УзыхущIемыгъуэжын хьэлХьэрыпыбзэм къиIэпхъукIа «сабр» псалъэр адыгэбзэми хъарзынэу хэзэгъащ. «Сабыр и щIагъ дыщэ щIэлъщ», - жеIэ псалъэжьым. Абы тэмакъкIыхьагъ е бэшэчагъ фIэщ, тIум щыгъуэми узыхуиущийр уи хъуэпсапIэр зэуэ къызэрыпIэрымыхьэм е уигу иримыхь гуэр къызэрыпщыщIам уримыгужьеинырщ, сыту жыпIэмэ, гъащIэр езыр и хабзэ пэжым тетыжу макIуэ. Иджыпсту узыгъэщтар, гува-щIэхами, уи дежкIэ нэхъыфIым хуэкIуэнущ. «Алыхьым жыхуиIа хъунщ», - псалъэхэр щIэх-щIэхыурэ щIызэIэпытхри арагъэнщ. Тырку щIэныгъэлI Уэсмэн Нурий тэмакъкIыхьагъым дызэрыхуиущий тхыгъэри зытеухуар аращ. «Сабр» псалъэм и мыхьэнэ дыдэр бэшэчагъщ, щыщIэныгъэм, бэлыхьым, гугъуехьым узэрыпэщIэт хьэлырщ. ФIэщхъуныгъэ зыхэлъ цIыхум и гупсысэкIэм утету уеплъмэ, ар къыпщыщIыну узыхуэмейр уи псэм къызэрытехьэлъэм хуэдэу, Алыхьталэм къыпхуиухуа унафэм арэзы утехъуэнырщ. Сабырагъым муслъымэным и хьэл-щэныр нэгъэса ещI, ар Iиманым и псэщ, дуней насыпми ахърэт ехъулIэныгъэми и IункIыбзэщ. Алыхьталэм и тыгъэ псори нэгъэсауэ Жэнэтым щызыгъуэтынури тэмакъкIыхьырщ. А хьэлыр зыхэзылъхьэфынур адрейхэм и жагъуэ къызэращIыр зигу техуэрщ, псэ зыIутым худэзычыхыфырщ, напэ зиIэрщ, гущIэгъу зыхэлъырщ, езым хуэдэ цIыхум и щыуагъэхэр къыхуэзыгъэгъуфырщ. Бегъымбару дунейм тетахэри цIыхушхуэ хъуа щIэныгъэлIхэри а увыпIэм нэзыгъэсар сабыру зэрыщытарщ. Алыхьталэм КъурIэн лъапIэм 70-рэ и цIэ къыщреIуэ сабырагъым, ислъам диным и Iумэтым щыщхэм а хьэлыр зыхагъэлъыну къыхуриджэу. Псалъэм папщIэ, «Iэн-Нэхьл» сурэм и 127-нэ Iэятым мыпхуэдэ псалъэхэр къыщокIуэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламырэ зэхам хуэгъэзауэ: «Зыхуэгъэшэч-тIэ, сыту жыпIэмэ, уэ уи бэшэчагъыр къызыбгъэдэкIыр Алыхьырщ, джаурхэми абыхэм къыпкIэлъызэрахьэ бзаджагъэхэми уримынэщхъей». «IэтI-ТIур» сурэм и 52-нэ Iэятми къыщокIуэ: «Зыхуэгъэшэч, уи Тхьэм и унафэр къехыху, уэ, шэч хэмылъу, ди нэIэм ущIэтщ. Пщэдджыжьым укъыщытэджкIи, Алыхьым щытхъур хуэIэт». Нухь бегъымбару Алыхьым и нэфIыр зыщыхуам илъэс 950-кIэ удын къытехуэхэри, и цIэр зэрагъэулъийри, и лъэпкъэгъухэр къызэрыщыдыхьэшхри игу тригъэхуащ. Муса лъапIэми и лъэпкъэгъухэм къращIахэр ишэчащ. Езым абыхэм зэрызахуигъэза псалъэхэм феплъыт: «Алыхьым фелъэIу, тэмакъкIыхьу фыщыт. ЩIылъэр зейр Аращи, ар Езым къыхиха и пщылIхэм къахуигъэнэнущ» (7:I28). Iэюб лъапIэм хуэгъэзауэ Алыхьталэм жеIэ: «ИпэжыпIэкIэ, дэ ар тэмакъкIыхьу къытхущIэкIащ. Сыту пщылI телъыджэ!». И къуэр тэмакъкIыхьагъым къыхуриджэрт Лэкъумэн Iущми. ЦIыхум хэлъыпхъэ щэныфIагъым я нэхъ дахэр хэлъащ Алыхьым и щэлатымрэ сэламымрэ зэха Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэм. Абы и гъащIэри и IуэхущIафэхэри зэрыщыту муслъымэным дежкIэ щапхъэщ. Узыдэплъеину зыхуэфащэхэм язщ абы