ЦIыху насыпыфIэм и гъуэгу«Сэ 1964 гъэм бадзэуэгъуэм и 14-м Кавказ лъапэм деж щылъ Черкесск къалэ щхъуантIэ цIыкIум сыкъыщалъхуащ, - зэи зэримыгъэтIылъэкI гушыIэр и Iэпэгъуу къеIуэтэж и гъащIэр Щауэ Тимур. – СыкъызыхэкIа унагъуэр лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэт – си адэр адыгэщ, си анэр нэгъуейщ». Щауэ Тимур щытхъуну зи мурадым абы и уэрэдхэм щыщ пычыгъуэ къимыхьу хъуркъым. Ауэ уэрэд зэрыжиIэр урысыбзэщ. Урысыбзэ къудеи мыхъуу, уэршэрыбзэщ, уэрамыбзэщ. Куэдрэ дытопсэлъыхь урыс унагъуэм къыщамылъхуам и урысыбзэр зэрыримыкъум къыхэкIыу, итхми щыщIагъэ зэриIэм. Тимур къыщыхъуар мыурыс унагъуэми, и адэ-анэр лъэпкъкIэ зэрызэтемыхуэм хамэбзэр анэдэлъхубзэ хуищIащ. Езым и щхьэгъусэр зэрыкуржым Iуэхум а лъэныкъуэмкIэ нэхъри зригъэужьащ. Гу лъумытапIэ имыIэу, Щауэм и уэрэдхэм куэдрэ къыхохуэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм теухуа сатырхэр. Кавказым ущыщу Мэзкуу ущыпсэуныр, мэзкуудэсхэм я лъахэгъуу закъыщыбгъэхъуныр гугъу дыдэу щыщыт зэманым лъэпкъ зэхэгъэжым къиша Iэуэлъауэ гуэрым кIэлъыпсалъэу абы итхауэ щытащ «Боржомымрэ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэмрэ» зыфIища уэрэдыр. Унагъуэ насыпым теухуауи иIэщ Тимур уэрэд зыбжанэ. Абыхэм язщ зи лIыр гукъэкIыншэ бзылъхугъэр дэзыгъэцIыху «Лъагъуныгъэ тхыгъэхэр» («Любовное чтиво»). ЦIыхубзым жэщ-махуэ имыIэу фIылъагъу романхэр щIеджыкI, и гъащIэр зыщыщIэ гуфIэгъуэ цIыкIухэр ирыригъэкъужын папщIэ. Абы и фIыгъэкIэ илI гунэфыр хуошэч. Нэхъ жыжьэ мэIэбэ «Уи щхьэгъусэм ущIэмыкIие, тIыщхьэ!» («Не ори на жену, баран») уэрэдыр. Ар зыхуэгъэзар псалъэ пхъашэкIэ лIыгъэ къэзыгъэлъагъуэ унагъуэлIхэрщ. ГушыIэ хэмылъыххэуи иIэщ уэрэд Тимур. Абыхэм язщ «Си щхьэгъусэм и щIыхькIэ» («Посвящение жене») зыфIищар: «Псыкъелъэ макъыр зэхэсхыу, сынасыпыфIэу сыкъэушыну сыхуейщ», - гум къонэ абы щыщ сатырхэр. Усэм и кIэухым жиIэну зыхуейр нэхъ IупщIыж щещI: «Псоми щIэрыщIэу зехъуэж, лъагъуныгъэр тыгъэ папщIэу къытхуонэ». «Си анэмкIэ си адэшхуэ Джанибеков Абдул-Хьэмид цIыху къызэрымыкIуэу щытауэ жаIэ, - щыжеIэ Щауэм и биографием. - Ар нэгъуей лъэпкъым и узэщIакIуэт, IуэрыIуатэджт, тхыдэтхт икIи тхакIуэт. Iэщыхъуэ тхьэмыщкIэхэм я бынхэм папщIэ япэ еджапIэхэр Iэщтырхъан губернием къыщызэIуихауэ щытащ абы, езым урысыбзэр щригъэджу. Журнал къыдигъэкIыу, тхылъ тедзапIэм и унафэщIу щытащ. Абы итха пьесэхэр Iэщтырхъан театрым щагъэувауэ яIуэтэж. Иджыпсту зекIуэ нэгъуей алыфбейр зэхэзылъхьэу нэгъуей тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъар аращ. Iэщтырхъан областми Дагъыстэнми абы и цIэр зезыхьэ еджапIэхэр щыIэщ, гъэ къэс «Джанибековым и фэеплъ еджэныгъэхэр» щрагъэкIуэкIыу. Ауэ сэ абыхэм сыкIуэну соукIытэ, нэгъуеибзэкIэ «хъырц» зэрызмыщIэм къыхэкIыу. АдыгэбзэкIи сынэхъ щIагъуэкъым. Си жагъуэ мэхъу ар. Толстойм, Достоевскэм, Пушкиным я щIэблэу хамэ къэралхэм щыпсэухэм урысыбзэ ямыщIэу жаIэри, абыкIэ си гур согъэфI. Адэшхуэм срихьэлIакъым, анэшхуэр пшагъуэ-пшагъуэу си нэгу къыщIоувэж. Зы анэшхуэ Iэминат – тэтэрт, адрей Хьэлимэт – шэрджэст. ЗэрыжаIэжымкIэ, илъэсищ сыхъуху - Хьэлимэт-нанэ псэуху - къысIурылъэлъу адыгэбзэкIэ сыпсалъэу щытащ. Шэч хэлъкъым гъащIэм къыщызэхъулIа псомкIи си адэ-анэм я щIыхуэ зэрыстелъым. Дунейм сыкъызэрытехьам и мызакъуэу, хъу-мыхъуми цIыху къызэрысхэкIар ахэращ зи фIыгъэр. Си адэ СулътIан Азэмэт-Джэрий и къуэр и IэщIагъэкIэ инженер-конструкторт, Черкесск дэт заводым щылэжьащ и гъащIэ псом. Куэдым зэрыдихьэхыр сыт щыгъуи згъэщIагъуэрт. Сыт хуэдэ зэмани еджэ зэпытт зытеухуа IуэхукIэ фIыуэ зэщхьэщыкI тхылъхэм: «Кристаллография», «Гъудэхэмрэ хъумпIэцIэджхэмрэ», «Ноосфера», «Теориер зи лъабжьэ физикэ», «КъэщIэрэщIэжыгъуэм и тхыдэр», къинэмыщIхэр. Ди адэр пхыплъыкIэ куу зиIэ цIыхут. Си къуэшымрэ сэрэ зэхэтщIыхь къомыр, ныбжьыщIэ дыхъуа нэужь, зыгуэр пхыдгъэкIын щхьэкIэ зэIутщэхэр асыхьэтым къыщIигъэщырт. Ауэ Iуэху ищIу зэ диубэрэжьыфакъым. ЩыуагъэнкIи хъунщ. Шахмат джэгуным дригъасэрт. Унагъуэм ис зэраншухэр есэп щIэныгъэхэм хуегъэджэныр зи пщэрылъыр арат. Гуманитар щIэныгъэхэр ди анэм и пщэ дэлът. Абы МГУ-р къиухат, аспирантурэм щеджат, диссертацэ пхигъэкIат. Къэрэшей-Шэрджэсым ТхыдэмкIэ, щэнхабзэмкIэ, литературэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIу лажьэрт. ЦIыхубэ лэжьакIуэт, депутатт, сытым дежи зыгуэрым дэIэпыкъурт.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 09:58 →
Адыгэ таурыхъхэм я дунейм
17.03.2025 - 16:00 →
Лъэхъэнэжьхэм я джэрпэджэж
14.03.2025 - 15:05 →
Куэд елэжьащ
13.03.2025 - 14:12 →
Къару зыщIэлъ усэхэр
07.03.2025 - 09:58 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
|