Хьэрэмыжьрэ Хьэлэлыжьрэ

Адыгэ хъабархэмрэ таурыхъхэмрэ гъэпсащ еджэм акъыл къыхихын хуэдэу. Нэхъыбэм абыхэм фIымрэ емрэ, бзаджэмрэ гуапэмрэ, захуэмрэ къуаншэмрэ, пэжымрэ пцIымрэ щызохьэзохуэ. Псом хуэмыдэу щIэблэм дежкIэ щхьэпэщ мыхэр – цIыху хьэл-щэнхэр, Iуэхугъуэхэр нэIурыту щызэпкърыха таурыхъхэр. Зы щапхъэу къэтхьынщ «Хьэрэмыжьрэ Хьэлэлыжьрэ» хъыбарыр. Мыр зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ. 

Хьэрэмыжьрэ Хьэлэлыжьрэ зэдежьащ:
- ЗекIуэ и вакъэ лажьэркъым, зыгуэр къытпэщIэхуэнщ, - жари.
Зыпс икIри, Хьэрэмыжь жиIащ:
- Шэджагъуэ хъуащ, дыгъашхэ.
Хьэлэлыжь и гъуэмылэр тхьэрыкъуэф Іэнэм къытрилъхьащ, шэджагъуашхэ шхэри ежьэжахэщ. КІуэм-лъэурэ, пшапэр зэхэуауэ, гъуэгущхьэ зэхэкIыпIэм нэсащ.
- Пщыхьэщхьэшхэ дышхэнщ, - жиIащ Хьэрэмыжь. - Мыбдеж нэху дыкъыщекіынщи, пщэдджыжь дежьэжынщ.
- Хъунщ, - жери Хьэлэлыжь и гъуэмылэр тхьэрыкъуэф Іэнэм къытрилъхьащ.
Хьэлэлыжь и гъуэмылэр нагъэсри, жэщри абдеж щрахащ. Нэху щыри, гъуэгу техьэжын щыхъум, Хьэлэлыжь жиIащ:
- Пщэдджыжьышхэ дышхэнукъэ?
Хьэлэлыжь и гъуэмылэм кIэ иратакIэт. Хьэрэмыжь и гъуэмылэм еблащ.
- Мыхъумышхэ сыхъуащ, - жиIащ Хьэрэмыжь, Хьэлэлыжь зыкIэригъэхун мурад ищIати. - Сэ ипщэкIэ сыкIуэнщ, уэ ищхъэрэкIэ ех. КъытпэщIэхуэIамэ, мыбдеж дыщызэрихьэлIэжынщ.
И гъуэмылэр и плIэм ирилъхьэжри, Хьэрэмыжь ипщэкIэ дэкIуеящ. Сыт ищIэжынт Хьэлэлыжь: псы Iуфэр иубыдри ищхъэрэкIэ иригъэзыхащ, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ зы щхьэлыжь бгынэжа ирихьэлIащ. «Жэщыр щисхынщ», - жери, щхьэлым щIыхьащ Хьэлэлыжь, ныбэнэщIти, и щхьэр здижагъуэм, щхьэл гуэным зригъэзэгъащ.
Жэщыбг хъуауэ, щхьэлым зы мыщэ къыщIыхьащ. Мыщэм зигъэукIурия къудейуэ, зы дыгъужь къыщIэпкIащ щхьэлым. Дыгъужьым зы бажи къыкIэлъысащ. Хьэлэлыжь щхьэл гуэным зриудыгъуащ: «СыкъащIэмэ, сызэпкъраудынщ», - жери и псэр IукIауэ.
- Хэт сыт къехъулIа нобэ? - жиIащ мыщэм, и гущIыIу дэгъэзеяуэ здэщылъым. - Бжьахъуэ делэ гуэр къэзгъэунэхуащи, шэджагъуэ жей щищIым зы бжьэ матэ къыфIесхьэжьэри сытхъэжащ нобэ,
- Сэри сытхъэжащ нобэ, - жиIащ дыгъужьым. - Зы мэлыхъуэ срихьэлIати, пщэфIэху, зы мэл къыфIэсхьащ.
- ДжэдылкIэ зыстIыжащ сэри, - жиIащ бажэм. - Джэдыхъуэр псыхьэ къэтыху, джэдым я нэхъ пшэрыр къыфIэсхьащ.
Мыщэм, дыгъужьым, бажэм якIэщIэдэIухьщ, нэху игъэщри, Хьэлэлыжь бжьахъуэм деж кIуащ:
- Нобэ шэджагъуэ жей умыщI: мыщэм уи бжьэ матэ ихьынущ.
Мэлыхъуэми жриIащ:
- УщыпщафIэкIэ мэл хъушэм утемыплъэкъукI: дыгъужьыр къощэнущ.
Джэдыхъуэри игъэIущащ:
- Псыхьэ ущыкIуэкIэ бажэм ухуэмыбэлэрыгъ.
Бжьахъуэм мыщэр къиумысри къыкIуэцIикъухьащ, мэлыхъуэм дыгъужьыр ІэщIэукIэ пэтащ, джэдыхъуэм хьэ къриуштри бажэр къригъэфыщIащ.
Бжьахъуэми, мэлыхъуэми, джэдыхъуэми къагъэфIащ Хьэлэлыжь, хуэхьынум хуэдиз фIыгъуэ къратри къаутIыпщыжащ.
Хьэлэлыжь гъуэгущхьэ зэхэкIыпIэм къэсыжащ, Хьэрэмыжь абдеж щрихьэлIэжащ. Хьэлэлыжь и плIэм илъ фIыгъуэр щилъагъум, Хьэрэмыжь ехъуэпсэнтэкъэ?
- Дэнэ къипха?
Къыздрихар жриIащ.
Хьэрэмыжь ежажьэри, пшапэр зэхэуэрэ пэт, щхьэлыжьым зыщIигъэзэгъащ:
- Сэри сакIэщIэдэIухьынщи, я щэхур сIуатэмэ, бжьахъуэми, мэлыхъуэми, джэдыхъуэми сагъэфIэнкъэ! - жери.
Жэщыбг хъуауэ, мыщэр, дыгъужьыр, бажэр щхьэлым къыщIэджэдэжащ, зэхэубэрэжьауэ, я щхьэр я жагъуэу.
- Махуэ къэс тызогъазэ, тезгъазэ щхьэкIэ бжьахъуэм сыкъеумысри бжэгъу цIынэкIэ сеубэрэжь, - жиIащ мыщэм. - Ноби аращ къызищIар.
- Сэри аращ си махуэр, - жиIащ Дыгъужьым. - Мэлыхъуэр схуэгъэбэлэрыгъыжыркъым. Си лъэдийр зэриуд пэтащ нобэ.
- Джэдыхъуэм зы хьэ къарэжь къызиутIыпщри армыгъуейуэщ сыкъызэрыIэщIэкIар, си кIэр пичащ, - жиIащ бажэм. - Зыгуэр къыткIэщIодэIухь дэ, ди щэхур зыгуэрым еIуатэ.
Щхьэл гуэным иплъэмэ - Хьэрэмыжь илъщ, и нэр къожри.
- Уэраи дызытеунэхъуар! – жаIэри Хьэрэмыжь щхьэл гуэным къралъэфащ, фIыуэ яубэрэжьри мэзым хыхьэжахэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

05.02.2025 - 16:35 Псэм и усакIуэ
23.01.2025 - 13:46 Лъагъуныгъэ
20.01.2025 - 12:43 Лъагъуныгъэ
09.01.2025 - 15:48 Лъагъуныгъэ