ЩIалэ лъэужьыфIэ

КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ХьэхъупащIэ Амырхъан ДжэбрэIил и къуэр дунейм зэрехыжрэ илъэс мэхъу. УсакIуэ, тхакIуэ, джэгуакIуэ цIэрыIуэу щыта ХьэхъупащIэ Амырхъан и къуэрылъхум и къуэт Амырхъан. Адэшхуэм и цIэр зыфIащыжа щIалэ цIыкIум хузэфIэкIащ абы и лъагъуэм ирикIуэн, адыгэ щэнхабзэм хузэфIэкI хилъхьэн, абы зэрихьа щIыхьыцIэм хуэдэ къилэжьыфын, адэжь щIэиныр ихъумэу адыгэ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэувэн. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а гъуэгур кIыхьакъым. Илъэс 44-рэ къудейщ Амырхъан нэхъыщIэм къигъэщIар, ауэ и цIэр тхыдэм къыхинащ, цIыхубэм ягу къринащ.

Псоми ягу ирихьырт шыкIэпшынэр иIыгъыу игъэзащIэ адыгэ уэрэдыжьхэр, апхуэдэ дыдэуи иджырей макъамэ Iэмэпсымэхэм щIэту уэрэд дахэхэр игъэзащIэрт. Абы бгъэдэлъ зэчийм и фIыгъэкIэ ихъумащ икIи зригъэужьащ и адэшхуэм и адэм я щIэин лъапIэр. ХьэхъупащIэ Амырхъан нэхъыжьым и цIэр куэдрэ жригъэIащ езыр къыдэкIуэтея нэужьи. Адэшхуэм хуэщ къуэфIу дунейм тетащ ар. Лъэныкъуэ зыбжанэу зэтепщIыкIырт абы и творчествэр. Илъэс 20-м щIигъукIэ щылэжьа Музыкэ театрми гуащIэшхуэ къыщIинащ.

Езыр къызыхэкIар унагъуэ дахэт, иухуари нэхъ дахэжт. Зэшыпхъуищымрэ адэ-анэмрэ я напщIэ телът щIалэ закъуэр, иригушхуэрт абы и зэфIэкIым, я гур хигъахъуэрт и гумащIагъым. Дэлъху закъуэм хуаIэ лъагъуныгъэр адыгэ псоми дагуэшырт зэшыпхъухэм. И пщащитIымрэ зы щIалэмрэ адэ гупцIанэ яIэт, унагъуэм ятеубгъуат, дэтхэнэ зым щхьэкIи и псэр итыфыну хьэзэрт. «Зэшыпхъухэм къытхуэгумащIэт, и бынхэр, щхьэгъусэр зыпищI щыIэтэкъым, адэ-анэм хуигъадэ щыIэххэтэкъым», - жеIэ Амырхъан и шыпхъу Оксанэ. – КIыхьу утепсэлъыхьыфынущ си дэлъхум, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым хуэIущт, къызыхэкIар иIэтыну, къыдалъхуахэр игъэгушхуэну фIэфIт. Хэкупсэт, лъэпкъыпсэт, уэрэдыжьхэр игъэзэщIэныр зыпищI щыIэтэкъым. Щэнхабзэм, гъуазджэм щыпхиша гъуэгури къыщежьэр, шэч хэмылъу, ди адэшхуэм и дежщ, езыр къыщалъхуа Псынабэ къуажэрщ. Япэ дыдэу, езыр иджыри студенту, ди къуажэм гупжьей къыщызэригъэпэщри, сабийхэр шыкIэпшынэм хуигъэсащ, ахэр уеблэмэ Тыркум ишауэ щытащ. Апхуэдэуи уэрэд хуиусащ ди жылэм».

ЖиIэжыни, и нэгу къыщIигъэхьэжыни, и гур къигуфIыкIыу къызэрыбдэгуэшэни я куэдщ Оксани адрей и шыпхъухэми, ауэ ар зэрамыIэжым иджыри емыса гур къызэфIонэ, нэпс къыфIокIуэ, къатепсыха гуауэм хегъащIэ.

Амырхъан дунейм зэрехыжар апхуэдэ дыдэу къатохьэлъэ щэнхабзэ утыкум къыдита и ныбжьэгъухэм, IэщIагъэкIэ къуэш хуэхъуахэм. Псоми зэщхьу жаIэр зыщ: блэкIа зэманым иту дытепсэлъыхьыфкъым ХьэхъупащIэ Амырхъан. Ауэ цIыхур псэущ и цIэр жаIэху…

Хьэмырзэ Ахьмэд: Амырхъан и цIыху щIыкIэм, и дуней тетыкIам утепсэлъыхьыну гугъущ. Апхуэдэу гуащIэ дыдэу лъэпкъ Iуэхур зыхэзыщIэ бгъуэтынутэкъым. Абы сыдеджа къудейкъым, ар икIи си ныбжьэгъут, дызэхуэмызэм дызэхуэзэшу, къэдэхъулIаIамэ зэдэдгуэшу. Адыгэ лъэпкъым и мызакъуэу дунейм цIыхуу тетым щапхъэ яхуэхъун куэд дэслъагъуу сыкъыдэгъуэгурыкIуащ Амырхъан. Ар цIыху хьэлэлт. ЦIыхуфI къудейуэ аратэкъым, хьэлэлт. ЦIыхуфIыр иIэмкIэ къыбдэгуэшэнущ, ауэ цIыху хьэлэлым имыIэми, къигъуэтынурэ къыпхуищIэнущ ухуэныкъуэу ищIэмэ. Апхуэдэт Амырхъан, и Iыхьэр уигъэшхынут.

Япэ махуэм щегъэжьауэ АхьмэдышхуэкIэт къызэрызэджэр, сэ АмирчиккIэ седжэрт. ЗэрысцIыхуа зэманым къриубыдэу зэи зихъуэжакъым, нэхъыфIу хэлъым хигъахъуэу, зригъэужьу фIэкIа. Апхуэдиз ныбжь фIэкIа къэзымыгъэщIам къигъэна Iэужьым уегупсысмэ, лъэпкъ псом ди дежкIэ хэщIыныгъэшхуэщ ар зэрытфIэкIуэдар.

«Шагъдий» уэрэдым и япэ нотэр зэхэпхамэ, уи нэгу къыщIыхьэр адыгэ фащэ зыщыгъ щIалэ къамылыфэ къекIурщ. Лъэпкъым хуищIэр фIэмащIэу псэуащ ар. Иужьрей илъэс 20-р къэсщтэнщи, ар зыхэмыт адыгэ Iуэху сыхыхьакъым. Сыт хуэдэ лъэпкъ Iуэхури игъэдахэрт абы. Ди цIыхушхуэхэм хуащI фэеплъ пшыхьхэм сыт щыгъуи хэтт. Ар щомылъагъу зэхыхьэм зыгуэр къыхуэту къыпщыхъурт. Республикэми, гъунэгъу хэгъуэгухэми, хамэ къэралхэми нэсырт. Куэдри гъуэгу дызэдытехьащ, дэслъэгъуар щIалэфI хьэлщ. Ди гушыIэкIэр зэтехуэу, ди бзэр зэIурылъу апхуэдэт. Iуэху дыздыхэтарэ иуха нэужь, зым зыр дигу пымыкIыжу тIэкIу дызэбгъэдэсыжурэ дызэбгъэдэкIыжу арат. АпхуэдизкIэ цIыхуфIти, езым ещхьу лъэпкъ Iуэхум хуэлажьэу зи цIэр жимыIэрэ, зи Iуэху дэкIыну хуэмейрэ, имыгъэгушхуэрэ щыIэтэкъым.

ГуфIэгъуэ Iуэху къыдахарэ чэнджэщкIэ зыкъыхуагъэзамэ, «фызыхуейхэр къевгъэблагъэ» жиIэу зэфIигъэкIыртэкъым, а Iуэхур нэхъыфI дыдэу зэфIэзыхынухэр, нэхъ зыгъэдэхэнухэр къахуришэлIэнут, и кIэм нэси хэтынут. Апхуэдэ цIыхум нэхъыщхьэу сэ хужысIэфынур сыт? Жэщи махуи лъэпкъым хуэлэжьащ жысIэмэ, сыщыуэнукъым. Щыжеим дежи и щхьэр лажьэ хъунт, гупсысэ куэд щызэблэкI хъунт жысIэу согупсыс. И нэр къызэтрихамэ, цIыхум яхыхьамэ, фIы зэрахуищIэнум, лъэпкъым къызэрыхуэсэбэпынум и махуэр триухуэрт. ПкъыкIэ къытхэмытыжми, псэкIэ тщIыгъуу къысщохъу. Мы дунеижьыр щыIэху, лъэпкъыр псэуху Амырхъан фIыуэ, дахэу ищIар кIуэдыжынукъым.

Хьэкъул Оксанэ: Амырхъан сэрэ дызэдеджащ икIи дызэдэлэжьащ. Апхуэдэиз илъэс бжыгъэм ныбжьэгъу къудей мыхъуу, зэдэлъхузэшыпхъу дызэхуэхъуат. Си шыпхъум урещхьщ жиIэри, къыдалъхуахэри сигъэцIыхуауэ си нэIуасэт.  Ар дунейм зэрехыжар къызэхьэлъэкIащ жысIэмэ, пцIы супсынукъым. Гу къабзэт, псэ хьэлэлт Амырхъан. Хуабжьу зэчий ин бгъэдэлът. Уэрэд, макъамэ щызэхилъхьэкIэ, япэ дыдэу иригъэдаIуэхэм сащыщт. Сэ стхахэм къыщIэупщIэрти, и чэнджэщ IущхэмкIэ сиунэтIырт.

Абы и цIэм дунейпсо мыхьэнэ иIэу къызолъытэ, зы адыгэ Iуэхуи ар хэмыту къаIэтынутэкъым. Фащэр щыгъыу, шыкIэпшынэр иIыгъыу утыку къыщихьэкIэ Iэгуауэу хуаIэтым уи гур хигъахъуэрт, фIыуэ къалъагъурт цIыхубэм. Си щхьэкIэ сыхуэныкъуэщ и ныбжьэгъугъэми, уэрэд жыIэкIэми, гушыIэкIэ дахэми, дэлъху хуэдэу гуапагърэ хуабагъкIэ къызэрысхуэупсэу щытами.  

ЕмкIуж Андзор: Нобэ къыздэсым си фIэщ схуэщIыркъым Амырхъан къытхэмытыжу. Абы и цIэр къисIуэн хуей щыхъукIэ, иджыри псэум хуэдэущ сызэрытепсэлъыхьыр. Ар си гъусэщ иджыри, дяпэкIи си гъусэнущ. ЖиIам тебгъуэтэжу, ищIам щхьэкIэ жэуап ихьыжыфу, укъызэригъэгугъар игъэпэжу цIыху щыпкъэт. Нобэрей дунейм, цIыху фэрыщIхэр щытепщэ хъуам, Амырхъан хуэдэхэм ухуэмыныкъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Гугъут Амырхъан хуэдэу цIыху пэжу мы дунейм утетыну. ЛIыгъэшхуэу плъытэ хъунущ абы хэлъа хьэлыфIхэр. I997 гъэхэм къэсцIыхуат а щIалэри, зэпIэзэрыту, лъэпкъ Iуэхум жыджэру хэту, къызыхэкIа унагъуэр, лъэпкъыр игъэпэжу, ныбжьэгъугъэкIэ зыхуэдэ щымыIэу дунейм тетащ, бгъэдэлъа зэчийм лъэужьыфIи ищIащ.

Гуазэ Тимур: Амырхъан теухуауэ куэд пхужыIэнущ, дигу къэдгъэкIыжын куэди диIэщ. Дунейм зэрехыжрэ илъэс хъу щхьэкIэ, ар къызэрытхэмытым иджыри десакъым. Хьэлъэщ, гугъу дрегъэхь ди ныбжьэгъуфIыр дызэримыIэжым. Гулъытэ, гукъэкI зиIэ цIыху гуапэт Амырхъан. Ар ныбжьэгъу къудейуэ схужыIэнукъым, си къуэшу щытащ. Институтым сэ сыщIэсу ар къыщIэтIысхьати, занщIэу ныбжьэгъу дызэхуэхъуат, гъуэгуанэ куэд къызэдэткIуащ, ерыскъы куэд зэдэтшхащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, е фэжагъуэ къихьауэ, е псалъэ IейкIэ зыгуэрым игу еуауэ, е зыгуэрым и гъуэгу зэпиупщIыну хэтауэ къысхуэщIэжыркъым.

И утыку итыкIэм хуэдабзэт и дуней тетыкIэри, цIыху хэтыкIэ ищIэрт. Куэд зришэлIащ, зригъэцIыхуащ абы, цIыхуфI куэдым ягъэныбжьэгъут, нэгъуэщI IэщIагъэхэм пэрытхэри и цIыхугъэти, апхуэдэ куэдми нэIуасэ дахуищIырт. УнагъуэкIэ дызэкIэлъыкIуэрт, и адэ-анэр, къыдалъхуахэр соцIыху, шэчыгъуафIэ Тхьэм ящищI.

«ЦIыху дахэ» псалъэм лъэныкъуэу къызэщIебгъэубыдэ хъуну псори мыхьэнэуэ иIэри Амырхъан бгъэдэлът. ЩIэх-щIэхыурэ сигу къокI си къуэшыр, къызохьэлъэкI нобэ къызэрызбгъурымытыжыр.

НэщIэпыджэ Замирэ.

 

Поделиться:

Читать также: