Къэралыгъуэ ямыIэуКурдхэр щIыналъэ хэха зимыIэ лъэпкъхэм ящыщщ. Ахэр цIыху мелуан 50-м нызэрохьэс, къэралищым-Тыркум, Иракым, Ираным щопсэу, езыхэм къэралыгъуэ яIэкъым. Ар зрагъэгъуэтыным илъэс куэд хъуауэ щIобэн зэм нэхъ зыкъызэкъуахыу, зэми нэхъ щIэужьыхэу. Мис абыхэм я къекIуэкIыкIам щыщ зы напэкIуэцI. 1918 гъэм Уэсмэн империер щагъэлъэлъэжым инджылызхэмрэ франджыхэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыунэхуа къэралыщIэхэм я гъунапкъэхэр иратхъащ, ауэ абыхэм Курдистаныр яхэтакъым. Иджырей Ираным щыIэ Сулеймание къалэшхуэм и унафэщIу ягъэуващ курд губгъуэрыс командирхэм ящыщ Барзанджи Мыхьмуд. 1919 гъэм езым «къыкIэщIэс» инджылыз офицерыр IуигъэкIуэтри, абы Курдистаным и пащтыхьу зыкъилъытэжащ, Британием и ныпыр къыфIидзри, мазэ ныкъуэ плъыжь зытегъэуа бэракъ удзыфэ дрихьеящ. Ар къыхуамыдэнт. Инджылызхэм щIыпIэм щаIэ дзэхэм Барзанджи и къарухэр зэхакъутэри, езыр гъэру яубыдащ икIи Индием ирагъэшащ. Щалъхуа щIыналъэм 1922 гъэм къагъэкIуэжащ: лъэныкъуэхэм гулытэшхуэ хуащIу щIадзат щIыналъэм и щIыдагъэ гъэтIылъыгъэхэм икIи ар зыдигъэIэпыкъуну дэтхэнэри хуейт. Иджы етIуанэрэ Курдистаным и пащтыхьу зызыгъэща Барзандж къехъуэхъуащ Британием и пащтыхь Георг Ещанэр. Инджылыз дипломатхэм къыжраIащ и «къэралым» Тыркум и ипщэ-къуэкIыпIэ щIыпIэри къыхигъэхьэ хъуну, арщхьэкIэ губзыгъагъэ хэлъу идакъым. Абы Ленин Владимир хуитхащ жэпуэгъуэ революцэр зэрыдиIыгъыр икIи курдхэм я гъащIэр урысхэм яйм пащIэну зэрыхьэзырыр. Москва жэуап иритакъым: япэрауэ, Инджылызым екIужынымкIэ гугъапIэ гуэрхэр къыкъуэкIат, етIуанэрауэ, Курдистаныр зришалIэмэ, Тыркум пэщIэувэн хуей хъунут, езы Ленинри сымаджэ хьэлъэ хъуат. Британиер Сулеймание бомбэхэмкIэ еуа иужь Барзадж къуршым ихьэри, партизану ежьэжащ. Хуагъэгъуну хуаIуэхуати, 1927 гъэм закъритащ, арщхьэкIэ, мис а инджылызхэм къагъэIулэри, езыхэм къемыдэIуэж ирак унафэщIым и бийуэ зыкъиIэтащ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ мыгувэу Лондонрэ Багдадрэ аргуэру зэгурыIуэжри, ар дагуащ. ИужькIэ ужьыхыжа Барзанджи и пIэм иуващ езым и унэцIэм ещхь зезыхьэ Барзани Мустэфа (тIури лъэпкъым и барзан къудамэм щыщт). Мустэфа партизан зауэм пищащ икIи 1943 гъэм советыдзэхэм Иран Ищхъэрэм щаIыгъ щIыналъэм къыщыхутащ. А Iуэхур Москварэ Лондонрэ зэгурыIуэри ялэжьат, зыхуэгъэзари Гитлер дежкIэ еплъэкI хъуа иран правительствэр къыжьэдакъуэнырт. Езы инджылызхэм яубыдат ипщэ щIыналъэр. Барзани ирак Курдистаным кIуэжащ дзэм хэт цIыху бжыгъэм хигъэхъуауэ, арщхьэкIэ, иджы жьыр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къыщепщэрти, Британиер Ираным дэIэпыкъурт. Я Iуэхур къыщимыкIым Мустэфа 1945 гъэм игъэзэжащ Советхэр а зэманым къызэрыкIыж Иран Ищхъэрэм. Щежьэжым ди зауэлIхэр зыкъэзыIэтахэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуат а илъэсым и дыгъэгъазэм Тебриз Азербайджан демократие республикэ къыщызэрагъэпэщынымкIэ икIи, зэман дэкIмэ, ар совет Азербайджаным къыхагъэхьэну я мурадт. Ауэ гъунэгъуу къегъэщIылIауэ, курдхэми Мехабад Курд цIыхубэ республикэ къыщызэрагъэпэщащ. СССР-р абы пэплъатэкъым, арщхьэкIэ даIыгъыну мурад щащIащ азербайджанхэм къуагъэувэн, нэхъыщхьэращи, иран шахым тракъузэн папщIэ Шахым зэхикъутащ зыкъэзыIэтахэр икIи 1946 гъэм и щэкIуэгъуэм япэ республикэр, мазэ дэкIри етIуанэр кIэдыжащ. Республикэхэм я унафэщIхэр щхьэпылъэ ящIащ, ауэ Барзани къаIэщIэкIащ гупышхуэ игъусэу. 1947 гъэм и гъэмахуэм Совет Азербайджаным и щIыналъэм къихутащ курд зауэлI мини 2, абыхэм апхуэдиз сабий, лIыжь, цIыхубз ящIыгъут. СССР-м и щэхурылажьэ IэнатIэхэм Iуэху къалъыкъуэкIащ. Совет Союзым къэрал шынагъуэншагъэмкIэ и министр Абакумов Виктор и япэ къуэдзэ Судоплатов Павел итхыжащ «Совет властхэм япэщIыкIэ курдхэр пэIэщIэ ящIащ, ахэр щIыпIэ щхьэхуэ яшэри. Абакумовым унафэ къысхуищIащ Барзани сепсэлъэну икIи сэ абы политикэ хэщIапIэ етту езымрэ и гъусэу къэкIуа цIыхухэмрэ Узбекистаным и къуажэхэм пIалъэкIэ дэдгъэтIысхьэну хуэзгъэлъэгъуащ. Совет лъэныкъуэр арэзыт Барзанирэ абы и офицерхэмрэ ди дзэ училищэхэм, академием щрагъэджэну. Сэ апхуэдэу Барзани къэзгъэгугъащ Азие Курытым пIалъэкIэ фIэкIа щымыIэну, къезэгъ зэрыхъуу я хэку дгъэкIуэжыну». «Зауэ щIыIэр» зэщIэплъауэ екIуэкIырти, курд бригадэ къызэрагъэпэщу ар КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэ инджылыдзэр гъэсыныпхъэхэмIэ зыузэд ирак щIыдагъэ къыщIэшыпIэхэм еуэн папщIэ къагъэсэбэпыну я мурадт. Москва, дауи, диIыгъын хуейт хамэ унафэ щIэмыт Курдистаныр АрщхьэкIэ кино телъыджэм ещхьыу аргуэру псоми зихъуэжащ! Сталин Иосиф лIа иужь «зауэ щIыIэр» нэхъ къэтIэтIащ. Иракымрэ Сириемрэ къыщыунэхуащ Хьэрып социалист къэщIэрэщIэжыныгъэм и партыр (БААС). Ахэр Кремлым и лъэныкъуэкIэ къэкIуатэу хуежьащ. Курдхэр жыджэру зэрыдиIыгъыр а Iуэхум зэран хуэхъункIэ хъунут. Езы Барзании зэрегуакIуэт, IэубыдыпIэншэт, укIэлъыплъынуи гугъут. 1958 гъэм Барзани Иракым кIуащ, абы властыр щызыIэрыхьа генерал Абд-аль-Касем къигъэгугъа хуэдэт курдхэм автономие къаритыну. АрщхьэкIэ иужьрейр мыгувэу яукIащ, Барзании абы и блыгущIэтхэми мурад ящIащ СССР-м и мызакъуэу нэгъуэщI къэрал лъэщхэри зыдагъэIэпыкъуну. Абы лъандэрэ щытыкIэм зэрызихъуэжа щыIэкъым. Ди зэманым и гугъу пщIымэ, курд Iуэхур къамыIэтыжхэм ящыщ мэхъу. Дунейм къыщыкъуэкIащ япэ игъэщыпхъэу икIи гугъуу щыт къалэнхэр. ЕтIуанэрауэ, ди къэралыр фIыуэ яхущытщ Тыркуми, иджы дыдэ ныбжьэгъугъэ быдэ зриухылIа Иранми. КIэщIу жыпIэмэ, курдхэм къэралыгъуэ щагъуэтыну (ягъуэтыну щытмэ) зэманыр иджыри къэсакъым.
Поделиться:
Читать также:
17.02.2025 - 18:00 →
ЛIыукIыпIэ ихуат
14.02.2025 - 16:55 →
Зи Iэужьым и кIэм нэмыплъыса
12.02.2025 - 12:32 →
И лъэпкъым хуэпэжт
07.02.2025 - 11:01 →
ЦIыху гъуэтыгъуей
05.02.2025 - 12:08 →
Сталинград текIуэныгъэм
|