Лъагъуныгъэ

10-нэ Iыхьэ

Динэ зыри жесIакъым. Си шыпхъур гумащIэт, жэщ ныкъуэкIэ гъуэгыу щысынути, хъыбарыр имыщIэмэ нэхъ тэмэму къысщыхъури, си жьэр субыдащ. Жэщ зэрыхъуу, сызэрихабзэу, унащхьэм сыдэкIуеящ. Къалэр зэщIэпщIыпщIэрт. Уафэм удэплъеймэ, вагъуэхэр ипхъауэ изт. ДэнэкIэ умыплъэми, дахагъэм гур ихьэхурт. Сыт мы дахагъэ къомыр сэ си дежкIэ?! Дунейр щыдахэр щыпфIэдахэм дежщ, гъащIэр щыIэфIыр щыпфIэIэфIым дежщ. Сэ ар схуэзыгъэдэхэнумрэ схуэзыгъэIэфIынумрэ спэжыжьэщ. Тхьэм къызипэсакъым. Къатибгъуу зэтет унэм и щхьэм сытетщ, жьыбгъэ мащIэ къопщэ, си Iэпкълъэпкъым щIыIэтыIэу зыкъришэкIыу. «КхъыIэ, Томэ, зэ егупсысыж! ГъащIэр IэфIщ! Уемыплъых щыхупIэм, ехыж!»  - къызжиIэ хуэдэ, зыкъызишэкIауэ, мэIущащэ жьыбгъэр. Дапщэрэ сыкъыдэкIуея мыбы? ДыкъэзыгъэщIам къатибгъукIэ нэхъ гъунэгъу сыхуэхъумэ, сызэхихын си гугъэу, селъэIурт Умар сыхуигъэзэну. Си лъэIур къыщысхуимыщIэфынум, си гъащIэр сIихыну иуха хъунщ. Си адэ-анэм я нэпсыр, благъэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я гущIэгъур слъагъуу, сэри уз хэтIасэр сшэчу гугъу сехь нэхърэ, мы кIыфIыгъэм сыхэбакъуэмэ нэхъыфIкъэ?! Къатибгъум куэдрэ сехыну къыщIэкIынкъым, сыхущIегъуэжынуи сыхунэсынукъым. ДзакIэм  сыкъытеувэрэ сыкъеплъыхмэ, жэщ уэздыгъэхэр иджыри блэрт, цIыху закъуэтIакъуэ дэтт къалэм. Аращ! Себэкъуэнщ! Зы лъэбакъуэ закъуэ…

- Томэ, уэ уафэм уепсалъэрэ? – щабэ дыдэу къоIу Мурат и макъ. Ар  мыбы щхьэ къэса? Сэри хуэм дыдэу сыкъызоплъэкI, ауэ дзакIэм сытекIкъым.

- Мурат? Щхьэ укъэкIуа?

- Дызытет дунейм и инагъыр пщIэрэ, Томэ? – си алэрыбгъу цIыкIу убгъуам тотIысхьэ, гъунэгъу зыкъысхуищIыну игу имылъыххэу. Имылъагъу хуэдэщ сыздытетыр.

- СощIэ! Къызыщызогъэхъуф. Сэри астрономием сыдихьэхыу щытащ.

- НтIэ, мы дунейр зи инагъ, ар зэрыт хьэршыр уи нэгу къыпхущIэгъэхьэну? – и нитIыр стригъэкIыркъым.

- Сыт зи гугъу пщIыр? Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр?

- ПщIэрэ хьэршым и инагъыр?

- Ди дунейм хуэдэ куэд дыдэу зэпкърылъ хьэршыр гъунэншэщ, щIэншэщ.

- Ар зыми ищIэркъым иджыри, ауэ… дэ абы дриIыхьэщ! ЦIыхухэмрэ хьэршымрэ зэбгъапщэмэ, дызырикIщ. Абы щхьэкIэ къэмынэуи, Тхьэм дыкъигъэщIауэ, хьэршым дыщыщщ. Дэ гукъеуэу диIэр зыми имыщIысу аращ, мы дунейм дымыщIэу тетым елъытауэ.

- Ар дауэ? – зыкъызогъэзэкI, Муратрэ сэрэ зэжетIэм сыдихьэхауэ.

- Уэ пщIэрэ, псалъэм папщIэ, цIыху щыпсэууэ иджыри нэгъуэщI зы дуней щыIэми?

- Хьэуэ!

- Зыми ищIэркъым. Мы дунейм сыт хуэдиз уэ умыщIэу, сэ сымыщIэу, щIэныгъэлIхэм ягу къэмыкIыххэу, я акъыл хуэмыкIуэу тетыр? Хэт цIыхур Тхьэм  къигъэщIауэ жеIэ, хэти щIыуэпсым езыр-езыру къыхэкIауэ жеIэ. И пэжыпIэр хэт зыщIэр, дэтхэнэр уи фIэщ хъуну?! А псом сыщегупсыскIэ,  си гугъуехьу хъуар сщхьэщокI сэ, псалъэм папщIэ, си къарум къыхохъуэж, си лъэри къыщIоувэж. А къомым елъытауэ, лIэныгъэр зырикIщ, уи узми мыхьэнэ имыIэ хуэдэщ. Ауэ уи IыхьлыхэмкIэ, адэ-анэмкIэ гуIэгъуэщ. СэркIэ мы дунеишхуэм и кIэухщ! ЦIыхур псэущхьэ псоми я пащтыхьщ, акъылкIэ Тхьэр къытхуэупсащ. Иужь дихьэмэ, дызыпэмылъэщынрэ тхузэфIэмыкIынрэ щыIэкъым. Уэ уи лъэр щIэхуащ иджыпсту, ауэ зыщIэгупсысыж, зыкъэщIэж – упсэун нэхъыфI щыIэкъым. Пэжщ, зэман кIэщI дыдэщ Тхьэм гъащIэу тхухихар, куэдми дыхунэмысынкIэ мэхъу, ауэ а зэман кIэщIым  зэгъэщIэн хуейщ гъащIэм и мыхьэнэр. Аращ мы дунейм цIыхур къыщIытригъэхьар – и акъылыр игъэлэжьэну.

- Сэ сыт ахэр къыщIызжепIэр?

- Ар щIыбжесIэр уэ иджыпсту къыбгурыIуэнукъым, гуауэм уетхьэлэри, ауэ птеужмэ, къыбгурыIуэнущ, - гуапэу си нэм къыщIоплъэ Мурат.

- Сэ къызэузым хущхъуэ иIэкъым, ар цIыхум хуэгъэхъужкъым. Си щхьэм хэлъ узыракъым зи гугъу сщIыр - си гум илъырщ. Си гур къизмытхъыжмэ, нэгъуэщIу сщыгъупщэнукъым Умар… Арауэ къысщохъу си узыр къызыхэсхар. Абыи сынэмысу си ажал къабзэкIэ сылIэжыну Тхьэшхуэм иухащи, сэ махуи махуитIи сыщIэпсэужын щыIэкъым. Си гугъат Умар къэзгъуэтыну, сыхуэзэну, и нэхэм сащIэплъэну. Ауэ… СылIэнущи, сылIэнущ. ЦIыхум ягу зыщIэзмыгъэузу, иджыпсту мыбы селъэрэ сытыншыжмэ, нэхъыфIкъэ?! – си нэпс къекIуахэр схуэмышыIэу, зэрысшыIэн къаруи схэмылъыжу, къысфIожэх.

- Лъагъуныгъэр псом я щхьэщ. Ар къыщыбгурыIуэн щытыкIэ Тхьэм урегъэувэ. Уэ уитщ абы иджыпсту. Уи гугъуехьхэм мыхьэнэ яIами ямыIами зэманым къигъэлъэгъуэнщ, иджыпсту зэуэ ар къыбгурыIуэнукъым. ИкIи сыт уэ пщэдей улIэну ущIигугъэр? Уэ уи лажьэ дыдэр иджыри пщIэркъым, а жыхуаIам хуэдэ лъэпкъ къомыфыкIынри хэлъщ! ИтIанэ, сыт дыхуэмызами, сыт къэмыхъуами – ауэ сытми къэхъуркъым. Псоми мыхьэнэ яIэщ, зыгуэрым дыхущIагъэджыкI. Сыт къэмыхъуами, псори фIыкIэ зэрихъуэкIыжынущ. ПщIэрэ, ищхьэмкIэ укъеплъыхмэ, псори нэхъ уолъагъу… Дунейм щызекIуэхэри, ахэр зыхуэныкъуэри. 

- ДыкъэзыгъэщIара зи гугъу пщIыр? – си акъылым къытехьэ пшэ фIыцIэр трехуж.

- КъыбгурыIуащ!

- Уэ уи фIэщ хъууэ ара псори ди натIэм иту дыкъызэралъхур? – си Iэхэр зэщIэкIэзызэу, си жьэпкъым къыпыткIу нэпсхэр солъэщI.

- Мэхъу, ауэ ди натIэм итым дызэрыхуэкIуэну гъуэгур дэ къыхыдохыж. ТIэкIу дытекIмэ, Тхьэм лIыкIуэ къытхуегъакIуэ, гъуэгу тэмэмым дытригъэувэжын хуэдэу.

- Мис, уэ укъызэрысхуигъэкIуам хуэдэуи? – сытеужыпа хуэдэщ.

- Апхуэдэу нэхъ къапщтэмэ, арауэ бжы, - погуфIыкI Мурат гуапэу.

- Уэ си пIэм уитатэмэ, сытыт пщIэнур?

- Уи гугъуехьыр пщхьэщысхын папщIэ, уи пIэм сиувэнт, зы дакъикъэ семыгупсысу. Ар си Iэмалкъым, ауэ уи Iэр сыубыду, мы унащхьэм уесшэхыжыну си зэфIэкIым къихьынущи, кхъыIэ, Томэ, уи Iэр къызэт! Сэ уэ пхузиIэ лъагъуныгъэм зы хьэтыр гуэр иIэмэ, си Iэр убыд, - жеIэри, и Iэр къеший.

Мурат и псалъэхэм дэгу-нэф сащIат, жиIахэм сегупсысурэ, нэгъуэщI щIыпIэ  сыкъыщыхутат, си узри, сызытет унащхьэри щымыIэж хуэдэт. Хуэмурэ, си напIэхэр къэсIэтри, Мурат сыкъыхуеплъэкIащ. И нэгур зыгуэрым къигъэнэхум хуэдэт.

- Уи жыIауэ, си узыр зыми ищIыскъым, хьэршым елъытауэ. Уэ сыкъыщыбгъэувыIакIэ, нобэ си ажалыр къэса хъункъым. Зы зэман сIэщIауда зэчийм къыщIигъэзэжам мыхьэнэ иIащ – уэрэджыIакIуэ сымыхъуатэмэ, Умар сыхуэзэнутэкъым. Зэгуэрым къысхэхъыжьэу инджылызыбзэ зэзмыгъэщIатэмэ, Умар сыгурыIуэфынутэкъым. Уэ иджыпсту Тхьэм укъысхуимыгъэкIуатэмэ, си хьэдэр диижауэ щIым щылъынут! УкъыщысхуигъэкIуакIэ, сыпсэун хуейуэ къыщIэкIынщ. Си насып гъуэгур абдеж щызэпыч хъункъым. НакIуэ, дегъэхыж, - Мурат си Iэр хузоший.

- НакIуэ! – къыпыгуфIыкIыу, къызоплъ. Си Iэр еубыдри, дыкъохыж.

Зы тэлайкIэ Муратрэ сэрэ унэ щIыхьэпIэм дыпсалъэу дыщытащ. Унащхьэм къыщыхъуам дытепсэлъыхьыжакъым. Зыгуэрым зэрыхуимыIуэтэжынури хьэкът.

- НтIэ, Томэ, нэхулъэфI укъикI. Пщэдджыжь сыкъыIухьэнщи, къуажэм усшэжынщ, Ставрополь фыкIуэ хъуми, фи гъусэу сынэкIуэнщ, - си Iэпэхэр щабэу еIуэт.

- Сыпшэжынщ, ауэ абы нэскIэ дауэ узэрынэкIуэнур? Уи лэжьапIэр-щэ?

- Сыт уи гугъэ а зы махуэм щхьэкIэ къэхъунур?! ЗыкъезгъэутIыпщынщ, Iуэхушхуэ хъуаи! Аращ, ей, еуэ! – жысIэным сынимыгъэсу, и Iэр къысхуищIурэ, дэкIуеипIэм йожэхыж.

Пщэдджыжьым Мурат жьыуэ къэсри, паркым дыкIуащ. Дунейр дахащэщ бжьыхьэпэм: пщIащэхэр къыпылъэлъын щIадза къудейщи, жыгхэр пцIанэ хъуакъым, уэшх щIыIэми уигъэбампIэркъым, дыгъэр мащIэу къопс, тхьэмпэмэ гуакIуэм уи Iур егъэнщI, къодэхащIэ. Ихъуреягъыр дыщафэщ, гъущэщ, дахэщ. Япэу дунейр слъагъум хуэдэу сыщытт, си гупсысэхэр зэхэзэрыхьат, си гуфIэгъуэм ух иIэтэкъым. Дыгъуэпшыхь сызэрыщытамрэ иджыпстурэ шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. НэгъуэщI зыгуэру щытатэмэ, куэд мыщIэу сылIэнущ, жиIэнурэ, пIэм хэгъуэлъхьэжынут. Сэ согуфIэ. Ар зи фIыщIэр Муратт. Сэ сыгуфIэу къалэ паркым ситт, бжьыхьэ пщэдджыжь жьы  къабзэмкIэ сримыкъужу. Сыхьэт зы - тIукIэ си адэ-анэм я пащхьэм сиувэн хуейт, хъыбар шынагъуэр си IэплIэм илъу, ауэ ари къысфIэIуэхутэкъым. Сыту пIэрэ апхуэдэу сыщIыщытыр? Сыт хуэдизрэ сыпсэуну къысхуэнэжами сщIэркъым. Сымаджэщым къыщызжаIэну хъунщ, ауэ цIыхум я гум сыкъинэну сыт злэжьын? Сыту упщIэ куэд си щхьэм илъ! Сыту куэдым уи акъылыр жэрэ, ажалыр гъунэгъу къэхъумэ! Зи лIэгъуэ къызэрысар зыщIэ псори апхуэдэу щыту пIэрэ? Сытым семыгупсысами, зы къару гуэрым сиIыгъщ, си щхьэр лъагэу къеIэт, си Iупэхэр зэтрегъэжри, сегъэгуфIэ, сегъэгушхуэ. Моуэ, пшэ щабэ сыхэтым хуэдэу сыщытщ, псори хуэмыбзэу си пащхьэм щызэблэкI сфIощI. Мурат си Iэр щабэу къещтэри, и Iэгум ирекъузэ.

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться:

Читать также: