УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Кочергин Владимир (1940-2018) къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирикъуащ.
Кочергин Владимир 1940 гъэм мазаем и 6-м Красноярск крайм хыхьэ Игаркэ къалэм къыщалъхуащ. Школ-интернатыр къиуха нэужь, 1974 гъэм ЖивописымкIэ, скульптурэмрэ архитектурэмкIэ Репин Иван и цIэр зезыхьэ институтыр къиухащ. Сыбырым къыщалъхуа сурэтыщIыр а гъэ дыдэм къэIэпхъуащ и гур зыхьэхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым.
1977 гъэм Кочергин Владимир СССР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ. 1979 гъэм щыщIэдзауэ и лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэ художественнэ выставкэхэм. И сурэтхэр щIэупщIэ иIэу нэсыфащ Германием, Австрием, Румынием, Польшэм, Финляндием, нэгъуэщI къэралхэми. КъищынэмыщIауэ, и IэдакъэщIэкIхэр союзпсо, урысейпсо выставкэхэм щыIащ. И лэжьыгъэ 20-м щIигъу щахъумэ Красноярск и Художественнэ музейм, Суриков В. И. и цIэр зезыхьэм, СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Анедрей и цIэр зезыхьэ музейм, и лэжьыгъэхэм дихьэххэм ящыщу хамэ къэралхэм щыпсэухэм.
Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ къахэкIа цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэр, щIыналъэм и щIыуэпс къулейр къыщыгъэлъэгъуа лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр и Iэдакъэ къыщIэкIащ художникым. Апхуэдэу Кочергиным къыщIэнащ фIыуэ илъэгъуа Налшык къалэм и пасэрей теплъэр къыщыгъэлъэгъуа, тхыдэм ижь зыщIихуа лэжьыгъэ куэд. НэгъуэщI къэрал щыпсэухэм а сурэтхэмкIэ Налшык къалэр зрагъэцIыхуащ, и дахагъэм дихьэхауэ.
2018 гъэм дунейм ехыжа Кочергин Владимир и гъащIэр и щапхъэщ ар сурэтыщI гъуазджэм, дахагъэр цIыхубэм я деж нэхьэсыным къызэрыхуигъэщIам. Кочергиным зэфIэкI инрэ щIэныгъэ куурэ бгъэдэлъу щытащ, абы и Iэдакъэ къыщIэкIахэм гъуазджэм и щэху куэд хыболъагъуэ. СурэтыщI IэкIуэлъакIуэр нобэ къытхэмытыжми, ар художник, цIыху гъэщIэгъуэну ягу къинэжащ. Абы къыщIэна лэжьыгъэ купщIафIэхэм республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ ягъэбеящ.