ТемыкIуэ псори хилъафэркъым

Дэ мызэ-мытIэу зэхэтхащ Урысейм и пащтыхь гуащэу щыта Екатеринэ ЕтIуанэмрэ франджы узэщIакIуэ Вольтеррэ зэхуэтхэу, зэныбжьэгуу зэрыщытар. Ауэ а тхыгъэхэм адыгэхэм ятеухуа гуэрхэм уазэрыщрихьэлIэр къыщытщIар иджыблагъэщ. 
 «Сыт жыпIэн, си зиусхьэн, адыгэ пщащэ тхьэIухудхэр Константинополь дэт сэрейхэм, Iэщым ещхьу, зэрыщIаубыдэр ягу темыхуэжу, я адэхэмрэ я дэлъхухэмрэ Урысейм и унафэм щIэувэну къызэрытрагъэхьар къапщIэмэ? – хуетх Екатеринэ Вольтер 1769 гъэм фокIадэм и 22-м. – Пэж дыдэу, бгырыс адыгэхэр тхьэрыIуэкIэ си жьауэм къыщIэуващ, сыкъагъэпэжынуи сыкъагъэгугъащ. Зи гугъу сщIыр КъэбэрдейкIэ зэджэ щIыналъэм щыпсэухэрщ. Ар ди дзэмрэ ди къалмыкъхэмрэ зэгъусэу, псыжь тэтэрхэм зэратекIуам кърикIуа Iуэхущ. Зи гугъу сщIыр Мустэфа и жьауэм щIэт, Тэн и адрей Iуфэм адэкIэ къыщылъ щIыпIэу Псыжь щежэхым деж щыпсэухэрщ». 
 Екатеринэ зытепсэлъыхь Мустэфар а зэманым Тыркум и сулътIану щыта Мустэфа Ещанэрщ. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр зэпэзыубыда Урысеймрэ Тыркумрэ ялъэкI къагъанэртэкъым щхьэж и бийм жыIэщIэ хуэхъункIэ зыхуэсакъ бгырыс лъэпкъхэр езыхэм я лъэныкъуэ ящIын щхьэкIэ. 
 Зи пычыгъуэ къэтхь тхыгъэм Екатеринэ зи гугъу щищIыр 1769 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м КъалэIус псыежэхым деж щекIуэкIа зауэзэрылIырщ. Урысхэм ягухьа Убашэ къалмыкъ хъаным и дзэр адыгэхэмрэ нэгъуейхэмрэ а махуэм зэратекIуар къалмыкъ тхыдэм гъэщIэрэщIауэ хэт напэкIуэцIхэм язщ. 
 Iуэхум и пэр умыщIэмэ, и кIэри гурыIуэгъуэ хъуркъым. Нэхъ убгъуауэ къэхъуам тепсэлъыхьыжащ къэзакъ тхыдэдж Потто Василий. Псо дыдэри уи фIэщ пщIы зэрымыхъунум и щыхьэтщ ар къалмыкъ 20000 хъу хъаныдзэр зыгухьа къэзакъ 3000-м я лъэныкъуэм къызэрипсэлъыкIыр. 
 ЛъэныкъуитIыр зэпэщIэувэным фIэгъэнапIэ хуэхъуар адыгэхэмрэ нэгъуейхэмрэ къалмыкъхэм зэратеуар арами, щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Мэздэгу тегъэщIапIэ ящIауэ, урысыдзэм Кавказым зэрызыщиубгъур зылъагъу адыгэхэм зэрызахъумэжырт. 
 «Къэбэрдейхэм Мэздэгу быдапIэр зэраухуамкIэ я хуитыныгъэм дебгъэрыкIуэу къащыхъури, абы епха унафэхэр ирагъэхъуэжыну хэтащ. 1764 гъэм абыхэм Бытырбыху лIыкIуэ ягъэкIуауэ щытащ пщы Къесын Къетыкъуэрэ пщIэшхуэ зиIэ уэркъ Шэхьбэз-Джэрийрэ я пашэу, - етх Потто. - Езыхэр Мэздэгу къедза щIым зэрыхуитыр, ар игъащIэ лъандэм хъупIэу зэрызэрахьэр къыхагъэщурэ я хьэкъым тепсэлъыхьа щхьэкIэ, жэуап къратахэр ткIийт - урыс тетыгъуэм зэрыфхудичыхарщ абдежри Гум и Iэгъуэблагъэри иджыри къэс хъупIэу зэрывиIар къыжраIэу. 
 I765 гъэм Сокъур-хьэжыкIэ зэджэ нэгъуеипщ Къарэмырзэ Аслъэнбэч адыгэхэм я гъусэу Къызлар быдапIэм теуэри, хэщIыныгъэ яIэу кърахужьэжащ. Ауэ ари Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ Тэрч Iуфэм къэзакъыдзэр нэхъыбэ щащIыным щхьэусыгъуэ хуэхъуащ». 
