Газетхэм я тхыдэм зеубгъу

Дызэрыт зэманым хъыбарыщIэхэм дахуэпащIэу, къэхъуар псом япэ къэдмыщIэмэ, дызыхэкIыжынIауэ къытфIэщIу допсэу. Ауэ  хуиту умыджа тхыдэм щIихъума телъыджэ гуэр къыщыкъуэкIыжым деж, ари хъыбарыщIэщ.  
 1906 гъэм Владикавказ «Черкешенка» и цIэу махуэ къэс газет къыщыдэкIыу щытащ. Архив хъумапIэхэм фIэкIа зи фIэщыгъэр щыдмыгъуэт къыдэкIыгъуэр дунейм зэрытетар зы илъэс закъуэщ. Япэ номериплIыр бадзэуэгъуэм и 17-м щегъэжьауэ бадзэуэгъуэм  и 20 пщIондэ къыдэкIащ. Адрей тхур шыщхьэуIум и 6-м щегъэжьауэ, шыщхьэуIум и 11 пщIондэ, псори зэхэту номерибгъу къудей. «Махуэ къэс Кавказ Ищхъэрэм къыщыдэкI политикэ-цIыхубэ газет» - апхуэдэу тетхащ къыдэкIыгъуэр зыхуэгъэпсар къыбгурызыгъаIуэ IуплъапIэм. IуплъапIэ жысIэ щхьэкIэ, «Черкешенка»-м и теплъэр зэкIэ ди нэгум къыщIэувакъым. Нэхъ пасэу зи гугъу тщIа «Кабардинец» (I9I9 гъ.) газетым ещхьу, мыри парт щхьэхуэу щыта конституцэ демократхэм, е кадетхэм къыдагъэкIыу щытауэ аращ. Редактор нэхъыщхьэу къыщыгъэлъэгъуар «Валаев Г. П.» цIэрщ. «Черкешенка»-м и пэ къихуэу «Кавказым и макъ» («Голос Кавказа») газетыр къыдэкIыу щытащ, и ужьым итыр – «Кавказым и джэрпэджэжырщ» («Эхо Кавказа»). 
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, мыбдежым «Черкешенка»-м кърагъэкIыр Кавказым щыщ бзылъхугъэщ, «черкес» цIэр къызэщIэубыдауэ псоми зэрыхуахьым къыхэкIыу. ЖытIэр пэжрэ пцIырэ къэтщIэн папщIэ, дауи, зи гугъу тщIы газетыр тлъагъупхъэщ. 
ЗыхэдмыщIыкIым зы мащIэкIэ щыгъуазэ дещI Ахмадулин Е. В. и лэжьыгъэу «Урысей ипщэм конституцэ демократхэм къыщыдагъэкIыу щытахэр (1905-1907 гъ. гъ.) тхыгъэм». ЩIэныгъэлIыр зэреплъымкIэ, кадетхэм Урысейр зэрыщыту газетхэмрэ журналхэмкIэ щIагъэнат, къэралым и ипщэ Iыхьэхэри хиубыдэу. Тэрч областым къыщыдэкI газет-журналхэм тетхыхькIэрэ, Ахмадулиным жеIэ: «Владикавказ къыщыдэкI «Казбек», «Терек» либерал-демократ къыдэкIыгъуэхэм ядэлажьэурэ, лъэпкъ, урыс интеллигенцэм щыщ кадетхэм езыхэм зы гуп къызэрагъэпэщащ газет къыдагъэкIыу. Япэу традзэн щIадзар «Кавказ Ищхъэрэм и гъащIэ» газетырщ. Грознэм, Петровск, Псыхуабэ, Нартсанэ (Кисловодск), Шэткъалэ (Ставрополь), Екатеринодар, Новороссийск, Хасаф-Юрт, Къызлар, Баку, Тифлис, Кутаиси, Мэзкуу, Бытырбыху къыщыхъу псоми тепсэлъыхьырт газетыщIэр. И къалэн нэхъыщхьэу игъэIур «ЛэжьакIуэбэм я гукъыдэжхэр къэгъэнэIуэнырт». ЕпщIанэ махуэм газетыр зэхуащIыжащ. Абы и ужь къиуващ «Кавказым и макъ» газетыр. Ари щызэхуащIыжым, «Черкешенка»-р къыдагъэкIын щIадзащ (Валаев Г. и редактору). Ар зэхуащIыжа нэужь – «Кавказым къиIукIхэр» къыдагъэкIын щIадзащ, абы «Кавказым и джэрпэджэжыр» и ужь къиуващ». 
       Зэрыфлъагъущи, дызытепсэлъыхь газетыр къыдэкIыу зэрыщытам и закъуэщ тщIэр. Ар мыкIуэдыжыпамэ, Владикавказ дэт музейхэм къыщыдгъуэтыфынкIи хъунущ, фIым дыщогугъ.  
         Мащ1эу дызэ1эбэк1ыжмэ, илъэс зыбжанэ ипэк1эщ къыщытщ1ар Дым Iэдэмрэ ЦIагъуэ Нурийрэ 1923 гъэм яут1ыпщауэ щыта «Адыгэ макъым» япэжк1э «Кабардинец» и ц1эу нэгъуэщ1 газети зэрыщы1ар, 1919 гъэм къыдагъэк1ыу. Абы теухуа хъыбарым и гугъу ещ1«Къэрэшейм Налшык хужьхэм я унафэм зэрыщIэтам теухуауэ къиIуэтэжахэр» зи псалъащхьэ Жансит Уэсмэн и кандидат тхыгъэм.
        Къэрэшей Бэчмырзэ Февраль революцэм и ужькIэ Налшык къыщыунэхуа гъэзэщIакIуэ граждан комитетым и лIыкIуэт. Ар 1918 гъэм и шыщхьэуIумрэ щэкIуэгъуэмрэ я зэхуакум Налшык округым и комиссару щытащ. 1919 гъэм Къэрэшейм Бекович-Черкасский Тембот (зи гугъу ищIыр «Шуудзэ щхьэмыгъазэм» хэта офицер «хужьырщ») иухуа администрацэм цIыхубэ унафэхэр щызэблэхыныр и къалэну хэтащ. Дызытепсэлъыхь Iуэхур Бэчмырзэ «1919 гъэм екIуэкIа пщы-уэркъ съездыр» тхыгъэм къыщеIуэтэж. Абы зэрыжиIэмкIэ, 1919 гъэм Налшык «хужьхэм» щаIыгъа зэман кIэщIым къриубыдэу, къалэм «Кабардинец» зи фIэщыгъэ газет махуитI къэс зэ урысыбзэкIэ къыщыдэкIыу щытащ. Дэфтэрхэм къыхощ газетым текIуадэ мылъкур барон Тандефельт къызэрыбгъэдэкIар. «Адыгэбзэ къудамэм и унафэщIыр ЩоджэнцIыкIу Алийщ», - дыкъыщоджэ адэкIэ а тхыгъэм. Газетыр къуажэ унафэ щIапIэхэм хурагъэхьырт. Редакторыр Татарчевский Михаил Иванович зи цIэ, большевикхэр Налшык къыдыхьэн ипэкIэ къалэм дэIэпхъукIа къулыкъущIэ гуэрт. Никольская зи унэцIэ абы и шыпхъум Налшык адрыщIкIэ, Долинск щIыпIэм, унэ лъапсэ щиIащ.
        «Совет тхыдэджхэр Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ «хужьхэм» я унафэм зэрыщIэтам щытепсэлъыхькIэ, большевикхэм лей къазэрытехьахэм, ахъшэ къызэрыхахам, щIалэхэр армэм зэрыдашам, къинэмыщIхэм фIэкIа тепсэлъыхьыркъым, - щетх Жансит Уэсмэн «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ большевикхэм зэрапэщIэтар» и лэжьыгъэм. - Ауэ щыхъукIэ, Бекович-Черкасскэм и администрацэр узыншагъэр хъумэн, щIэныгъэм зегъэужьын хуэдэ Iуэхухэм егугъурт. «Лъэпкъым и щэнхабзэм зригъэужьын» мурадкIэ абы 1919 гъэм и накъыгъэм щегъэжьауэ тхьэмахуэ къэс «Адыгэ газетэ» къыдигъэкIыу щытащ, къэбэрдей адыгэбзэкIэ тхарэ хьэрып хьэрфкIэ къэщыпауэ. КъинэмыщIауэ «Кабардинец» зи фIэщыгъэ газетри къыдэкIыу щытащ».  Жанситым зи гугъу ищI газетым и хъыбарым дыщрохьэлIэ 2002 гъэм Бытырбыху дэт Урысей лъэпкъ библиотекэм и жэрдэмкIэ къыдэкIа «Совет зэманым химыубыдэ газетхэр (1918 - 1922)» тхылъым. 209-нэ номерым щIэту абы дыкъыщоджэ: «Кабардинец». Махуэкъэс хъыбархэмрэ телеграммэхэмрэ. Редакторым и къалэныр Хуциев М. Е. егъэзащIэ, къэбэрдей къудамэр зыгъэлажьэр ЦIагъуэ Н.- щ. 1919 гъэ, фокIадэм и 22; Тэрч-Дагъыстэн край. Барон Тандефельт къыдегъэкI, щытрадзар Львов К. М. и цIэр зезыхьэ типографиеращ.  Даутокъуэ-Серебряков Заурбэч и тхыдэтх Чхеидзе Константин и гъащIэм теухуа тхыгъэри щыхьэту къоув куржы зауэлI-тхакIуэм «1919 гъэм Врангелым и «Кабардинец» газетым тхыгъэхэр къытрыригъадзэу зэрыщытам.           

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: