Пушкиным и фэеплъхэрУрыс литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Пушкин Александр дунейм зэрехыжрэ мазаем и 10-м илъэси 188-рэ ирокъу. Абы теухуауэ Урысейм и щIыналъэхэм зэхыхьэхэр, конференцхэр, семинархэр, концертхэр щрагъэкIуэкI, театр теплъэгъуэхэр щагъэлъэгъуэ. КIэщIу жыпIэмэ, къэралым и дэнэ щIыпIи ягу къыщагъэкIыж усакIуэшхуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Кавказым тIэу щыхьэщIа усакIуэм дуней псом щыхуагъэува фэеплъхэр, мы махуэр ди щхьэусыгъуэу, фигу къэдгъэкIыжынщ. Пушкиным и япэ фэеплъыр 1880 гъэм мэкъуауэгъуэм и 6-м Москва усакIуэм и цIэр зезыхьэ утым деж щагъэуващ. Абы илъэситхукIэ и пэ къихуэу фэеплъ щIыным теухуауэ зэпеуэ ирагъэкIуэкIам щытекIуат скульптор Iэзэ Опекушин Александр. Абы и лэжьыгъэщ апхуэдэ пщIэ зылъагъэсар. Москва а фэеплъыр щыщагъэувым махуэшхуэ иращIэкIат. Ар къызэрагъэпэщащ Урыс псалъэхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм, Москва и къэрал университетым, Къэрал Думэм. Пушкинымрэ абы и щхьэгъусэ Гончаровэ Натальерэ хуагъэува домбеякъ скульптурэхэм деж илъэс 50-м щIигъуауэ москвадэсхэмрэ къалэм и хьэщIэхэмрэ щызэблокI. Бурганов Игорь и скульптурэхэр Арбатым деж щагъэуващ 1999 гъэм. Ар ящыщщ Вашингтон, Ижевск къалэхэм Пушкиным и фэеплъ щагъэувахэм елэжьа гупым. Пушкиным и щIалэгъуэр щигъэкIуа Царскэ къуажэм (иджы Пушкин къалэм) 1900 гъэм щагъэуващ Бах Роберт усакIуэм и фэеплъ ищIар. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ фэеплъыр щIатIат, къалэр къэзыухъуреихьа фашистхэм зэхамыкъутэн папщIэ. 1957 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м Санкт-Петербург и курыкупсэм, Урыс Музейм и гупэм деж, Пушкиным и фэеплъ щагъэуващ. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ скульптор Аникушин Михаил. Михайловскэ къуажэм абы щыхуагъэува фэеплъым уигу къегъэкIыж усакIуэр а щIыпIэм щыщыIам тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къызэрыщIэкIар. Къэбгъэлъагъуэмэ, а щIыпIэрщ щынигъэсар «Евгений Онегин» романым и етхуанэ, еханэ Iыхьэхэр. Апхуэдэу абдеж щыщIидзащ «Арап Петра Великого» романыр. Пушкиным и фэеплъ щыболъагъу усакIуэм и цIэр зезыхьэ «Михайловское» къэрал музей-заповедникым и Iэгъуэблагъэм. Илъэс зыбжанэ хъуауэ тхакIуэм и скульптурэм егъэдахэ Москва гъуазджэхэмкIэ и «Музеон» паркыр. Бернштам Л. 1912 гъэм Пушкиным хуищIа фэеплъыр Пушкин къалэм дэтщ. 1999 гъэм фокIадэм и 1-м Париж къыщызэIуахащ Пушкиным и фэеплъ бюстыр, скульптор Орехов Ю. Г. и Iэдакъэ къыщIэкIар. Ар щагъэуващ усакIуэхэм я жыг хадэм пэмыжыжьэу. Урыс усакIуэ цIэрыIуэм и мызакъуэу, домбеякъ фэеплъ Псков щыхуагъэуващ Пушкиным и дэгызэ (няня) Арини. Пушкиным и фэеплъ Китайм и Шанхай къалэм 1937 гъэм япэу щагъэуващ. Абы я мылъку халъхьащ Китайм концерт щызытыну кIуа Шаляпин Фёдоррэ Китайм абы щыгъуэ щыпсэуа Вертинский Александррэ. Канадэ и Монреаль къалэм и Свято-Петропавловскэ соборым пэмыжыжьэу щыт, Пушкиным и цIэр зезыхьэ библиотекэм деж 2002 гъэм усакIуэм фэеплъ щыхуагъэуващ къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу. Ар тыгъэ яхуищIащ скульптор Гамбаров Виталий, гъуазджэхэмкIэ «Кленовые листья» VII фестивалым щыгъуэ. А гъэ дыдэм фокIадэм скульптор Таратынов и Iэдакъэ къыщIэкIа фэеплъыр усакIуэм Черногорием щыхуагъэуващ, «Бонапарт и черногорцы» усэм папщIэ. Налшык къалэми Пушкиным и фэеплъхэр щагъэуващ. УсакIуэшхуэр къыщалъхуа, дунейм щехыжа махуэхэм абдеж цIыхухэр щызэхуэсурэ и гъащIэм топсэлъыхь, и усэхэм къыщоджэ. УсакIуэм и фэеплъ Индиеми щыIэщ. Дели абы щыхуагъэуващ Аникушин Михаил ищIа домбеякъ скульптурэр. Апхуэдэу Пушкиным и фэеплъ щагъэуващ Украинэм, Молдавием, Баку, Африкэм, Австралием, Италием, Тыркум, Венгрием, Кореем, Кубэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Черногорием, Эритреем, Лимасол, Чили, Норвегием, Мексикэм, Германием, Румынием, Сербием, Словакием, Словением, Финляндием, Филиппинхэм, Франджым, Эфиопием, Испанием, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Ахэр щыхьэт тохъуэ усакIуэм и тхыгъэхэм дуней псом щIэупщIэ зэрыщаIэм, къэралхэм щэнхабзэм ехьэлIа зэпыщIэныгъэхэр яку зэрыдэлъым. КъыжыIапхъэщ, а фэеплъхэм я нэхъыбапIэр ди къэралым и скульпторхэм я Iэдакъэ къызэрыщIэкIар. Хамэ къэралхэм кIуэну хуитыныгъэ зимыIа усакIуэр и фэеплъ щагъэува а къэралхэм зэрыщымыIар гурыIуэгъуэщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 17:23 →
УэрэдыфIхэр зи IэрыкI
18.03.2025 - 14:19 →
Я цейр екIуу ящыгъти…
18.03.2025 - 12:26 →
Лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
|