Iущыр псэущхьэми еущий

ГъащIэм ирикIуэ цIыхум акъыл игъэхъуапIэ къыхуэхъуну псор езы дыдэми ищIэркъым. Псэущхьэхэм я бзэр къызыгурыIуэу щыта Сулеймэн ЛъапIэм зи бзэ мыпсалъэхэр чэнджэщэгъу ищIу зэрыщытам тепщIыхьмэ, бадзэм щегъэжьауэ аргъуейм деж щиухыжу, куэд къабгъэдэпхыфынущ хьэпщхупщхэми гъудэбадзэхэми.

Сабийхэр щыгуфIыкIыну, балигъхэми ящIэну щхьэпэу, «КъурIэн лъапIэм зи цIэ къыщыкIуа псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ» зи фIэщыгъэ тхылъ Тхьэкъуахъуэ Iэуес игъэхьэзыращ илъэс блэкIам.

Тхылъ лъапIэм нэгъуэщI зы еплъыкIэкIэ узэрыбгъэдигъэхьэм нэмыщI, дэтхэнэ зы псэущхьэри къэкIыгъэри сурэт зэмыфэгъукIэ къыщыгъэлъэгъуащ зи гугъу тщIы, альбом жыпхъэм ит къыдэкIыгъуэм. Зи цIэ къриIуэ псоми узыщрихьэлIэ сурэхэм я цIэхэмрэ псэущхьэр е къэкIыгъэр зыхэт Iэятымрэ я лъабжьэм кIэщIэтхащ. Япэ къэсым зи адыгэбзэр имыщIэ «губгъуэджэшым» (чечевица), «ахъуэм» (оливэ), «мацIэм» (саранча) зэреджэри къыдощIэ мы тхылъым и фIыгъэкIэ. Абыхэм ящыщщ: «псыгуIэнэ» (лотос), «гъэшпэж» (люцерна), «жалгъэн» (гребенщик) «ахъо» (инжир), къинэмыщIхэр.

Тхылъым и цIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуа КъурIэным деж дгъэзэжмэ, дызытепсэлъыхь альбомым и мыхьэнэр къызэщIиубыдэ къыщIэкIынщ «Жэм» сурэм и 26-нэ Iэятым щыщ псалъэухам: «ИпэжыпIэкIэ, Алыхьталэр теукIытыхьыркъым аргъуейр е абы нэхърэ нэхъ цIыкIуж гуэр щапхъэу къихьыным» (2:26). Абы поджэж «Хьэж» сурэм и 73-нэ Iэятым бадзэм теухуауэ къыщыкIуэр: «Фэ Алыхьыр къэвгъэнауэ фызыхуэпщылIхэм бадзэ къудей къахуэгъэщIынукъым, ар я мураду зэхыхьэу щытми. Бадзэм зыгуэр ятрихыу щытми, къытрахыжыфынукъым» (22:73). Апхуэдэ Iущыгъэ куэд щызэхуэхьэсащ сурэт защIэу зэхэт мы тхылъ цIыкIум. Хэт ищIэрэ, абы зыгуэрым и гур КъурIэным иришэлIэнкIи хъунщ, е адыгэбзэм и IэфIыр и гум къыщигъэщIэрэщIэжынщ, е и унэм, и пщIантIэм махуэ къэс щилъагъу къэкIыгъэхэри псэущхьэхэри цIыхум хуэдэ дыдэу гущIэгъушхуэм и жьауэм зэрыщIэтым и гум дахагъэ гуэр кърилъхьэнщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: