэжи. Ауэ апхуэдэ хъыбар алыджхэм я деж ауэ жыжьэуи ущрихьэлIэркъым. Дэтхэнэ хъыбарыжьми ухегъэгъуазэ зыхуэгъэза зэманым щыIа щытыкIэм. ИщхьэкIэ жытIа псоми къагъэлъагъуэ зытета ткIиягъым и фIыгъэкIэ Рим империер лъэщ дыдэ хъуауэ зэрыщытар. Дауи, абы щызекIуа хабзэхэм ящыщ куэд къезэгъыжыркъым, арщхьэкIэ гурыIуэгъуэу къэнэжащ дисциплинэр зыхуэдэм сыт хуэдэ дзэми и къарур зэрелъытар. Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться:
Читать также:
12.01.2026 - 17:25 →
ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ яхэлъу
03.01.2026 - 15:52 →
Илъэс минхэм я кIыхьагъкIэ
02.01.2026 - 12:45 →
Мэкъупс - Ныджэкъуэ - Псыущхъуэ
25.12.2025 - 10:08 →
Пащтыхь цIэрыIуэхэр
24.12.2025 - 16:31 →
ЖиIэмрэ ищIэмрэ зэтехуэу
| ||




