Чеховыр къэцIыхужыгъуафIэщЯпэ къэсым зи цIэ ищIэ, илъэсищэ бжыгъэ ипэкIэ псэуа тхакIуэм теухуауэ сыт гъэщIэгъуэну зэхэпхынкIи хъунур жыпIэ щхьэкIэ, школ программэм абыхэм я гъащIэ гъуэгум ущигъэгъуазэ пэтми, ятхар къызэрыбгурыIуэн зэхэщIыкI къыщыпIэрыхьэр балигъ ухъуа нэужьщ. Абы хэлъхьэж политикэм и гуэгъу зэманым и шыбзэм пхымыкIхэр, тетхыхьахэм къафIэмыIуэхуахэмрэ къытрадзэну хуамыдахэмрэ. ЩIышылэм и 29-м (махуэгъэпсыжьымкIэ – 17-м) урыс тхакIуэшхуэ Чехов Антон дунейм къызэрытехьэрэ илъэси 165-рэ ирикъуащ. Школым зи цIэ щызэхэпх цIыху цIэрыIуэхэм апхуэдизкIэ тхьэкIумэр йосэжри, балигъ гъащIэм ухыхьа нэужь, абыхэм ятеухуауэ умыщIэ щымыIэжым хуэдэу, дэгу уахуохъу. Ауэ щыхъукIэ, ныбжькIи зэхэщIыкIкIи къыпхуэщтэнур нэхъыбэщи, я махуэшхуэхэр щхьэусыгъуэ мэхъу сабиигъуэм пIэщIэкIар ирибгъэкъужыну. Тхыдэ дерсхэм щыдджа «пщылIыгъэ щхьэхуимыт» («крепостное право») жыхуаIэу Урысейм 1861 гъэ пщIондэ щекIуэкIар Чеховым зэрепха щIыкIэри укъэзыгъэуIэбжьщ. Абы и адэшхуэ Егор «крепостной» пщылIу щытащ, иужькIэ, щхьэщэхужыпщIэ зэхуихьэсри хуит зищIыжащ. «Си адэшхуэр Чертковым и пщылIу щытащ», - етх езы Чеховми. И адэ Павел фошыгъу къыщыщIагъэкI заводым лэжьэн щыщIидзэри, езым тыкуэн къызэIуихыжауэ щытащ. Аращи, Чеховыр сатуущIэ унагъуэм къыхэкIауэщ къызэралъытэр. Ауэ нэхъ укъэзыгъаскIэу тхакIуэм и гъащIэ гъуэгум трижыIыхьхэм ящыщщ ар щыцIыкIум яубэрэжьу зэрыщытар. Къуитхурэ зыпхъурэ зиIа Чехов Павел и ещанэ сабийт дохутыр IэщIагъэр зи плъапIэ нэхъыщхьэу къэтэджа тхакIуэр. Иджыри ныбжьыщIэу тхэн щIидза пэтми, абы и щхьэусыгъуэр унагъуэшхуэм зыхэпсэукIын ахъшэ зэрыхуримыкъурт. Дунейм тетыхукIи Чеховым и анэмрэ и шыпхъумрэ зыхуей хуигъэзэныр игъэнэхъапэу щытащ. ЩIалэ нэхъыжьищыр адэм и тыкуэным щигъэлажьэрт, цIыхухэр зыхуэныкъуэ хьэпшып цIыкIуфэкIухэр ящэу, гимназием къыщрат унэ лэжьыгъэри щащIыжыр арат. Нагъыщэ хуагъэувахэм уриплъэмэ, Чеховыр фIы дыдэу еджахэми ящыщкъым. Чехов-тхакIуэр дохутыру зэрыщытар Iуэхум щымыщыщэ хуэдэу куэдрэ къыпщохъу. Ауэ щыхъукIэ, пщылIыпIэм къикIа унагъуэм а зыращ IэщIагъэ зиIэу къахэкIар. Чеховыр дохутырыфIу, къуажэ псом сымаджэу дэсыр зэрихьэу, гъаблэ къыщыхъуа илъэсхэм тхьэмыщкIэхэм къахэмыкIыу лэжьащ. Илъэс 44-рэ фIэкIа мыпсэуа тхакIуэр гъащIэ кIэщIу къызэрыщIэкIар ар егъэлеяуэ гугъу ехьу Сахалин хытIыгум зэрыщыIам хуахь куэдым. Урысейм тезыр щызыхь щIэпхъаджащIэхэр здашэ щIыпIэм кIуэри, абы къритхыкIхэр газетхэм къытрадзэу щытащ, пащтыхьыгъуэр а щIыпIэм щыпсэухэм зэрахущытми фIыкIэ зэрызихъуэжар Чеховым и фIыгъэу ябж. ЗэрыжаIэмкIэ, Чеховщ Сахалин щыпсэу цIыхухэм я щхьэ бжыгъэр япэу къыхэзытхыкIар. ТхьэмыщкIэхэм ядэIэпыкъуу, школхэр къызэIуихыу, библиотекэхэм тхылъхэр къахуищэхуу, тхакIуэ щIалэхэм я тхыгъэхэр пхигъэкIыу… Чеховыр цIыхуфIу зэрыщытар уи фIэщ ищIу, апхуэдэ щыхьэт куэд дыдэ къэнащ. И тхыгъэ нэхъыфIхэм уакъыфIэкIмэ, абы и цIыху щIыкIэр IупщIу къыхощ Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм, цIыхугъэхэм яхуитхахэм. Псом хуэмыдэу цIэрыIуэщ тхакIуэм и къуэш нэхъыжь Николай 1886 гъэм «цIыху гъэсакIэ узэджапхъэм» теухуауэ хуитхар. Абы щыщ пычыгъуэ зыбжанэ ди бзэм къидгъэзэгъащ: «УщызикъуэшкIэ, сэ фIы дыдэу укъызэрызгурыIуэм шэч къытумыхьэ, зэрысхузэфIэкIкIи сигу пщIогъу. Уи хьэлыфIхэри си Iэпхъуамбитхур зэрысцIыхум хуэдэу, фIы дыдэу соцIыху, мыхьэнэшхуэ изот, я хьэтыри солъагъу. Уи фIэщ мыхъумэ, къыпхуезбжэкIынщ фIыуэ пхэлъхэр. Уэ, си гугъэмкIэ, зызыхыфIэбдзэжу уцIыхуфIщ, гушхуэ пкIуэцIылъщ, ущхьэхуэфIкъым, зы кIэпIейкIэ фIэкIа къыпхуэмынами, къолъэIум ептынущ, угу къабзэщ, фыгъуи гужьгъэжьи пхэлъкъым, зыуи зыпщIыркъым, псэущхьэхэри цIыхухэри пфIэгуэныхь мэхъу, убзаджэкъым, упсэ хьэлэлщ... НэгъуэщI зыми бгъэдэмылъу, уэ къыплъыса фIыгъуэщ уи сурэтыщI Iэзагъыр. Абы адрей цIыху мелуанхэм уахеIэтыкI, дунейм зы сурэтыщIым хуэзэу цIыху къызэрыгуэкI мелуанитIым нэс тетщ. Хьэндыркъуакъуэу е бэджу ущытами, уи хьэтыр ялъагъунут цIыхухэм, итIани, зыгуэрым хуэIэзэм псори къыхуогъу. Дагъуэу уэ бдэслъагъур зы закъуэщ. Ар егъэлеяуэ узэрыцIыху мыгъасэрщ. Къысхуэгъэгъу, ауэ «пэжыр ныбжьэгъугъэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ». ГъащIэр, пщIэрэ, хабзэ гуэрым тетщ. ЦIыху гъэсахэм уащыхэтым деж гугъу уемыхьын, абыхэм уащыщу зыкъыпщыхъужын папщIэ, гъэсэныгъэ пхэлъын хуейщ. ЦIыху гъэсахэр, сэ сызэреплъымкIэ, зэрыщытыр