 Дагъыстэн университетым и щIэныгъэлI Демир Шакир «XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм Урысеймрэ Тыркумрэ Кавказым тепщэныгъэр щызэпаубыдауэ зэрыщытам Дагъыстэныр къызэрыхэщыр» и лэжьыгъэм щетх: «1765 гъэм мэкъуауэгъуэм икIэм Кърымым, псыжь Iуфэмрэ абы и щIыбагъымрэ къикIа адыгэхэу зауэлI 4000 хъу дзэр Нэгъуей ЦIыкIум ипщ Къарэмырзэ Аслъэнбэч (Сокъур) я пашэу гъунапкъэм тес къэзакъхэм ятеуэри, сыхьэтитIкIэ Къызлар быдапIэр къаувыхьауэ яIыгъащ, ауэ хэщIыныгъэшхуэ яIэу кърагъэкIуэтащ. Ахэр Тыркум и жьауэм зэрыщIэтым къыхэкIыу, урысей тетыгъуэм фокIадэм Тыркум гукъанэ тхылъ хуигъэхьащ, итIанэ Къызларрэ Мэздэгурэ я зэхуакум Индыл къэзакъыдзэр къишэри, абдежым унагъуэ 517 иригъэтIысхьащ, къэзакъ зауэлIу 1500-рэ къишащ». 
 Потто деж дгъэзэжмэ, адэкIэ къэхъуар къэзакъ тхыдэджым зэрыжиIэжыр мыпхуэдэущ: «1769 гъэм и гъатхэр псыжь адыгэхэмрэ тэтэрхэмрэ ди къалмыкъхэм къазэрытеуамкIэ къыщIидзащ. Къалмыкъ хъан Убайшэ абыхэм Мэздэгу теуэну мурад зэраIэр зэхихати, зауэлI 20000 зыхэт и шуудзэр иришажьэри, КъалэIус псыежэхым деж зыщиудыгъуат». 
 Адыгэхэмрэ нэгъуейхэмрэ я дзэ зэгуэтыр мы чэзум ирамыгъэкIуэтыпIэ иIэтэкъым - ахэр зэрыхъур зауэлI 6000 къудейт. Ауэ щыхъукIэ, къалмыкъхэмрэ урысыдзэмрэ я бжыгъэр 23000-м нэсырт. 
 ЗауэзэрылIыр иуха нэужь, урысыдзэмрэ къалмыкъхэмрэ Къэбэрдейм ихьэри, хэкурысхэм тхьэ ирагъэIуащ. Дыкъевгъаджэт ар Потто зэритхыжым: «Хъыбарыр зэрызэхихыу, генерал Медем къалмыкъ хъаным гуэувэри, Бещто деж къэбэрдей щIыналъэм ихьэну зыщиузэдащ. И дзэр зэрыхъур къэзакъ мини 3 къудейт. Ауэ къару нэхъыщхьэр 20000-м щIигъу къалмыкъхэрт. Медем унафэ хуащIат хъаным гу лъримыгъэтащэу, урыс тетыгъуэм зыхуейр иригъэщIэну, ауэ ар къехъулIауэ пхужыIэнукъым. Урысыдзэр Къэбэрдейм зэрихьэу, а хэкум исхэм ящыщ зы гуп къакIуэри император гуащэм тхьэрыIуэкIэ и жьауэм щIэуващ. Ауэ пщы щIалэхэм ягъэжэкъуа нэгъуэщI гупым гъунэгъуу щыт бгыхэм зыщагъэпщкIуащ, я хуитыныгъэр зыIэрагъэхьэжыну хэту». 
 Мы иужьрей псалъэхэм дыщIимыгъужIауэ Лермонтовым усэбзэм иригъэува къыпфIощI, «Исмэхьил-бейм» укъыщеджэкIэ. Абы лIыхъужь нэхъыщхьэу хэт ХьэтIохъущокъуэр къэзакъым хуэза нэужь, зэжраIахэм къыхэщыр ардыдэрщ: 
- ЖыIэт, къэзакъ, мы Iэгъуэблагъэр
Куэд щIауэ нэщI мы зэрытлъагъуу?
- Уи лъэпкъ мышынэу къигъэщIар
Урысхэм къытщышынэ хъуати, 
ХамэщIым зыщытфIигъэпщкIуащ, 
Илъэс еплIанэ мэхъу алъандэм.
 
 Мы зауэзэрылIым хэта лъэпкъ псоми я тхыдэджхэм ар лъэныкъуэ куэдкIэ къагъэлъэгъуэжащ. Дэ Екатеринэ ЕтIуанэм и тхыгъэр зытепсэлъыхьыр зэхэдгъэкIауэ аркъудейщ. 

 

Поделиться:

Читать также: