ЗауэлI икIи сурэтыщIУрысейм щIыхь зиIэ и художник, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденыр зыхуагъэфэща Ваннах Михаил Хэку зауэшхуэр и щхьэкIэ зыгъэунэхуахэм ящыщщ.
Ваннах Михаил и сурэтхэр цIыху куэдым ящэху, жылагъуэ IуэхущIапIэхэр абыхэм ягъэдахэ, илъэс 80-м щIигъуауэ гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэми утыку къыщрахьэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, художникым и IэдакъэщIэкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, нэгъуэщI къалэхэм, къэралхэм я музейхэм я гъэтIылъыгъэхэм зэрыхэлъыр.
Михаил Омск къыщалъхуами, блэкIа лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм икухэм къыщыщIэдзауэ щыпсэуар ди республикэрщ. Ар яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэр къызэзыгъэпэща художникхэми, Кавказым и дахагъэр зи IэдакъэщIэкIхэм щызыIэта IэпщIэлъапщIэхэми.
«ПлIэидзэр пщIэхэлъу, Ваннах Михаил бгы лъагъуэ мытынш куэдым екIуэкIащ альпинист гупым яхэту. И Iуэхур къыдаIыгъыу сурэтыщIым языныкъуэхэми щIыгъуащ и щхьэгъусэ Валентинэрэ ипхъу Натальерэ. Къуршым щигъакIуэ жэщ щIыIэм и нэхущым къыхуихьыну фIыгъуэм и уасэр абы къыгурыIуэрт, уеблэмэ псэкIэ зыхищIэрт дыгъэр бгы нэпкъым къыщытехьэмрэ абы и къухьэжыгъуэмрэ нэхъ дахэу къыщилъагъуну дакъикъэр… Кавказ. Аращ художникым и лэжьыгъэ нэхъыбэр зытеухуар. IэкIэ лъэIэсыну шынэ хуэдэ, щIыналъэ дахэм и сурэтхэр абы гукIэ ищIауэ къыпфIощI. Михаил къызэрымыкIуэу фIэфIт зыплъыхьакIуэ ежьэну. Гъуэгуанэ лэжьыгъэхэм ящыщщ «Белые ночи» (Ленинград), «Замки старой Риги», «Древние руины Херсонеса», «Днепровские дали» сурэтхэр, - жеIэ искусствовед Сындыку Неллэ.
Ваннах Михаил и зауэ гъуэгуанэм теухуа сурэтхэри хъума хъуащ. Абыхэм сурэтыщIым яхилъхьащ Хэкум хуиIэ лъагъуныгъэрэ гущIэгъурэ. Нэхъ мащIэми, художникым иIэщ и благъэхэм, ныбжьэгъухэм, нэгъуэщI цIыху гъэщIэгъуэнхэм ятриухуа лэжьыгъэхэри. Ауэ нэхъыбэу уи нэм къыIуидзэр, зэрыжытIащи, Кавказыр дэзыгъэлъагъу сурэтхэрщ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 17:23 →
УэрэдыфIхэр зи IэрыкI
18.03.2025 - 14:19 →
Я цейр екIуу ящыгъти…
18.03.2025 - 12:26 →
Лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
|