Лъэпкъ щэнхабзэм хуэгъэпсащ

Философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, монографие 13-рэ щIэныгъэ лэжьыгъэу 100-м щIигъу зи Iэдакъэ къыщIэкIа Тхьэгъэпсо Хьэжысмел и тхылъыщIэ дунейм къытехьащ. ЩIэныгъэлIым «Этническая культурология: традиционное и современное» зыфIища тхылъыр къыдигъэкIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием. 
Тхьэгъэпсом и лэжьыгъэ купщIафIэр къыщIедзэ адыгэ щэнхабзэр дуней псом къыщекIуэкIхэмрэ Урысеймрэ я культурэм иригъапщэу. АдэкIэ гу лъетэ культурологие щIэныгъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэриджымрэ а унэтIыныгъэм щиубыд мыхьэнэмрэ. ЩIэныгъэлIым къеIэт нарт IуэрыIуатэм и Iуэху зэIумыбзхэр, къегъэлъагъуэ ар кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэIэпыхым къызэрыхэтэджыкIар. Гулъытэншэу къигъэнакъым адыгэ псалъэжьхэмрэ псынщIэрыпсалъэхэмрэ. 
«Нарт IуэрыIуатэр ядж пэтми, къэхутэныгъэщIэхэр зэпыуркъым. Ар къызыхэкIыр хъыбарыжь къудей мыхъуу, пасэрейхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я щIэнгъуазэу зэрыщытырщ. Абы къызэщIеубыдэ лъэхъэнэжьым и философиери, усыгъэри, риторикэри, щэнхабзэри, псэукIэри. Кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм, лIыгъэм, хахуагъэм теухуащ ар икIи къуэкIыпIэмкIи къухьэпIэмкIи щыпсэухэм я дуней тетыкIэм убгъуауэ зыщыдогъэгъуазэ абы и фIыгъэкIэ. КъищынэмыщIауэ, адрей щIыналъэхэм зэрыщызэхэзекIуэу, щэнхабзэр зэIэпахыу зэрыщытари къегъэнаIуэ эпосым», - етх щIэныгъэлIым. 
Лъэпкъ Iущыгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ Адыгэ Хабзэм щыщу нобэм къызэрысами тотхыхь Тхьэгъэпсор. Апхуэдэу, псалъэжьи 120-рэ къищтэри, зыхуэгъэза Iуэхугъуэм теухуауэ «гъэсэныгъэ зыхэлъ», «щIэнэкIалъэ», «философие куу зыхэлъ» жиIэу Iыхьищу игуэшыжащ. Псалъэм папщIэ, «жьырытэдж насыпыфIэщ», «гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс», «щIэныгъэр зи щIэдзапIэм дахагъэр и кIэухщ», «Iэзэм и шэмэдж щIэщхъукъым», «фадэр зи ныбжьэгъу и жыпыр гъуанэщ» жыхуиIэхэр гъэсэныгъэ зыхэлъ гупым хетхэ. «Къуаргъым нэ хуащIати, «Набдзэ!» жиIэт, «темыкIуэр бэнэрейщ», «мелуаныр зи мылъкур кIэпIекIэм щосхь», «хамэ щIалэр бгырыпхыбгъущ», «екъум еуэ», «щауэр зыгъэщауэр нысащIэрщ» псалъэжьхэр щIэнэкIалъэм хуехь. 
Философие куу хэлъу Тхьэгъэпсом къилъытащ мы псалъэжьхэм: «хэ хыхьэм хэ акъыл егъуэт», «емызэшым и вакъэ лажьэркъым», «пэжыгъэр насыпым и къуэтщ», «гуапагъэм гъущIри къегъэш», «зыгуэрым хуэмыфI хьэдрыхэ ягъакIуэркъым», «адэфI къуэфI хуэщкъым» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри. 
IыхьиплIу зэхэлъ тхылъ купщIафIэр сэбэп хъунущ лъэпкъ щэнхабзэм хэлъ философиер джынымкIэ. 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: