Ди щIэджыкIакIуэхэм гу лъатагъэнщ зи цIэр хуабжьу мыIуа, усэбзэм е тхакIуэбзэм иджыри фIыуэ хуэмышэрыуэ цIыхухэм я IэдакъэщIэкIхэр газетым и напэкIуэцIхэм къызэрытеддзэм. Литературэм япэ лъэбакъуэр щызычхэр зэкIэ зыгъэусэр я псэрщ, ауэ куэдрэ къалэмым и гъэбзэкIэри абы лъэщIохьэж. Нобэ ди гуапэу фи пащхьэ къыдолъхьэ Къэхъун къуажэм щыщ Джатокъуэ Хьэжмурат и усэхэр.
Джатокъуэ Хьэжмурид и къуэ Хьэжмурат Аруан куейм хыхьэ Къэхъун къуажэм 1949 гъэм къыщалъхуащ. 1969 гъэм курыт еджапIэр къиуха нэужь, щIалэр Налшык дэт технологическэ техникумым щIэтIысхьэри, пщафIэ IэщIагъэм хуеджащ, иужькIэ Уфа дэт шхапIэ зыбжанэм щылэжьащ. 1979 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым, езыр щалъхуа Къэхъун къэкIуэжри, и адэшхуэ Хьэжбатыр хуэдэу пхъащIэу «Каббалкмебельсбыт» IуэхущIапIэм щылэжьащ, цIыхухэм я псэуалъэхэм щIагъэувэн унэлъащIэхэр яхуищIу. Iэнэ лъакъуищхэр, стIолхэр, гущэхэр, унэм къыщысэбэп, пхъэм къыхэщIыкIа нэгъуэщI хьэпшып куэд ищIащ Хьэжмурат, и IэщIагъэм ирилэжьэху. 1980 гъэхэм ар ягъэуващ пхъэм щелэжьу Нарткъалэ дэт IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэу.
Лъэпкъ Iуэхум хуэжыджэр Джатокъуэ Хьэжмурат Адыгэ Хасэ лъэпкъ зэгуэтым и депутату щытащ. 1992 гъэм Куржым и дзэр Абхъазым щытеуам щыгъуэ, ди къуэш республикэм и цIыхубэм лей къатемыхьэн папщIэ Iэщэ къэзыщтахэм, Абхъазым текIуэныгъэ къахуэзыхьахэм язщ Хьэжмурат. Иджы ар пенсэм тIысыжауэ, и нэгу щIэкIахэр усэбзэкIэ къытхуеIуэтэж. Пхъэпсым и пIэкIэ къалэм къэзыщта Хьэжмурат гу къабзэкIэ мэусэ, и усэхэр дэ дызэса жыпхъэм имыту къыффIэщIми, гум ешыкъылIэн гуэр къыхыумыгъуатэу къанэркъым.
КЪУДЕЙ Iэминэ.
* * *
Гукъеуэ гъащIэм хузимыIэ,
Сэ гъащIэм куэдкIэ семылъэIу,
Махуэр хуабэIуэм - псы Iубыгъуэ,
Уаер етамэ - уэтэр жьэгу.
Е губгъуэ нэщIым си пкъыр къинэм,
Дзыхь хуэсщIыфыну зы ныбжьэгъу,
Гъатхэ гъэгъауэ гукIэ згъафIэм,
Зэман, сыхуищIу нэхъ гъунэгъу.
Си лъэпкъым и анэдэлъхубзэм
Псэр дрегушхуэ, бзэр бзэрабзэу,
ЗыщIапIыкIауэ и лъэпкъ хабзэр
ИреIыгъыж псынэпсу къабзэу.
Ди къуэш хэхэсхэу зи щIыхь инхэм
Ягу къыбгъэдэкIыу зы фIэхъус,
Напэ е псапэ зимыIэжхэм
Къащтэжыгъарэт лъэпкъ нэмыс.
Ди уафэ къащхъуэм, щIылъэ щхъуантIэм
Къабзагъэу яIэр тхуэхъумамэ,
Лъэпкъым и бынхэр мызеиншэу,
Я адэ-анэм здапIыжамэ.
И жэщым, махуэм, псэху имыщIэу,
И лъэпкъыр псэкIэ зыхъумам
ТIэкIу мащIэу щытми, игъуэ нэсу,
Къилэжьа фIыщIэр лъысыжам.
Анэдэлъхубзэ зыIулъ псоми
Я бзэм и щIыхьыр яIыгъам.
Лъэпкъыр узыншэу, насыпыфIэу,
ФIыгъуэшхуэу щыIэр къехъулIам.
Гукъеуэ гъащIэм хузимыIэ,
Сэ гъащIэм куэдкIэ семылъэIу,
Мы ЩIы хъурейм и зы плIанэпи
Щытремыхьэ зауэ гъуэгу.
Лъэпкъыу щыпсэухэм, жэуап здахьу,
Ди ЩIылъэ-анэр здахъумам.
Си лъэпкъыжь уардэу зи пщIэр лъагэм,
Бын пэжу иIэр зы хъужам.
ЗылI дрибыну, лIыгъэ тхэлъу,
Зэныкъуэкъуныр IэщIыб тщIауэ,
ЗэгурыIуэныр ди жьэгу пащхьэм
Псоми зэгъусэу дэтлъхьэжамэ.
Гукъеуэ гъащIэм хузимыIэ,
Сэ гъащIэм куэдкIэ семылъэIу,
ЩIы щхьэфэр зи псэупIэу щыIэм
Яхуэгъэзауэ мыр си лъэIущ.
* * *
Насып гъуэгур кIэщIщ,
ЦIыху гъащIэр нэхъ кIэщIыжщ.
ПхузэфIэмыкI, зыхыумыщIыкI щытыкIэ
Къалэн зыщумыщIыж.
ДыцIыху къудейуэ аркъудейщ,
Ди гъащIэ мащIэр бжьизщ.
Дунеишхуэр уи зэфIэкIым
Дэджэрэзу зумыбжыж.
Зи псэ тхэлъым и IэмыркIэ
ЩIым и щхьэфэм щекIуэкI гъащIэм
И увыпIэ щиIыгъыжщ.
ЦIыху къалэнкIэ псыхьа гъащIэм
И зы махуэ ущыуам,
Уи щыуагъэр гъэзэкIуэж.
Уи псэр псэкIэ зыхъумам и щIыхь
Псы IубыгъуэкIэ ущыуэу умыщэж.
Зэман блэкIым уемыижу,
Къэунэху махуэм хуэхъу цIыху пэж.
Жьыгъэм и гъэм ущымыщтэу,
ЩIым и хабзэ умыхъуэжу,
Уи цIыху хьэкъ Iыгъыж.
ЩIым къыхэкIар
ЩIым щыщ мэхъуж.
* * *
ЛIыгъэ пхэлъу упсэуам,
ЛIыгъэ пхэлъу псэр птыжынщ.
Хьэ псэукIэу упсэуам,
Хьэхэм я кхъэм псынщIэ дыдэу
Уи хьэщIэгъуэр щыбухынщ.
* * *
Шабзэшэу псалъэм гур еуIэ,
Егъэщтыр дыкъыу псэр.
Хуэсакъ уи псалъэм, шынэхъыщIэ,
ЦIыхуфэр Iувми, пIащIэщ псэр.
* * *
Уи пэжыгъэ, уи цIыхугъэ зымылъагъум,
Зэхэзымыхым уи джэ макъ.
Iэр шияуэ, уи псэр гугъэу
Губгъуэ нэщIым укъизынэм,
ЗыхуумыщI гъунэгъу, хуэсакъ!
ЦIыху хьэкъыншэр,
Гъуанэдэур, щэхурыпхъуэр,
ЩIыбагъ псалъэ къезыхьэкIыр…
А цIыху ныкъуэр
Зы мэскъалкIэ хуэмыныкъуэ
Уи цIыхугъэм игу щIэныкъуэм,
Уи щIыхь хъумэ, зыхуэсакъ!
Алыхьталэм укъихъумэ,
ЩIым и щхьэфэм щекIуэкI гъащIэм
ЩыбгъэзащIэу уи цIыху хьэкъ.
* * *
ЩреIу щIым и щхьэфэм
ЩекIуэкI гъащIэм
Сабий узыншэхэм я дыхьэшх макъ.
Дыгъэ нэпс пщIыпщIым
И шыр цIыкIухэм
Я мамырыгъэм,
ЦIыхухэ, фахуэсакъ!
Дэтхэнэ цIыхуи, псэ зыIутхэм
ПыухыкIауэ ди къалэнщ.
Махуэ къэунэхум и зэфIэкIым
ФIыгъуэ мыухкIэ дыпежьэн.
КъытщIэхъуэ щIэблэм
Я псэр къабзэу
ГъащIэ мытыншым
И гъуэгуанэм тедгъэувэн.
Нэмыс, насып, пэжыгъэ я псэм хэлъу,
Лъэпкъ уардэу щыпкъэм и бзэр,
Хабзэр яхъумэн.
Пэжыгъэ инкIэ псыхьа гъащIэ
Ди ужькIэ къанэм къахуэнэн.