ТIаIиф къалэм щыпсэухэр мывэхэр къраутIыпщу къыщежам щыгъуэ, къигъэлъэгъуа бэшэчагъыр. Зэман дэкIа нэужь, ахэри ислъам диным къихьащ. Мы дунейм дихьэх цIыхум дежкIэ гугъущ сабыру ущытыну. Ауэ апхуэдэ хьэл зыхэзылъхьэфахэр Къемэт Махуэм адрейхэм нуру къахэлыдыкIынущ. Сыт хуэдизу и псэ жьгъейр къемыныкъуэкъуми, цIыхум абы къызыхуриджэ хьэл мыхъумыщIэхэм защихъумэфын хуейщ, псом хуэмыдэу Алыхьталэм хьэрэму игъэувахэм. Хэти гугъуехьым щыпхыкI лъэхъэнэ къыхохуэ, псалъэм папщIэ, езыр е Iыхьлыхэр бэлыхь щыхэхуэм деж. КIуапIэ имыIэххэу къыщохъу гузэвэгъуэ къызытепсыхам. Ауэ хэкIыпIэ щыIэщ – ар псори Алыхьталэм и унафэкIэ къызэрыхъур уи гум ибгъэлъынырщ, Абы укъызэрихъумэнум шэч къытумыхьэу, сабыру ущытынырщ. Апхуэдэ тэмакъкIыхьагъым псапэ къыпэмыкIуэнкIэ Iэмал закъуи иIэкъым. Зэгуэрым щэхьабэхэм яз Iэуф и къуэ Абдурэхьман и къуэм шхын хэплъыхьахэр зытет Iэнэ зэриузэдам гу лъитащ. И нэкIур зэхиуфэри, адэм къуэм жриIащ: «Умэйр и къуэ Мусэб щыхэкIуэдам щыгъуэ, и хьэдэр зыкIуэцIытшыхьын щэкI тхурикъуакъым. И щхьэр щIэтхъумэмэ, и лъакъуэхэр къыщIэщу къанэрт. Арати, щэхьабэхэм мэ дахэ къызыпих удз кърачри, и лъакъуэхэр абыкIэ щIахъумащ. Хьэмзэ лъапIэр щыхэкIуэдам щыгъуэ, джэбын хуэхъуар фызыжь гуэрым и бостеижьщ. Алыхьым сыщошынэ мы дунейм къыщызита тхъэгъуэмкIэ си ахърэт гъуэмылэр игъэмэщIэнкIэ. Абы сызэрыхуэнэпсеймкIэ си ахърэт тыгъэм хэзмыгъэщIу пIэрэ? Дауэ пщэдей Алыхьталэм и пащхьэм сихьэу къысхуищIам щхьэкIэ фIыщIэ зэрыхуэсщIыжынур?». Ахэр жиIэри, зи нэпсхэр къыщIэува щэхьабэ лъапIэр Iэнэм пэрыкIыжащ. Малик и къуэ Iэнэс къиIуэтэжа хьэдисми девгъэдаIуэт: «Алыхьталэр цIыхум фIы къыхуищIэну, Езым и ныбжьэгъу ищIыну щыхуейм деж, ар бэлыхьым хедзэ. Апхуэдиз къызэрыщыщIам хуэдэу, апхуэдэ цIыхур Алыхьым елъэIуу къанэмэ, мелыIычхэм жаIэ: «Алыхь лъапIэ! Дэ тцIыхуу макъ гуэр зэхыдох». ЕтIуанэу «Алыхьу си Тхьэ» зэрыжиIэу, Алыхьталэм жеIэ: «СынодаIуэ, Си пщылI, уэ узыхуей псори Уэстащ, фIы къызыпэмыкIуэну псори Пщхьэщысхащ, нэхъ лъапIэ дыдэу щыIэ тIысыпIэри Пхуэзгъэхьэзыращ». Хьэдис лъапIэхэм язми ди Тхьэм щыжеIэ: «Уа Iэдэм и бын! Сэ гугъу зэрезгъэхьымрэ бэлыхь зэрыхэздзамрэ щхьэкIэ къысхуэмыарэзым, фIыгъуэ лъызгъэсам папщIэ фIыщIэ къысхуищIу, еста ерыскъыр зэзымыгъэзахуэм нэхъеижыр къыпоплъэ». НэгъуэщI хьэдис лъапIэми къыщокIуэ: «Сэ теслъхьа хьэзабым бэшэчу хущытыр Сэ къысхуэарэзыуэ аращ». КъурIэнми щыжеIэ: «Уа фIэщхъуныгъэ зыхэлъхэ! Гугъуехьхэр фшэч, бийм фыпимыкIуэт, Алыхьым фыщышынэ! Хэт ищIэрэ, ехъулIахэм ящыщ фыхъункIи хъунщ» (3:200).
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 17:23 →
УэрэдыфIхэр зи IэрыкI
18.03.2025 - 14:19 →
Я цейр екIуу ящыгъти…
18.03.2025 - 12:26 →
Лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
|