Адыгэ щхьэрыхъуэным теухуа нэмыцэ хъыбарИнтернетым и фIыгъэкIэ, нобэ бзэ куэдкIэ къыпхуэгъуэтынущ адыгэхэм ятеухуа тхыдэ напэкIуэцIхэр. Нэмыцэбзэр фIыуэ зыщIэ, «Терек» газетым и редактор нэхъыщхьэ Дадэ Аслъэн и фIыгъэкIэ къытIэрыхьащ XIX лIэщIыгъуэм Берлин къыщыдэкIа газетым къытехуауэ, адыгэ щхьэрыхъуэным и хъыбар гъэщIэгъуэн. «Сурэтым щыфлъагъур прусс армэм щыщ сэлэтщ. Нэм къыфIэнэу абы и зыхуэпэкIэм хэтыр нэмыцэ шинелым «адыгэ щхьэрыхъуэн» жыхуаIэр зэрыфIэтырщ, - етх Дадэм. - XIX лIэщIыгъуэм Берлин бзылъхугъэхэм папщIэ «Дер базар» и цIэу сурэткIэ гъэщIэрэщIа газет къыдэкIыу щытащ. Абы и 9-нэ номеру 1864 гъэм гъатхэпэм 1-м къыдэкIам и IуплъапIэ нэкIубгъуэр зэрыщыту еубыд «шэрджэс капюшон» зыфIаща щхьэрыхъуэным и хъыбарышхуэм. Тхыгъэм и пэм дыкъыщоджэ: «ЩIэуэ къежьа мы хьэпшып гъэщIэгъуэныр уэсым щIигъэна Кавказ къуршыщхьэхэм нэс къикIащ. Дзэ тетыгъуэм и унафэкIэ, абы бзыпхъэ трахри, прусс сэлэтхэм я зауэлI фащэм хагъэхьащ. Ауэ, зэрыфлъагъущи, мы пыIэр апхуэдизкIэ зехьэгъуафIэщи, щакIуэ е зыплъыхьакIуэ кIуэ дэтхэнэ зыми къыхуэгъэщхьэпэнущ. Теубгъуэным къыпыт мыпхуэдэ «капюшон»-р бумэзеищхъуэм е гъуэжьым, щыгъын щэкIкIэ зэджэм къыхэпщIыкI хъунущ...». «Тхыгъэр зэрыщыту щхьэрыхъуэным и бзыпхъэмрэ и дыкIэмрэ теухуащ, - етх адэкIэ Дадэ Аслъэн. – Гу лъытапхъэщ щхьэрыхъуэныр къэбэрдей адыгэхэм е шэрджэсхэм я закъуэ зэрахьэ пыIэ лIэужьыгъуэу зэрыщымытам. Бгырыс лъэпкъ псоми къагъэщхьэпэу щыта а цейм и Iыхьэм зэреджэр «бащлъыкът». Урысыдзэми пщIэшхуэ щигъуэтри, ар 1862 гъэм тэн, тэрч къэзакъхэм я фащэм и зы Iыхьэу къащтащ. 1871 гъэм адрей дзэ лIэужьыгъуэхэми пыIэ папщIэу хагъэхьащ. Зи гугъу тщIы нэмыцэ газетым «capote» зыфIаща щхьэрыхъуэныр Европэм и адрей армэхэми зэрынэсам шэчышхуэ хэлъкъым». Урысейми Европэми адыгэ цIыхухъу фащэм гулъытэшхуэ хуащIу щытащ XIX лIэщIыгъуэм. А лъэхъэнэм зэрахьа щыгъынхэми, езы модэми адыгэ зыхуэпэкIэм ижь ящIихуащ. И теплъэм зихъуэжурэ, цейм и Iыхьэ гуэрхэр нэхъ цIэрыIуэу къалъытэ «модэ унэхэм» нэсат, зыкъизыхын нэхъ зыфIэфI европей цIыхубзхэм нэгъунэ, ди лъэпкъ щыгъыным халъагъукIа Iыхьэ щхьэхуэхэр я бзыпхъэхэм хагъэзагъэу». ЖиIэм и щыхьэту, Дадэ Аслъэн къехь адыгэ этнографиемрэ тхыдэ щIэныгъэмрэ я лъабжьэр зыгъэтIылъа Хъан-Джэрий СулътIан и жыIэгъуэ цIэрыIуэр: «Адыгэ цIыхухъу фащэр тыншагърэ дахагъкIэ Азиеми, уеблэмэ Европэми щыслъэгъуа щыгъын псоми ятокIуэ».
Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2025 - 18:10 →
ЗэпыщIэныгъэр къызыпэкIуар
23.04.2025 - 17:32 →
Лажьэншэу кIуэдахэр
23.04.2025 - 13:12 →
Зымыдэхэри щыIащ
22.04.2025 - 16:40 →
Хейм гъуэгу егъуэт
22.04.2025 - 14:41 →
Анэдэлъхубзэм къригъэлар
|