Пэжу апхуэдэ пашэныгъэр щIыхь зыпылъкъым икIи абы зыри хуейкъым. И щхьэусыгъуэри къызэрыгуэкIщ, къызэрежьамрэ зэриухыжамрэщ.
1962 гъэм СССР-м ШынагъуэншагъэмкIэ и къэрал комитетым и лэжьакIуэхэр я лъэужь техьащ мылъкушхуэ зэхэзыдыгъуэхэм. ГъэщIэгъуэнт абыхэм къигъэхъуапIэу къыхахари: Москва и Краснопреснэ районым щыIэ психо-неврологие сымаджэщым щIэлъхэм щеIэзэ-щагъэлажьэ лъэщапIэхэрт. Ахэр Совет Союзым япэу къыщаумыса мелуанырыбжэхэт.
Iуэхур щызэхагъэкIым щIэпхъаджащIэхэм дыщэхэкIхэу килограммипщIхэр, ахъшэшхуэхэр, хьэпшып лъапIэхэр къыкъуахащ - псори зэхэту сом мелуани 3,5-м щIигъу я уасэ. ЖыIэн хуейщ хабзэхъумэхэм бзаджащIэхэр зэрымыщIэкIэ зэраIэрыхьари. Хьэжьвакъэжьышххэм я Iэтащхьэхэм ящыщ зым щхьэкIэ бзэгу зыхьар и щIасэ цIыхубзырщ.
Психодиспансерым и картонаж цехым и унафэщI Шакерман Шае и щхьэгъусэр лIа иужь щIасэ къыхуэхъуащ и фызу щытам и шыпхъур - унагъуэ икIи сабий зиIэ цIыхубзыр. Зыкъомрэ Шакерман и гъусэу хьэулея иужь бзылъхугъэм и лIым и деж игъэзэжащ. ЗэгурыIуэжа иужь абыхэм мурад ящIащ Шае ахъшэ къытраудыну. И ныбжьэгъухэм ечэнджэщри, мыдрейм мурад ищIащ къаугъэм ахъшэкIэ къыхэкIыну икIи сом минитху къаритащ. АрщхьэкIэ зэлIзэфызым я пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым увыIэну. Зригъанэри, Шакерман идэжакъым абыхэм афIэкIа ахъшэ яритын.
Апхуэдэу щыхъум, бзаджащIэхэм ягъэзэщIащ ар зэрагъэшынэр - КГБ-м ятхащ Шае зэхищIыхьхэр, уеблэмэ, идыгъуахэр щихъумэ щIыпIэхэр къагъэлъэгъуащ. Шакерман и фэтэрыр къыщащым чекистхэм платинэм, дыщэм, мывэ лъапIэхэм къахэщIыкIахэр, ахъшэ сом мини 7 къагъуэтащ. А псори ирикъунущ зи Iуэху къимыкIа «щауэр» ягъэтIысын папщIэ.
Хэту щыта яубыдын ипэкIэ езы Шакерман Шае Одессэ и мызакъуэу къэрал псом зэгуэр щыцIэрыIуа щIэпхъаджащIэ Япончик Мишкэ и Iыхьлы хуэдэт. Дохутыр хъуну хэтащ, ауэ еджапIэр къиухакъым. Дыгъуауэ къыщIэхуэри, илъэситIкIэ щысащ. АрщхьэкIэ хуит хъужа иужь егупсысыххакъым гъуэгу пэж теувэжыну - сондэджэрхэм яхыхьащ. Мыбдеж къыщицIыхуащ езым ещхь Ройфман Борис. Иужьрейм ар игъэуващ Москва къалэм и Краснопреснэ районым щыIэ психодиспансерым и картонаж цехым и унафэщIу. Мыбы ущыдыгъуэн папщIэ IэмалыфI дыдэхэр щыIэт - хэтыт зигу къэкIынур зи акъыл зэтемыс цIыхухэм лэжьыгъэкIэ щеIэзэ щIыпIэм мылъку щызралъэфалIэу?
Шакерман гъусэ хуэхъуар хуэIэзэт тхылъхэм къыщамылъыта продукцэ къыщIэгъэкIыным. 1950 гъэхэм я кIэухым абы апхуэдэ Iуэхухэр щызэригъэкIуат дэгухэмрэ бзагуэхэмрэ я комбинату Калинин къалэм щыIэм. ИужькIэ Москва Iэпхъуащ икIи мыбы сом минитIкIэ къыщищэхуащ зи гугъу тщIа психодиспансерым и мастерскойхэм я Iэтащхьэ къулыкъур. А IуэхущIапIэращ Борисрэ Шаерэ мылъку къигъэхъуэн щыщIадзар.
Дауи, цIыхуитIым я закъуэ куэд къахуэдыгъунутэкъым: дэIэпыкъуэгъухэм хуейт. Ахэр къыкъуэкIащ. ЗэщIэгъэуIуа бзаджащIэ гупым хыхьащ кладовщицэр, бухгалтерыр, IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ зыбжанэ. Ройфманрэ Шакерманрэ къащэхуащ психодиспансерым и дохутыр нэхъыщхьэри.
Ауэ IуэхущIапIэм и унафэщIыртэкъым псори зэлъытар. Мастерскойхэр трикотаж цехыу зэрахъуэкIын хуейт, ар къулыкъущIэхэр яхэмыту яхузэфIэкIынутэкъым. Хьэжьвакъэжьышххэм ахъшэфI иратащ абыкIэ къадэIэпыкъуфыну цIыхухэм.
Iулъхьэхэр щIэх-щIэхыурэ ятын хуейт икIи ахэр яфIэфIу Iахырт. Ройфманрэ Шакерманрэ ялъэIэсащ Ленинград дэт «Станокинструмент» заводми, Загорск щиIэ фабрикэми, нэгъуэщIхэми. ИкIэм-икIэжым трикотаж машинэ 58-рэ, нэгъуэщI зыхуеинухэр зыIэрагъэхьащ. Апхуэдэу IулъхьэкIэ къигъуэтащ цыри, лэчхэри, нэгъуэщIхэри.
Трикотаж цехыр щылажьэрт унэхэм я щIагъ щIэт пэшхэу Ройфманрэ Шакерманрэ бэджэнду къащтахэм. ЗэрыхуэщIакIи къабзагъэкIи къезэгъыртэкъым, ауэ сымаджэ тхьэмыщкIэхэр сменищу щылажьэрт жэщи махуи электроуэздыгъэхэр щыблэ а щIыунэ зэвхэм.
Псори зэхэту цы тонн 460-м а щIыпIэм щелэжьащ. Абыхэм къыхащIыкIырт цIыхубзхэм папщIэ плIэхэр, IэлъэщIхэр, щыгъын цIыкIуфэкIухэр. А псори щащэрт бэзэрхэм, вокзал гупхэм щагъэува тыкуэнхэм.
ЖытIэнщи, бзаджащIэхэм, къэралым и мызакъуэу, щэхуакIуэхэри къагъапцIэрт: цы къабзэкIэ ягъэхьэзыра хуэдэу ящэрт цы ныкъуэм къыхащIыкIахэри - напэншэхэр сыт щыгъуи напэншэщ.
1961 гъэм СССР-м ахъшэр щызэрахъукIа иужь Шакерманрэ Ройфманрэ совет мелуанырыбжэ дыдэ хъуащ. Абыхэм заумысыжащ хьэрэмыгъэкIэ зэрагъэпэща ахъшэр къахэмыщу IулъхьэкIэ зэрахъуэжамкIэ.
Хабзэхъумэхэм куэдрэ къалъыхъуащ Шакерман и гъэтIылъыгъэхэр. Раменскэм щиIэ дачэм пащтыхьым и зэманым къыдагъэкIа дыщэ ахъшэхэр къыщыщIатIыкIащ. Мылъкум и нэхъыбэр Шае къыпыщIахэм я фэтэрхэм къыщIахащ.
Шакерман псынщIэу къыгурыIуащ ягъэкъуаншэхэм я нэхъыщхьэу къалъытэр езыр зэрыарар. Абы къикIырт и судыр укIкIэ ящIэну. Абы къыхэкIыу Ройфман теухуауэ ищIэ псори щIиуфакъым: яжриIащ абы куэдкIэ мылъку нэхъыбэ зэригъэпщкIуар.
Чекистхэм яфIэтелъыджэт: ядыгъуа мылъкур псэухукIэ ауэ жыжьэуи яхуэмышхыжын пэтрэ бзаджащIэхэм дыгъуэн щагъэтыртэкъым. Сытыт зэращIынур? Ди къэралым и цIыхухэр а упщIэм и жэуапым есатэкъым.
Ройфманрэ Шакерманрэ я гъусэу я суд ящIащ цIыху 20-м щIигъум - абыхэм ядэIэпыкъуахэм. РСФСР-м и Суд нэхъыщхьэр Iуэхум мазитIкIэ хэлъащ. Абы унафэ ищIащ Ройфманрэ Шакерманрэ яукIыну, адрейхэм я къуаншагъэм тещIыхьауэ тезыр зэмылIэжьыгъуэхэр ятрилъхьащ.
Мыр «цеховиккIэ» зэджэ хьэжьвакъэжьышххэм, мылъку зралъэфалIэурэ къулей дыдэ хъуахэм егъэщIылIауэ СССР-м хэIущIыIу щащIа япэ Iуэхут. Абы щыгъуэщ мелуанырыбжэ щIэуфахэр зэрыщыIэм ди къэралым япэу щыщегупсысар. Зэрытлъагъущи, къащIэкIуакъым.