Плъыфэбэр щыхьэтщУахэ жыжьэм и зы плIанэпэм вагъуэ гуэрэнышхуэрэ абрагъуэу щызэхэт къэщIыгъэхэм (галактикэхэм) ящыщу тIум гъунэгъу дыдэ зэрыщызэхуащIам иджыблагъэ гу лъатащ NASA зэгухьэныгъэм (США) хуэлажьэ щIэныгъэлIхэм.
ЯфIэтелъыджэ хъуа а Iуэхугъуэр зэрекIуэкIым астрономхэр лъыгъуэзащ ЩIым и хъуреягъыр езыр-езыру къэзылъэтыхь спутникым хэт обсерваторэм хащIыхьа Хаббл телескопымкIэ.
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, уахэ лъащIэм щызэхуэкIуэж галактикэхэр «Антеннэ» зи фIэщыгъэ нэгъуэщI вагъуэ гуэрэным и гъунэгъущ. Нэхъапэм а тIур хабжэрт уэгу жыжьэм нэхъ «зыщызымыхъунщIэ» къэщIыгъэ зэпIэзэрытхэм, абы къыхэкIыуи, «я хьэл-щэнкIэ» ди Шыхулъагъуэм (дызыхэт вагъуэ гурэн абрагъуэм) нэхъ ирагъэщхьхэм. АрщхьэкIэ, NASA-м иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зи гугъу тщIы вагъуэ зэрыбынхэм «сабырафэ» етплъыныр абдежым къыщыдгъэнэжми хъунущ.
Астрофизикхэр щыхьэт зэрытехъуамкIэ, зи гугъу тщIы галактикитIым зэхыхьэжын Iуэхур хуабжьу «къатехьэлъащ». А тIур гъунэгъу щызэхуэхъум, я зэпылъыпIэм къыдэхута вагъуэхэу ди Дыгъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инхэр, къахэнэ щымыIэу, щызэпкърыщэщащ, здитам гъуэзыпшэ гуэрэну зыщыхэзыша лъагъуэ шынагъуэр къыщагъанэу. ГалактикитIым я «гухъум» а щIыкIэм тету къыдэущхъуэнтIыкIа «бажэкIэм» япэщIыкIэ плъыжьыфэ-дыщафэу, иужьым щIыхуфэ хъужарэ зыми хуумыгъэдэн теплъэ иIэу астрономхэм закъригъэлъэгъуащ.
ЩIым и хъуреягъыр къэзылъэтыхь спутникым щыIэ Хаббл телескопым мыбы хуэдэ Iуэхухэр уахэ жыжьэм зэрыщекIуэкIым гу лъимытэнкIэ Iэмал иIакъым, щакIэлъыплъми, нэхум и ультрафиолет спектрым къыхиубыдыкIыу, хьэршым галактикитI зэрыщызэхыхьэжыр къэзыгъэнаIуэ видео-теплъэгъуэхэри трихащ.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, уэгу пхыдзам нэрылъагъуу зыщызэблэзыхъу плъыфэбэр и щыхьэтщ а щIыпIэм щызэрихьэлIа вагъуэхэр шынагъуэ дыдэу зэрыщызэжьэхэуэм, уеблэмэ абдежым «дыгъэщIэхэри» къызэрыщыунэхум.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 13:45 →
ЩIэрыкIуэр, шыпсыранэр, андэгурэр
02.11.2026 - 13:47 →
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
23.10.2026 - 14:00 →
Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ
20.10.2026 - 17:45 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ
| ||




