Я псэукIэм хурикъужын щIэныгъэ яIэт

                 Лъыгъажэ зауэхэм, политикэ гущIэгъуншэхэм, дин зэблэшам адыгэхэр дуней псом щракъухьауэ, мелуан зыбжанэ хъухэу хамэ къэрал 50-м нэсым щопсэу Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Апхуэдиз адыгэу хамэхэм яхэсым, адыгэбзэр зыщыгъупщэжахэм нэгъунэ, адыгэпсэ яхэлъу нобэр къыздэсым къызэрынэжар щыхьэт тохъуэ адыгэ щэнхабзэм и лъапсэр зэманыжь дыдэхэм куууэ зэрыхэтым.

         Мыбдежым занщIэу ущIэупщIэн хуей мэхъу: «АтIэ, апхуэдизу пасэрей лъэхъэнэхэм зи лъапсэр хэтIа адыгэ лъэпкъыр сыт апхуэдэу щIракъухьыфар?» жыпIэу. Абы и жэуапым ущылъыхъуэкIэ, къыумылъытэу хъуну къыщIэкIынкъым тырку-тэтэрхэм къыдащIылIа зауэхэр имыухыурэ Урыс-Кавказ зауэм зэрыщIидзар. А зауэм адыгэр къыщIыщыхагъэщIам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу къалъытэу ятхыжахэри щыIэщ:

         - Адыгэхэр зэгурымыIуэу зэрыщытар.

         - ЩIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэрамыIар.

         - Пщыжь-уэркъыжьхэр лъэпкъым зэрепцIыжар.

         Мы щхьэусыгъуэхэм пэжу зыри яхэткъым. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Иналышхуэ къытепщIыкIыжа адыгэпщ псори едаIуэу щытащ пщы уэлийуэ хаха дэтхэнэми.

         ЩIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ теухуауэ жыпIэмэ, зауэхэмыкIым еджапIэхэмрэ университетхэмрэ къызэIурамыгъэхами, лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэрагъэпэщауэ, адыгэм яIэт я псэукIэм хурикъужын щIэныгъэ. Удз хущхъуэ зэхэлъхьэным, уIэгъэхэм, къупщхьэ къутахэм еIэзэным фIы дыдэу хащIыкIырт. Уеблэмэ, европей щIэныгъэлIхэр щыхьэт техъуащ япэ дыдэу дуней псом фэрэкI вакцинэр къыщызыгупсысар адыгэхэрауэ зэрыщытым. Адыгэхэм я унэхэри, унэлъащIэхэри, Iэщэхэри, фащэхэри я IэкIэ ящIыжырт. Урыс-Кавказ зауэр иухын ипэ, урыс пащтыхьхэм адыгэ  фащэр щатIэгъат, апхуэдизу яфIэдахэти. Адыгэхэм ящIу щыта Iэщэхэм нэхърэ нэхъ шэрыуэ, жыжьэрыуэ, нэхъ дахэ а лъэхъэнэм щыIахэм яхэтакъым. Иджыпстуи щхьэзакъуэ Iэщэу абыхэм нэхърэ нэхъ лъапIэ дунейм теткъым. Дауэ-тIэ адыгэхэм IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ яхуримыкъуу щытауэ зэрыжыпIэнур?!

         Адыгэ пщы уэркъхэр лъэпкъым епцIыжауэ хэкуми хамэщIми щатхыжащ тегъэлауэ. АбыкIэ нэхъ тегъэщIапIэ ящIыр адыгэпщ гуэрхэр урыс пащтыхьым и лъэныкъуэмкIэ ебэхэу, а лъэныкъуэм къэнэныр нэхъ къащтэу зэрыщытарщ. Ауэ адыгэ пщы-уэркъхэр, Щамилрэ МухьэмэдIэминрэ хуэдэу, зэзауэр, зытет дунейр зихуэдэр ямыщIэу щытакъым. Абыхэм я адэшхуэхэр Урысейр къэрал лъэщу къызэфIэзыгъэувахэм яхэтащ, Урысейм и инагъри и лъэщагъри зыхуэдизыр ящIэрт. Тыркухэр, тэтэрхэр зищIысми, я муслъымэн дин зехьэкIэми фIы дыдэу щыгъуазэти, Урысейм фIы зыхуащIу, а лъэныкъуэм езэгъхэмэ, дауи, нэхъ къащтэрт. Аращ, ахэр лъэпкъым епцIыжауэ къэзылъытэхэм щхьэусыгъуэ ящIыр. Ауэ, гъэщIэгъуэныращи, щIэныгъэлI куэдым гу лъатэну хуейкъым лъэпкъым иIа пашэхэм я гупэр бийм хуэгъэзауэ минипщI бжыгъэкIэ зэуапIэхэм я псэр зэрыщытам. Жыгхэр щыту зэрылIэм хуэдэу, я щхьэхэр Iэтауэ ахэр дунейм текIуэдыкIыжащ. Адыгэр дунейм тетыхункIэ яхурикъун хабзэ дахэхэр къытхуагъэнащ абыхэм, дунейм и пIалъэ зымыщIэ быным адэм и щIэин хъугъуэфIыгъуэхэр зэрыракъухьыжым хуэдэу, дымыгъэкIуэдыжмэ!..

         Сэ си щхьэкIэ срихьэлIакъым Урыс-Кавказ зауэм адыгэхэм текIуэныгъэр къыщIыщамыхьыфам, къыщахьыфынуи зэрыщымытам гупсэхуу зыгуэр тетхыхьауэ. Сэ къызэрысфIэщIымкIэ, езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ лъэпкъхэм япэщIэтыфу къекIуэкIа адыгэр урысыдзэхэм щIапэмылъэща щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Европэм щызэрахьэ Iэщэхэм я нэхъыфI дыдэхэм хуэдэхэмкIэ урысхэм я дзэр зэщIаузадэу зэрыщIадзар. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Кавказ Ищхъэрэм хуэдэ геостратегическэ щытыкIэ гугъу зиIэр I8-нэ лIэщIыгъуэм адыгэхэм ящIу щыта IэщэхэмкIэ пэлъэщыжынутэкъым жыжьэу уэ, икIи цIыхур куэду зэуэ зэраукI Iэщэ зыIыгъ дзэхэм. Абы къыдэкIуэу, урысеидзэм и унафэ зыщIхэр политикэ унафэ къэзыщтэхэм нэхърэ а лъэхъэнэм куэдкIэ нэхъ лъэщти, адыгэхэр гъусэ щIыным емылIалIэхэу ахэр зэтеукIэным нэхъ пылъхэт.

         Iуэхур апхуэдэу щыщыткIэ, вы укIам сэ хэзыIум ещхьу, ди тхыдэр ди IэкIэ дгъэулъиижыныр дгъэувыIэжыну игъуэ хъуащ жыпIэ хъунущ. Я насыпыншагъэкIэ хамэщI къихута адыгэхэр щIэпхъуэжауэ е хэкум епцIыжауэ аракъым. Урысейм пэщIэмыувэу лъахэм къинэжахэри урыс агенту щытахэу аратэкъым. Урыс-Кавказ зауэр адыгэ къэухьым икIри ин хъуат, уеблэмэ, ар езы Урысей дыдэм и гъунапкъэхэм икIат. Тхъауэ пхужыIэнукъым, щымыхъужми муслъымэн щIыналъэщ жаIэу, IэмалыншагъэкIэ Тыркум, хьэрып къэралхэм Iэпхъуа адыгэхэри. Тыркум щитIысыкIахэр япэщIыкIэ Бэлъкъаным ягъэIэпхъуащ, абы щаIэ зауэлIхэр яхурикъужтэкъыми. АрщхьэкIэ тыркухэм я Iуэхур абы щызэIыхьакIэт. Арати, I878 гъэм Бэлъкъан зауэм урысхэм тыркудзэхэр къыщыхагъащIэм, адыгэхэр аргуэру абы кърагъэIэпхъукIыжри, тырку щIыналъэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ ирагуэшащ.

         Къундет Тамбий.

Поделиться:

Читать также: