МацIэ Русланрэ Щомахуэ Хьэмыдбийрэ я «ЗэныбжьэгъуитI» къафэр куэдым ягу ирихьырт, Щоджэн Владимир и сэпэхэтIэхэмкIэ, Ало Жаннэ, БжэныкIэ Надеждэ, Iэсей Светланэ, Шэбэзджэрий Рае сымэ я «Хъыджэбз къафэмкIэ», ДзыхьмыщIхэ Къэралбийрэ Зарэрэ «ИслъэмеймкIэ», Мысачэ Валентинэ «ГандаганымкIэ», Нэгъуд Борисрэ Джатэжь Хьэмидбийрэ «ПсэлъыхъухэмкIэ», Балъкъэр СэфрэIил, Соттаев Къанщауэ, КIэрэф Анатолэ, Молай Алик сымэ «Мэлыхъуэ къафэмкIэ», Жабоевэ Еленэрэ Нэгъуд Любэрэ «Акушин къафэмкIэ», Къэрэжь Людмилэрэ Мэрыш Зауррэ «КартулимкIэ» цIэрыIуэ щыхъуат Доминикан щIыналъэм. А зэманым ирихьэлIэу, «Кабардинка» къэфакIуэ гупым къызэпичат Аргентинэ, Эквадор, Колумбие, Панамэ, Коста-Рикэ, Никарагуэ, Сальвадор, Перу, Доминикан Республикэр…
Лъэпкъ къафэр псэкIэ зыхищIэу илъэс тIощIкIэ «Кабардинка»-м хэтащ Щоджэн Абубэчыр (Владимир). Абы и гукъэкIыжым щыщ: «ДыщIалэщIэ дыдэу дыкъащтат «Кабардинка» ансамблым, ауэ сэ абы зыгуэркIи сыхуэхьэзырт. ГъэсакIуэ хъарзынэхэр сиIащ. ПщыхьэщхьэкIэрэ, школ нэужьым, дызэхуишэст ди къуажэдэс нэхъыжьыфI Бгъэжьнокъуэ Исмел. Абы лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ дыхигъэгъуазэрт. - А лIыжьыр икIи пшынауэт икIи гъэсакIуэт, IуэрыIуатэм, макъамэм фIыуэ хищIыкIырт. Курыт еджапIэр къэдухыу училищэм дыщыщIэтIысхьами, сэ IэщIыб сщIакъым къэфэныр. Уэрэдус, къэфакIуэ лъэщ Къашыргъэ Билал деж зыщызгъэсащ, Дашу Хьэшыри куэд къызигъэщIащ. Щапхъэ уиIэн хуейщ сыт хуэдэ Iуэху упэрыхьэми. Апхуэдэ къэфакIуэ нэхъыжьу диIащ Соттаев Къанщауэ, ансамблым и налкъутт Шэру Соня, Алэкъей Мухьэмэд, ДзыхьмыщI Къэралбий сымэ. ДзыхьмыщI Зарэ и Iэм и дахагъыу къиIэтым хуэдэ гупым сызэрыхэта илъэс 20-м слъэгъуауэ къысхуэщIэжыркъым, Къарэжь Людэ псэемыблэжу зэрылэжьар сыт и уасэт! Мысачэ Алик ещхьу утыкум лъапэкIэ къилъадэрэ макъамэр иухыхункIэ апхуэдэу къэфэфынур мащIэщ. Шэру Соня иужькIэ соло зыгъэзэщIа Мысачэ Валентини «псым ес къыу хужь» зыхужаIэм хуэдэт. ЛIы губзыгъэхэт Нэгъудэ Барэсбии КIэш ФуIэди, Хъыдзэдж Анатолэ нэмысу хэлъам ущIэмыупщIэххэ. Мэмбэт Хьэсэн, Балъкъэр СэфрэIил... КъэфакIуэ гупыр зыгъэбжьыфIахэм я цIэ-унэцIэу куэд къыпхуебжэкIынущ. Зэгуэрым, концерт нэужьу, Мысачэ Алик: «Сыт жыпIэну ухуейт?» - жаIэри къеупщIат. ИкъукIэ сигу ирихьат жэуапыр: «ЖысIэну сызыхуейр си къафэмкIэ къэзгъэлъэгъуащ». Апхуэдэ цIыху жан, лъэщ защIэщ сэ сызыхэтар, ахэр къызэрысцIыхуам, къызэрыздэгъуэгурыкIуам сэ нобэ срогушхуэ.
Щоджэныр къэфакIуэ гуп цIэрыIуэм зэрыхыхьам хъыбар кIэщI иIэщ. Совет властыр ди къэралым зэрыщаухуэрэ илъэс 50 зэрырикъум и щIыхькIэ I967 гъэм художественнэ самодеятельностхэм я зэхьэзэхуэ ин екIуэкIауэ щытащ. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэта Гальперин Григорий («Кабардинка»-м и унафэщIт) щIалэ зытхух, Владимири яхэту, абы къыхишри и ансамблым иригъэблэгъат. УнафэщIми гъэсакIуэхэми я дзыхь къызэрырагъэзам папщIэ, Щоджэным лъэкI къигъэнакъым. Армэм ираджэн и пэ къихуэу, Владимир ансамблым хэту мазитIкIэ щылэжьащ Африкэ Ищхъэрэм и къэрал зыбжанэм - Алжир, Тунис, Ливие, Марокко.
ИлъэситIкIэ Щоджэныр хэтащ Тыркумэным щыIэ дзэ округым къафэмрэ уэрэдымкIэ и ансамблым. Гупыр концерт иту щыIащ Афганистаным, Пакистаным, Мысырым. Дзэм къулыкъу щищIэу къигъэзэжа нэужь, къэфакIуэр кIэщIкIэ хыхьэжащ «Кабардинка»-м. Гальперинымрэ пшынауэ Къуэдз Iэубэчыррэ и дэIэпыкъуэгъуу, Щоджэным игъэхьэзыращ «Джатэ джэгур».
Гупым и художественнэ унафэщIым и нэ къикIт «Лъэпкъ джэгукIэхэр» жиIэу зы къафэ теплъэгъуэ игъэхьэзырыну. «Джатэ джэгур» гъэувын хуейуэ Щоджэн Владимир куэд щIауэ и гум илът, «Лавина с гор» кином ар Атэлыкъ Далий щигъэзащIэу илъэгъуауэ. Арати, тхыдэми абы теухуауэ зыгуэрхэр къыхиджыкIыжри, ягъэхьэзырауэ щытащ.
«Джатэ джэгур» Щоджэным япэ дыдэу утыку къыщрихьащ Винницкэ областым (1971 гъэм), Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэр абы щыщекIуэкIам.
Щоджэныр япэу сценэм къыщихьа а пщыхьэщхьэр дахэу щатхыжат «Адыгэ псалъэ» газетым: «…УвыпIэ къудей имыIэжу цIыхур зыщIэз залышхуэм и утыкур уи нэр щыджылу нэхущ. УзыIэпишэу макъамэ гуакIуэ къоIури, пащIэ фIыцIэ екIу зытет щIалэ къамылыфэ адыгэ фащэкIэ хуэпар утыкум къолъадэ. Абы и IэмыщIэ зэщIэлыдэжу къамэ 30 илъщ. Нэр темыпыIэу зипхъуатэу щIалэм зыздигъазэм, укъигъащтэу Iэуэлъауэ гуэр къоIу. Уеплъыхмэ – къамэ къомым зэфIэскъыскъэжу пхъэбгъу лъэгум зыщыхасащ. Залым щIэсхэр нэхъри нэхъ сабырыж зэтохъуэ. Артистым къамэ IэмыщIэ къещтэри, дзэкIэ хыфIидзэурэ, ихъуреягъкIэ щыхетIэ. Иныкъуэхэр IэфракIэкIэ щхьэпредзри и щIыбагъымкIэ къыщегъэув. И щIагъымкIэ къамэр щригъэубыду и лъакъуэр лъэгуажьэм щызрегъауэ. ИужькIэ абыи лъэгум зыщыхрегъасэ. А псори йокIуэкI къафэ дахэм и макъамэм щIэту. Къофэ езыри. Къофэ и щхьэм, и Iэхэм, и лъакъуэхэм, и Iэпкълъэпкъ псом я зыIыгъыкIэм, зекIуэкIэм уитхьэкъуу. ЩIалэр къафэ фIэкIа нэгъуэщI зыри имыщIэми, цIыхухэр къыдихьэхын хузэфIэкIынут. Ауэ и къамэхэри игъэувыIэркъым. ДзэкIэ къещтэ, щхьэпридзурэ и щIыбагъымкIэ щыхетIэ. 8 зэуэ къепхъуатэри, нэр темыпыIэу зыздигъэкIэрахъуэм, зэрищIыр дауэми гу лъумытэу, утыкум кърегъэувэ. Ар зэтобэяуэ. Iэгуауэ иным зеIэт. КъамитI и бгым дэлъу, адрей къомыр ихъуреягъкIэ щызэхэту щIалэр къыщызэтеувыIэм псоми я гугъащ а номерыр зэфIэкIауэ. АрщхьэкIэ япэ Iыхьэр иуха къудейт. Зырызыххэу къыхичыжурэ и бгым дегъэлъадэ. ТIу къепхъуатэри, и папцIапIэмкIэ и ныбэм егъэкъуауэ егъэув. Я зэхуакум бэлътоку щеубгъури, зригъэзыхыу щIедзэ. Еплъхэм зызэхуашэ-мэшынэ абы къамэхэр къыхэуэнкIэ. Ауэ щIалэм дзэкIэ бэлътокур къещтэри зыкъеIэтыж, и бгым къыдихыурэ, къамиплI ихъуреягъкIэ къекIуэкIыу и пщампIэм дегъэлъадэ, щы дзапэкIэ еубыд, тIу и папцIапIэмкIэ и тхьэкIумэхэм ирелъхьэ дзэкIэ иIыгъхэм къатещIэу, тIу и жьэм жьэдегъэувэри, и пыIэр абы къыфIедзэж…»
А къафэр абы щигъэлъэгъуат Польшэми, Чехославакиеми, Германиеми, нэгъуэщI щIыпIэхэми. Къыхэгъэщыпхъэщ, «джатэ джэгум» хуэдэ къафэ щагъэзащIэу Кавказ псом щыIэр Осетие Ищхъэрэм еймрэ ди «Кабардинка»-мрэ зэразакъуэр. Ар дэ зэрыдиIэр и фIыщIэщ Щоджэным. «Щоджэныр лэжьакIуэшхуэщ, жыIэдаIуэщ, нэмысыфIэщ, нэхъыщхьэрщи, гъуазджэм, псом хуэмыдэу къафэм, къыхуигъэщIа цIыхущ», - жиIэгъащ КъБАССР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Аронов Евгений.
- Аргентинэм и Буэнос-Айрес къалэм дыщыIащ. Блыщхьэм къыщыщIэдзауэ мэрем пщIондэ концерт зырыз махуэ къэс ттыт, щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ - тIурытI. ХьэщIэщым дыщекIуэлIэжыр нэхущырт. Шортэн Аскэрбий и «Бгырысхэр» романым къыхощ Къэбэрдейм щыщ сохъустэ Дагъыстэным щеджахэр къыщыкIуэжкIэ, я гъуэгур ягъэкIэщIын щхьэкIэ зэчыр къыхадзэурэ жаIэу зэрыщытар. Абыхэм ещхьу, дэри ди псэр пыхуми, Ефэнды Джылахъстэн къыхидзэнти, «Подмосковные вечера» уэрэдыр къитшу хьэщIэщымкIэ дыунэтIынт, - игу къигъэкIыжащ Щоджэным. - Пщэдджыжьым жьыуэ а цIыху псэемыблэжыр къытхыхьэрт, къалэ дыздэщыIэм зыплъыхьакIуэ дыдишырт. Рио-де-Жанейрэ и стадион цIэрыIуэ «Маракано»-р, майе, ацтек лъэпкъхэм я пирамидэхэр, перу щыпсэу индейцхэр, бразилие карнавалыр, Сикейрос Давид и сурэтхэр, нэгъуэщI хьэлэмэт Iэджи слъэгъуну, къэрал 50-м щIигъум сыщыIэну, Экваторыр 6 зэпызупщIыну Iэмал сызэриIар «Кабардинка»-м и фIыщIэщ.
«Кабардинка»-м и зы гъуэгуанэм щыщ: Зэгуэрым Медельин и къалэ театрым щIэщхъу къащыщыщI пэтащ. Утыкур эвкалипт пхъэбгъу быдэкIэ къищIыкIат. Концертым «Джатэ зауэ къафэр» Щоджэн Владимир щигъэзэщIэн хуейт, ауэ сэр лъэгум къигъэлъеижу къыщIэкIащ. КъэфакIуэр Iэнкун мыхъуу, хэкIыпIэ къигъуэтащ: утыкум и зы кIапэр арыххэ пхъэбгъути, Владимир зым адрейр кIэлъигъэпIащIэу и сэхэм абдеж зыщыхригъэтIащ. КъекIуэлIахэм абы и къафэр гъэщIэгъуэн дыдэ ящыхъуат.