мыпхуэдэущ: 1) Абыхэм цIыхум пщIэ хуащI, абы къыхэкIыу, сыт щыгъуи адрейхэм яхуэтэмакъкIыхьщ: щабэщ, гуапэщ, дэчыхрейщ… 2) ТхьэмыщкIэхэмрэ джэдухэмрэ я закъуэкъым абыхэм гущIэгъу зыхуащIыр. НэкIэ умылъагъу гуэрхэри ягу къоуэ. Псалъэм папщIэ, Пётр гуэр къэтщтэнщи, езыр зэрамылъагъум (е чэфу фIэкIа зэрамылъагъум) щхьэкIэ и адэ-анэр жэщым мыжейуэ я щхьэцыр зэрытхъур ищIэмэ, Пётр аркъэм елъэпэуэнурэ, икIэщIыпIэкIэ абыхэм я деж щIэпхъуэнущ. 3) Абыхэм нэгъуэщIым и мылъкум пщIэ хуащI. Абы къыхэкIыу, щIыхуэхэр ятыж. 4) Ахэр гукъабзэщи, пцIым мафIэм хуэдэу щощтэ. Iуэху мыхьэнэншэм теухуауи пцIы яупсыркъым. ПцIым ар зыжраIэр егъэпуд, жызыIэм напэншафэ къытрегъауэ. ЦIыху гъэсахэм зызэфIашыркъым, цIыхум щахэткIи унэм зэрыщIэсым хуэдэу заIыгъщ, нэхъыщIэхэм зыгуэру зыкъыщагъэхъуну хэткъым. Ахэр псэлъэрейкъым, къемыупщIым зыпщIэхадзэу, я гум къизэрыхьахэр жьэхакIутэркъым. Адрейхэм я тхьэкIумэм щосхь цIыху гъэсахэр, аращи, нэхъыбэм щымщ. 5) Абыхэм гущIэгъу зыхурагъэщIын папщIэ, загъэпудыжыркъым. УзрагъэлIэлIэн, гулъытэ зыхууагъэщIын папщIэ, уи псэр ягъэгузавэркъым. 6) Ахэр мыхьэнэншагъым дихьэхыркъым. ЦIыху цIэрыIуэм зыкIэрыцIэлъыным хуэдэ цIуугъэнэ нэпцIхэм фэ ираплъыркъым. Талантышхуэ зыхэлъ цIыхухэр кIыфIым хэтщ нэхъыбэм, бэм яхогъуащэ, утыкум пэIэщIэщ… Крыловми жиIакъэ, чей нэщIым и макъыр зэрылъIам ейм нэхърэ нэхъ жыжьэ зэрыIур. 7) ЦIыху гъэсахэм Iэзагъ гуэр къыдалъхуауэ къащIэмэ, абы пщIэ хуащI. Абы и хьэтыркIэ я гупсэхугъуэри, зэхэзежэнри, фадэри, цIыхугъэ мыщхьэпэхэри IэщIыб ящI. Я талантым ирогушхуэ… Iумпэм ящIхэр щыIэщ. 8) Ахэр зыкIэлъоплъыж. Хуэпауэ жеифыркъым, блын зэхуакум къыдэпщ хьэпIацIэр ягу техуэркъым, хьэуа мыкъабзэм ирибэуэфыркъым, унэлъэгу зэрыубжьытхам къыщакIухьыфыркъым…». Зэрыфлъагъущи, Чеховым и тхыгъэхэм гулъытэ щIахуэпщIын щхьэусыгъуэхэр иджыри куэд мэхъу. ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
18.02.2025 - 11:00 →
IУЩАГЪЫШХУЭ ЯХЭЛЪЩ
18.02.2025 - 10:00 →
Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ сабийхэмрэ зэпещIэ
13.02.2025 - 18:42 →
Лъагъуныгъэ
13.02.2025 - 09:58 →
ЦIыху насыпыфIэм и гъуэгу
10.02.2025 - 14:58 →
Хьэрэмыжьрэ Хьэлэлыжьрэ
|