Лъэныкъуэ куэдкIэ зэчиифIэЖурналист зэчиифIэ, тхакIуэ, усакIуэ Iэзэ Чэрим Марианнэ и тхылъыщIэ дунейм къытехьащ. Жанр щIэщыгъуэкIэ тха «Зэшыпхъуибл» тхылъ цIыкIум деджэри, зэхуэс щхьэхуи хуэтщIыжащ. апхуэдизкIэ дигу дыхьати, дызэхуэсри дытепсэлъыхьащ. «Литературэ пщэдджыжьышхэм» хэтащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэу ЩхьэщэмыщI Изэ, Гугъуэт Заремэ, Багъэтыр Луизэ, Къаныкъуэ Анфисэ, Къарей Элинэ, езы Марианнэ, сэ. «Зэшыпхъуиблыр» дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэ къыщыхъуа цIыхуми фIэгъэщIэгъуэныну, нобэрей махуэр, гъащIэр гъуджэу къызэрыщ тхыгъэ хъуащ. Зи гугъу ищIыр хамэ къэрал къиIэпхъукIыжу зи адэжь лъахэр псэупIэ зыщIыжа унагъуэрщ. Зы унагъуэм къихъуа зэшыпхъуиблым я сабиигъуэм щегъэжьауэ балигъ ныбжьым нэсыху я хьэл-щэнымрэ дуней тетыкIэмрэ дыкъыщоджэ тхылъым. Абы къызэщIеубыдэ гъащIэм и лъэныкъуэ куэд, адыгэм и тхыдэм хэта къэхъукъащIэ, лъагъуныгъэ, ныбжьыгъэгъуэ, Iыхьлыгъэ, псэ къабзагъэ, хабзэ, зэпIэзэрытыныгъэ, цIыху зэхущытыкIэ, нэгъуэщIхэри. Тхылъым нэхъыбэу щызэпкърыхар пщащэхэм я дунейр арами, мыбы фIэгъэщIэгъуэну еджэнущ щIалэхэри, курыт ныбжьым ит цIыхухъухэри, цIыхубзхэри, зи ныбжь хэкIуэтахэри. Марианнэ адрей тхакIуэхэм зы щэнкIэ къащхьэщыкIыу къысщохъу. И дуней тетыкIэм ещхьыркъабзэу, и IэдакъэщIэкIхэм хэт лIыхъужьхэми ягъэнэхъапэр гуапагъэмрэ гумащIагъэмрэщ. ЦIыхуми Iуэхуми фIыуэ хэлъращ Марианнэ илъагъури, зытепсэлъыхьыну фIэфIри. Тхылъым укъеджа нэужь, уи гум, уи Iум, уи псэм къинэр IэфIщ, дахэщ. А зэшыпхъуиблым дахагъэу, Iэзагъыу, губзыгъагъэу яхэлъымрэ ахэр усэбзэкIэ екIуу къызэрыIуэтамрэ бгъэщIэгъуэн умыухыурэ тхылъыр пIэщIоухэ. ТхакIуэм уи фIэщ ещIыф апхуэдэ унагъуэ, цIыху дахэ къызэрытхэтыр, ди къуажэм, ди хьэблэм зэрыдэсыр. ГъащIэм нэгъуэщI нэкIэ урегъэлъ жыхуаIэр мыпхуэдэ зы тхылъ цIыкIущ. Дэри доцIыху апхуэдэхэр, ядэтлъагъуфын хуей къудейуэ аращ Марианнэ дахащэу зэгъэкIуауэ зытепсэлъыхьхэр. Тхылъыр зытеухуар къэсIуэтэжыну сыхуейкъым, ар тыкуэнхэм щащэ е редакцэм къыщывгъуэтынущи, феджэнщ. Ауэ дэ тфIэгъэщIэгъуэну зэпкърытхащ Марианнэ и «бзэр». Куэду хэтщ зи гугъу сщIы псалъэ шэрыуэм хуэдэхэр: «Гум хуэбгъадэр гум къеуамэ, дыгъи мази къыкъуэкIыжкъым», «Лъагъуныгъэ зыхуэчэмым дэплъагъункъым псэ IэфIагъ», «Ирипсалъэм и лъагагъырщ бзэ къэс и зэфIэкI зыIэтыр», «ПщафIэм ещхьщ усэрыпсалъэр – Iэзэщ, зыхилъхьар IэфIыху», «Бзэгур папцIэмэ, «зэхихкъым», Iэр щыуамэ, «нэфщ» жыпIэнт», «Сыти хэлъхьэ, IэфI щыхъунур зыхуупщэфIыр фIыуэ плъагъумэщ», «Гъуэгу темыхьэр хущIогъуэж зэримыгъэунэхуам и лIыгъэр», «Уи хадэкIэр зэщIэкIамэ, сыт гъунэгъур зэрыкъуаншэр?», «ГъащIэр пхъуантэщ, псэм зэрихьэу, фIыкIэ блажьэмэ, нэхъыфIкъэ?», «Зыми имыхьэлъэ ихькъым – дунейм цIыхуу тетыр зэшщ», «Лъэщщ цIыхупсэр, и пэж хъуаскIэр мыункIыфIу иIыгъыхукIэ», «Уи гур уи фэм лIыщIэ хуэпщIмэ, уи псэр хэт зыщыгугъынур?». Зы напэкIуэцIи зэбгъэдзэкIыркъым, мыр си гум изубыдарэт жыпIэу апхуэдэ псэлъафэ зыбжанэ къыхомыгъэщауэ. - Мы зэхуэсыр IуэхуфI гуэрым и пэублэу къысщохъу. Дэ дрогушхуэ адыгэ литературэр адэкIэ зыгъэкIуатэ тхакIуэ, усакIуэхэр къызэрытхэтым, тфIэфIщ я IэдакъэщIэкIхэм деджэну, абы теухуауэ мыпхуэдэу дызэхуэсынри хабзэ тщIыныр лейкъым, езы тхакIуэхэри тригъэгушхуэну къысщохъу. Сэ зы шыпхъурэ зы дэлъхурэ сиIэу аращ, зэшыпхъу зыбжанэ хъухэм саригъэхъуэпсащ, зэшыпхъу гуп зы унэм укъыщыздэхъуну зэрынасыпышхуэр слъэгъуащ. Абы къищынэмыщIауэ, Марианнэ и жыIэгъуэхэр зэIэпахыу еджэну зэрыщхьэпэм сригъэгупсысащ: иджыри къэс къыдэкIа тхылъхэм хэт апхуэдэхэ псэлъафэхэр къыхэпхыу тхылъ щхьэхуэу къыдэбгъэкI хъунут. Мы тхылъым ахэр къэрэндащкIэ щыщIэстхъэурэ сыкъеджащ, «Налшык губампIэ» романым щIэздзауэ къыхызотхыкI, - жеIэ Изэ. Пэжу ди тхакIуэхэр жыджэрщ, зы махуи зыгуэр ямытхыу дагъэкIкъым. Iуэхур здэщыIэр ахэр тхылъу къыдэгъэкIынращ. Сыту хъарзынэ хъунут КъБР-м и ТхакIуэхэм, Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм е тхылъ тедзапIэхэм апхуэдэ Iэмал яIэу иджырей тхакIуэхэмрэ журналистхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэса тхылъхэр пIалъэ-пIалъэкIэ къыдагъэкIыу щытамэ. Е мылъку зыбгъэдэлъ хьэрычэтыщIэхэм гу лъатэрэ я ахъшэм щыщ зы мащIэ хухахмэ. Мис абы делэжьын хуейуэ къысщохъу сэ. Тхылъыр щыIэмэ, еджэни къыкъуэкIынущ. Нобэ зыбжанэ еджэмэ, пщэдей нэхъыбэм зэIэпахынущ. Дэ «Зэшыпхъуиблым» дызэрытепсэлъыхьар щхьэж и Интернет напэкIуэцIым кърилъхьэжати, ар зылъэгъуа куэд къыщIэупщIащ, къащэху, Марианнэ къыхуаIуэху. Ар гуапэщ. - УсэбзэкIэ тха иджырей псысэр адыгэ литературэм дежкIэ жанр щIэщыгъуэщ. Мы тхыгъэм къыхэщу гу лъыстащ езы тхакIуэм и псэ къабзагъэр, ар и лIыхъужьхэм шыфэлIыфэ яхуищIми. Тхыгъэм къыщихь Iуэхугъуэхэм гугъэ хэлъщ. Ди зэманым хуэгъэпсащ тхылъыр – абы щIэджыкIакIуэр псом хуэмыдэу къехьэху. ЕджэгъуафIэщ, ныбжьыщIэхэми нэхъыжьыIуэхуэми къыхахынрэ дэзыхьэхынрэ хэухуэнащ, - къыпещэ Гугъуэт Заремэ. - Марианнэ и «Зэшыпхъуибл» тхылъыщIэм сыдихьэхри, зы сыхьэтым и кIуэцIым зэзмыгъэтIылъэкIыу седжащ. Тхыгъэр мыинми, нобэрей гъащIэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм, гугъуехьхэм теухуауэ куэдым гу лъыдегъатэ тхакIуэм. Сэ къызэрысщыхъуаращи, мы псысэм зи хъыбар къыщытхуиIуатэ зэшыпхъуиблым я гъащIэм дыкIэлъигъэплъ хуэдэу ищIри, укъызыхэкIа лъэпкъым хуэпщIын хуей пщIэри, динри, хабзэри, анэдэлъхубзэм и мыхьэнэри къыхигъэщащ. Мы тхыгъэм и лIыхъужь нэхъыщхьэу слъагъур езы тхакIуэращ, абы и гупсысэхэращ. ЦIыхур зытетын хуей гъуэгу захуэр «къытхузэIуих» хуэдэщ. Тхыгъэр къулей тщIын щхьэкIэ куэдрэ адыгэ псалъэжьхэм защыхуэдгъазэ щыIэщ, Марианнэ абыи хуэмыныкъуэу, и бзэр апхуэдизкIэ шэрыуэщи, езым и гупсысэхэр жыIэгъуэ хьэзырщ. УрысыбзэкIэ къэтпсэлъ куэди адыгэбзэм дахэу къызэрыригъэзэгъэфым и щыхьэтщ «психолог» псалъэр «псэгъэхъужу» къызэригъэлъагъуэр. Тхыгъэм и кIыхьагъкIэ «махуэр макIуэ, гъащIэр мажэ» щыжыIащ. ТхакIуэм дыхуигъэпIащIэми ярейщ фIы длэжьу дыпсэун зэрыхуейм, - жеIэ Багъэтыр Луизэ. Къаныкъуэ Анфисэ езым и тхэкIэр Марианнэ ейм къызэрыщхьэщыкIыр къеIуатэ: «Сэ, псалъэм папщIэ, сфIэфIщ дэтхэнэ образри зы мэскъал къэзмыгъанэу къэзгъэлъэгъуэну, Марианнэ и лIыхъужьым кIэрылъ псори апхуэдэу пхузэпкърихкъым, ауэ зэрытетхыхьымкIэ а зэрыщыт дыдэр уи нэгум къыщIегъэувэ. Мы тхылъым кIыхьу утепсэлъыхьыфынущ, ауэ кIэщIу жыпIэмэ, дыгъуэпшыхь седжати, нобэ «насыпыфIэу» сыкъэкIуащ». - Мыпхуэдэ зэIущIэ цIыкIур зигу къэкIа фэ си лэжьэгъухэм фIыщIэ фхуэсщIыну сыхуейщ. Ди литературэр хэмыкIуэдэжыпэу, бзэм псэ Iутын хуэдэу «литературэ пщэдджыжьышхэ» фIэтщми, «еджэ-ешхэ» фIэтщми, хъарзынэ хъунут щIэх-щIэхыурэ дызэхыхьамэ. Ди редакцэм тхакIуэхэр, усакIуэхэр зэрыщылажьэр фIыщ, ятхIамэ, дыщIызэхуэсын щхьэусыгъуэ диIэщ, ауэ нэгъуэщI тхылъ гъэщIэгъуэн гуэр зыгуэрым къыIэщIыхьэрэ игу ирихьмэ, псори деджэу, дызэхуэсу зэпкърытхыжынуи щхьэпэ хъунут ди дежкIэ, - жиIащ Марианнэ. – Си гуапэ хъуащ «Зэшыпхъуиблым» фытепсэлъыхьыну пщащиблыр фыкъызэрызэхуэсар, абы дэри зэшыпхъу хуэдэу дызэбгъэдэтыну гукъэкI зэрывигъэщIар, нэхъ гъунэгъу дызэхуищIауэ къызэрыфщыхъуар. Марианнэ и Iэзагъхэм ящыщщ нобэ дунейм къыщекIуэкIыр, цIыхур зыгъэпIейтейр и щхьэ течауэ и тхыгъэхэм зэрыщызэпкърихыфыр. Абы и лъэныкъуэкIэ щхьэпагъ куэди къыхыбохыф. Уигу зэрыгъу Iуэхугъуэ куэдым я хэкIыпIэр уегъэлъагъуф, узыгъэгузавэр фIы зэрыхъужынур къуегъэщIэф. Апхуэдэу цIыхум и щхьэм илъ гупсысэм утетхыхьыныр, и гур щIэпIейтеймкIэ гузэгъэгъуэ ептыныр куэд и уасэщ. А лъэныкъуэмкIэ гугъэпсэхущ Марианнэ и IэдакъэщIэкIхэр, адрей псом я гугъу умыщIми. Редакцэм щызэдэлажьэ гупыр зэшыпхъу пэлъытэ зэхуэхъуауэ зэрызэбгрыкIыжари зи фIыгъэр Чэрим Марианнэщ. НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




