Дыщэми дыжьынми ефIэкIхэр

Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэр теухуащ иджыпсту цIыхубэр нэхъ зыхуэныкъуэ цIыху лIэужьыгъуэм.

Нобэ муслъымэн Iумэтыр къулыкъу, мылъку е щIым къыщIах хъугъуэфIыгъуэхэм хуэдэ дыхуэныкъуэ жыпIэмэ, пэжщ, дыхуэныкъуэщ, ауэ абыхэм нэхърэ нэхъыбэжу дыхуэныкъуэщ щхьэ зыфIэт цIыхухэм, гупсысэ захуэ зиIэхэм, гушхуэ зыкIуэцIылъхэм, мурадышхуэ зыщIыфхэм. ЛIы жыхуаIэ цIыхухэм хуэдэ дыхуэныкъуэщ муслъымэн Iумэтыр. Сыту жыпIэмэ, лIы жыхуаIэр дыщэми, дыжьынми, налкъутми, налмэсми нэхърэ пщIэ нэхъ яIэу, абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэу щытщ. ЛIыфIхэр щыщыIэм деж, гъащIэри нэхъ дахэу екIуэкIынущ, псэуныгъэми зиужьынущ. Апхуэдэ цIыху зиIэ лъэпкъыр ефIэкIуэнущ, Хэкуми зиужьынущ.

ЛIыгъэ жыхуаIэр Iэщэ уиIэнракъым. Ар наIуэ дыдэу Алыхьталэм дигъэлъэгъуауэ щытщ, мис, Гъэззэмрэ Израилымрэ я Iуэхум теухуауэ. Гу зыкIуэцIылъырщ лIыгъэ хэлъщ зыхужаIэр.

Гъэсэныгъэ жыхуаIэр тхылъым ит къудейкIэ, ар цIыхум яхыумыпщэжмэ, лIы диIэнукъым. Лъэпкъыр лъэпкъ щыхъунур гупсысэу щызэхэсым дежкъым, атIэ мис а гупсысэхэр, я гум илъхэр, зыщIэхъуэпсхэр гъащIэм щыщ ящIыфу щыхъуам дежщ.

Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Умар-хъалифым теухуауэ къаIуэтэж. Ар дыщи, дыжьыни, налъкъути, налмэси щIэхъуэпсу щытакъым-тIэ. Зэгуэрым Умар цIыхухэм яхэупщIыхьащ, фызыщIэхъуэпсхэр къызжефIэ, жиIэри. Зыр къэпсалъэри: «Сэ мы унэм щIэз ахъшэ сиIамэ здэнт, ар Алыхьым и гъуэгум сытету згъэкIуэдын щхьэкIэ», - жиIащ. «Сэ мы унэм щIэз дыщэ сиIарэт, ари Алыхьым папщIэ згъэкIуэдыну», - жиIащ адрейм. Езы Умар къэпсалъэри: «Сэ-тIэ сызыщIэхъуэпсыр Iэбу Гьубэйдэ, Мухьэз ибн Джэббэл, Хьузэйфэ ибн Iэл Яманий сымэ яхуэдэ цIыхущ, - жиIащ. - Мы унэм щIэзу абыхэм яхуэдэлI сиIатэмэ, ахэр фIыкIэ Алыхьым и гъуэгум къыщызгъэсэбэпынт».

КъурIэн лъапIэр къызэгуэтхыу щытмэ, лIы жыхуаIэр мыращ жеIэри езы Алыхьышхуэм жеIэ. Псалъэм папщIэ, «Iэхьзаб» сурэм щыжеIэ: «Iиман къэзыхьахэм яхэтщ Алыхьым ирата псалъэр зыгъэпэж лIыхэр. Зи къалэныр и кIэм нэзыгъэсаи, ар щынагъэсыным пэплъи яхэтщ абыхэм, ахэр я псалъэм зэи текIыжынукъым».

«Нур» сурэми къыщокIуэ: «Алыхьыр зыгъэлъапIэхэм яхэтщ лIы , щэн-щэхуэным нэмэз щIынри, сэджыт тынри ящимыгъэгъупщэу. Ахэр щошынэ гухэр къэгузасэу нэхэр щыункIыфIыну махуэм. Мис ахэр лIыщ». Апхуэдэ цIыхухэр мы дунейм IэпкълъэпкъкIэ тет щхьэкIэ, псэкIэ ахърэтым щыIэу апхуэдэт. Алыхьталэм зэрыIущIэжыныр ящымыгъупщэу, ар я гум имыхуххэу арат. Я бзэм зикр къыпыкIыу, я ниетыр къабзэу, я гур дахэу. Ауэ щыхъукIэ, лIым дунеягъэкIэ къытехуэри ящIэу. Сату Iуэхуи зэрахуэу, фейдэи кърагъэщIыфу, арщхьэкIэ мылъкур я жыпым илъу, я гум Алыхьыр имыкIыу. «МылъкуфIыр цIыхуфIым дежкIэ фIыщ», - жеIэ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам. Мобыхэми а мылъкум зэи Алыхьыр ящигъэгъупщэртэкъым. Ахэм ящыщ зы лIыр лIищэ я уасэт, уеблэмэ лIы мин я уасэт. Мис апхуэдэу лIы миным пашэч цIыхухэр яхэтащ щэхьабэхэм.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:

Читать также: