Зэлэжьым адыгэпсэ хелъхьэ

«ДыщэкI IэщIагъэр ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдогъуэгурыкIуэ. Нэхъыбэ зэлэжьу, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр зэрагъэдахэр къызыхащIыкIыуи щытар дыжьынырщ, саутыр абы хэлъу. Къапщтэмэ, Кавказым ис лъэпкъхэм IэщэкIи фащэкIи къащхьэщыкIыу, псом нэхърэ нэхъ гуащIэу, жыджэру мыпхуэдэ IэщIагъэхэр зиIэу щытар адыгэращ», - жеIэ IэпщIэлъапщIэ ныбжьыщIэ Шыкуэ Рустам.

Адыгэхэм я IэпщIэлъапщIагъэм зиужьыным куэдкIэ сэбэп къыхуэхъуауэ къыщIэкIынщ щыпсэу Хэкум и щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр. Ар къулейт гъуаплъэкIэ, пцIийкIэ, мывэрэ ятIагъуэкIэ, пхъэкIэ. Тхыдэмрэ хъыбархэмрэ щыхьэт зэрытехъуэжщи, адыгэхэм я IэкIэ ящIа хьэпшыпхэм XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм щIэупщIэшхуэ яIащ, псом хуэмыдэу IэщэщIхэмрэ дыщэкIхэмрэ я Iэзагъэр зыплъыхьакIуэхэмрэ сондэджэрхэмрэ дуней псом щызэлъащIысырт.

Шэрджэс дыщэкIхэр адрейхэм къахэщырт Iэщэхэр зэрагъэдахэ IэмалхэмкIэ. Къамэкъухэмрэ сэшхуэкIхэмрэ къупщхьэм къыхащIыкIырт, тIыбжьэм - дыжьынрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIа кумбыгъэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, гъущIыкIэхэм адыгэхэр елэжь зэрыхъурэ илъэс мини 6-м щIегъу, гъуаплъэ лъэхъэнэм и дыщэ-дыжьын фIыгъуэхэм къыщыщIэдзауэ (Къэрал Эрмитажым и гъэтIылъыгъэ нэхъыфIхэм хэлъщ). Адыгэхэр зэрыIэпщIэлъапщIэм дыщрохьэлIэ нарт эпосми - Лъэпщ и лъэщапIэм. Ауэ псом хуэмыдэу дыщэкI Iуэхум епхауэ адыгэхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпу щытар дыжьынырщ. Мы гъуазджэр ди лъэхъэнэми къызэрыщIэрэщIэжыр гуапэщ, диIэщ абы хуэIэкIуэлъакIуэ нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри. Адыгэхэм «ДыщэкI» унэцIэр (дыщэм елэжь IэпщIэлъапщIэ жиIэу аращ) зезыхьэхэр ноби зэрахэтыр щыхьэт техъуэми ярейщ мы IэщIагъэр лъэпкъым куууэ къызэрыдэгъуэгурыкIуам.

Шыкуэ Рустам и IэдакъэщIэкIхэр Мейкъуапэ, Черкесск, Ставрополь, Москва къалэхэм, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Ингуш республикэхэм иригъэшэну хунэсащ, уеблэмэ абы ищIахэм щыщ Германиеми нэсащ.

АтIэ, уогупсыс, щIэныгъэ щыщымыIа зэманми псоми щапхъэ яхуэхъуу адыгэм къыдэгъуэгурыкIуа IэщIагъэм нобэ ухуеджэн хуей, хьэмэ ди япэ итахэм хуэдэу зыхуэбгъэсэфыну, жыпIэу. Абы и жэуапыр къыдет Рустам: «ДыщэкI IэщIагъэр уэр-уэру къыпхуэщтэну къызолъытэ, Iэмал имыIэу ухуеджэн хуейуэ щыткъым. Си щхьэкIэ зэрызгъэунэхуащи, университетым сызэрыщеджа илъэсиплIым къыщысщIам еслъытмэ, мы Iуэхум и пIалъэр щызгъэунэхуар Iэмэпсымэхэр зэзгъэпэщу елэжьын щIэздза нэужьщ. ЗэфIэкI гуэр сиIэмэ, абыкIэ фIыщIэ зыхуэсщIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым дыщэкI Iэзэу исхэу Тумэхэ Аслъэнрэ Залымрэщ. Ахэр сэбэп къызэрысхуэхъуамрэ сэ езыри мы лэжьыгъэм къызэрымыкIуэу сызэрыдихьэхамрэ зэхэплъхьэжмэ, арагъэнущ си щIэныгъэм и лъабжьэр».

ДыщэкI IэщIагъэр Рустам къызэрыхиха щIыкIэр жыжьэ къыщожьэ: ар Къулъкъужын къуажэм къыщыхъуащ, курыт школым щыщIэсым гъуазджэмкIэ гупжьейм кIуэурэ зи гугъу къытхуищI Тумэ зэкъуэшхэр абдеж гъунэгъу къыщыхуэхъуащ, абыхэм я лэжьыгъэхэм кIэлъыплъурэ езыри IэщIагъэм тегушхуащ. Нобэр къыздэсым и гъэсакIуэхэр абы сэбэп къыхуохъу, сыт хуэдэ IуэхукIэ захуимыгъазэми, я чэнджэщ егъуэт. Адыгэ гупсысэкIэ яIэу, адыгагъэ яхэлъу щытщи, IэпщIэлъапщIэхэр я Iуэху еплъыкIэкIэ зэтохуэ. ЩIалэр зэлэжьу хъуам адыгэхэм я щэнхабзэ, гупсысэ, дамыгъэ яхилъхьэну хущIокъу.

«Мы зэманми ди IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр псоми къахощ, я теплъэкIи я щIыкIэкIи адрейхэм хуэдэкъым, - жеIэ Рустам. - Илъэси 10 - 15 и пэкIэ ди лъэпкъ гупсысэр зыхуэдамрэ иджыпсту «дыкъызэрыушыжымрэ» шурэ лъэсрэ я зэхуакущ жысIэмэ, сыщыуэну къыщIэкIынкъым. Иджыпсту ди лъэпкъ IэщIагъэ, ди хабзэ жыпIэми фIыуэ зыкъэдужьыжащ. ЖысIэнуращи, адыгэр и блэкIамрэ щыIэкIэ-псэукIэу иIамрэ щыхуеплъэкIыж лъэхъэнэм дыхэту къызолъытэ. Абы ипкъ иткIэ сэри си лэжьыгъэм кIуэ пэтми щIэупщIэ егъуэт. Уемызэшмэ, лэжьыгъэм зэрызебгъэужьын гупсысэрэ мурадрэ уиIэмэ, жыжьаплъэу ущытмэ, мы IэщIагъэр узыIэтыфынухэм ящыщщ. Кавказми Урысейми къищынэмыщIауэ, уеблэмэ дуней псом абы ухишэфынущ.

Рустам зыкъыхуэзыгъазэр мащIэкъым, нэхъыбэу зэлэжьыр къамэрэ сэрэщ. Апхуэдэуи хьэзырхэр, цIыхубз, цIыхухъу бгырыпххэр, нэгъуэщIхэри ещI. «Iэлъын, тхьэгъу жыхуэтIэхэм адыгэ ныпыр тету сощI. Апхуэдэ хьэпшыпхэрщ цIыхум нэхъ яфIэгъэщIэгъуэныр, - жеIэ дыщэкIым. - Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр, къызэрыхэзгъэщащи, ди лъэпкъ ныпыр я псэм щыщ Iыхьэ гуэру къалъытэу зэрыхъужарщ. А дамыгъэр нобэ адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми ецIыху. ИлъэсипщIыр гъащIэм щыщу куэд хъуркъым, ауэ абы къриубыдэу апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къэхъуащ. Адыгэм и тхыдэкIи, и ныпкIи, и фащэкIи, IэпщIэлъэпщIагъэкIи фIыуэ къызэрыщIэрэщIэжам ди щхьэр лъагэу дегъэIэт. Сэ къэкIуэну зэманми нэхъыбэу сызэлэжьынур адыгэ гупсысэ хэлъу, лъэпкъ дамыгъэхэр тету хьэпшыпхэр щIынращ. СыщIохъуэпс адыгэ тхыпхъэ зытет Iэлъынхэмрэ тхьэгъухэмрэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуну. Iуэхум жэуаплыныгъэ хэлъу узэрыбгъэдыхьэм псори елъытащ».

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

Читать также: