Нэпс ткIуэпс зытет розэ

Шэрджэс Екатеринэ цIэмкIэ тхыдэм къыхэна цIыхубзыр Молдавием и пащтыхь Лупу Василий (I595 - I66I) и щхьэгъусэу щытащ. 
 Румынхэмрэ молдаванхэмрэ я тхыдэр зыуэ жыпIэ хъунущ, тIури зы лъэпкъщ, фIэщыгъэкIэ зэщхьэщыкIыу. Аращи, румын щIэнгъуазэм зэрыжиIэмкIэ, Черкезэ Катеринэ дунейм щытетар I620-I666 гъэхэрщ. БынитI къыщIэнэу дуней ехыжа и щхьэгъусэ Тудоску хуэщыгъуэн иуха нэужь, молдаван пащтыхьым и лIыкIуэхэр Адыгэ Хэкум игъэкIуащ, къэшэн къыхуалъыхъуэу. Тырку дунеяплъэ Челебий Iэулия зэритхыжымкIэ, зи гугъу тщIы хъыджэбзым и анэр Хъуэжэ Мэхьмэт Пащэ Дэруиш жыхуаIэ Уэсмэн къэралыгъуэм и уэзирышхуэм (I653-I654) и щхьэгъусэу, и шыпхъур I644-I654 гъэхэм кърым хъаныгъуэр зыIэщIэлъа Ислъам Джэрий и щхьэгъусэу щытащ. Абы къикIращи, молдаван пащтыхьым ишэну зыхуигъэфэща адыгэ пщащэри унагъуэ къызэрыгуэкIтэкъым къызыхэкIар. 
 ГъэщIэгъуэным щыщIидзэр нысашэр Кърым хытIыгуныкъуэм нашэса нэужьщ. Езы Молдавиер Тыркум хиубыдэу, адыгэпщхэр кърым сулътIанхэм я кIуэгъужэгъуу зэрыщытам уеплъмэ, Iуэху къызэрыгуэкI хуэдэу щытт а зэманым хъаныгъуэр зыIэщIэлъа Бахъэдыр Джэрий къаIэта Iуэхум зэрыщыгъуазэр. Ауэ пщащэр Кърымым къранэн мурад къыщIызыкъуэхар нэгъуэщI щхьэусыгъуэт. 
 Къэхъуар нэхъ нэгъэсауэ къиIуэтэжащ а лъэхъэнэм а щIыпIэм щыIа Барси Никколэ. «Къэгъэзэжыгъуэр. I639 гъэ» зыфIища гукъэкIыж тхылъым Барси щытопсэлъыхь «Адыгэ Хэкум щыщ нысащIэ дахащэр молдав господарым хуэзышэ Катаржи Енаки хуэзэну насып къызэрыхуихуам». «ЛIыкIуэм Адыгэ Хэкур зэрыщыту къызэхикIухьащ, а къэшэн дахэ дыдэр къигъуэтын ипэкIэ, - етхыж Барси. - Абы пщащэм и адэм дукат I000, и анэм - 500, хъаным - I000 яритащ. НысащIэр я гъусэу лIыкIуэхэр сэри сыздэщыIэ Бахъшысэрей I639 гъэм шыщхьэуIум и I9-м къэсри, хъаным и нэIэ щIэт цIыхуи I50-рэ зыхэт гупыр иджыри молдаван 60 ядэщIыгъуу Очаков быдапIэм пэгъунэгъуу щепсыхат. Арати, жэщым, сыхьэтитIым ирихьэлIэу, абыхэм я деж Силистрэм и пащэ Нэсухь Хъусейн и цIыхухэр йокIуалIэри, адыгэ пщащэр я тепщэм щхьэгъусэу къратыну унафэ ящI. Молдаванхэм я нэхъыжьым жэуап къарет: хъыджэбзыр пащтыхьым и къэшэнщ, кърым хъаным и анэмэтщ, ягъэпуду идэнукъым. Пащэм и лIыкIуэр цIыху губзыгъэти, молдаванхэм ящыщу цIыхуитI-щы и гъусэу ягъэкIуэну чэнджэщ яритащ, Нэсухь Хъусейн гурыIуэн папщIэ. «Муслъымэн диным ит хъыджэбзыр чыристан пащтыхьым щхьэгъусэ хуэхъункIэ Iэмал иIэкъым», - жиIэурэ шхыдэрт модрейр. Молдаванхэм я лIыкIуэм хъыджэбзыр зэрычыристаныр щыжиIэм, я фIэщ хъуакъым. Iуэхур зэхагъэкIын папщIэ, адыгэ пщащэм аргуэру лIыкIуэ хуагъэкIуэну мурад ящI. Молдаван лъыхъухэм хъыджэбзыр тыркухэм кърамыгъэгъуэтын щхьэкIэ, гуимэ гъэщIэрэщIам кърагъэтIысыкIри шэрхъитI зыщIэт гу къызэрыгуэкIым ирагъэтIысхьат. ИтIани, ар къагъуэтам къыщымынэу, абы ехъуэпса пащэм пщащэм пиубыдащ зэрымуслъымэнымкIэ зыкъиумысыну. Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжымкIэ, пщащэм гъуэгыурэ тхьэ иIуэрт жаIэ, сычыристанщ жиIэурэ, уеблэмэ пащэм и нэкIэ илъагъуу кхъуэл ишхащ. НэгъуэщIу щымыхъум, молдаван лIыкIуэхэм я зиусхьэным хъыбар ирагъэщIащ. Лупу Василий хъаным къелъэIуа нэужь, абы пащэм лIыкIуэ хуегъакIуэ, хъыджэбзыр зэрычыристаным нэмыщI, молдаван пащтыхьым и къэшэнщи, зэран ухуэмыхъуу и гъуэгур къыхузэIух, жиIэу. Лупу Василий пщащэм ехъуэпса пащэм дукат 3000 къыхуригъэхьа нэужьи, мыдрейм иджыри зрилъэфыхьырт. Ауэ тырку сулътIаным и лIыкIуэхэри къэсу, пщащэр ямыутIыпщмэ, укIкIэ тезыр зэрытралъхьэнумкIэ хъыбар ирагъэщIа нэужь, адыгэ хъыджэбзыр къызэрылъымысынур къызыгурыIуа Нэсухь Хъусейн иджыри дукат 2000 иратыну япиубыдри, нысащIэр адэкIэ яшэну хуит ищIащ». 
 НэгъуэщI хъыбари щыIэщ мы Iуэхур зэриухам теухуауэ. Молдаван пащтыхьым и къэшэныр арэзы ящIын папщIэ, пщылI хуэдэу, Iэпыдзлъэпыдзу зы цIыхубз къратат. КъызэрыщIэкIамкIэ, Молдавием щыщ нанэр ныбжьыщIэу кърахьэжьэри, хъаным и пщылI хъуауэ арат. ХэкIыпIэ зымыгъуэт, къалэмрэ тхылъымпIэрэ къигъэсэбэпыну Iэмал зимыIэ адыгэ пщащэм а цIыхубзым чэнджэщ къритащ нэгъуэщI гъуэгукIэ и псэлъыхъум зыпищIэну. ЦIыхубзитIыр цыджым бгъэдэтIысхьэри, жэщи махуи замыгъэпсэхуу, алэрыбгъу телъыджэ ящIащ. ХащIыхьа тхыпхъэхэмкIэ щытыкIэ гугъусыгъу зэрихуамкIэ молдав пащтыхьым хъыбар ирагъащIэу арат цIыхубзхэм. Розэ плъыжьхэм уэсэпсыр нэпсу теткIуэу хащIыхьащ а тIум алэрыбгъум. Нанэм Молдавием щыщ сатуущIэ къигъуэтри, нысащIэмрэ езымрэ ящIа алэрыбгъур пащтыхьым хуихьыну гурыIуащ. Чэнджэщэгъу Iущхэм къаухъуреихь молдаван пащтыхьыр куэдрэ егупсысакъым къыхуахьа тыгъэм тещIыхьа тхыпхъэм и мыхьэнэм. Зэман кIэщIым нысащIэр хуит къащIыжри, адыгэ пщащэр молдовэ гуащэ хъуащ. Апхуэдэ щIыкIэу, и лэгъунэм и пщIэр езы хъыджэбзым къилэжьыжащ. 
 Политикэ мыхьэнэ зиIэ нысашэр Iэтауэ зэрекIуэкIар, Лупу Василий нысащIэм Яссы къалэм деж гуимэ гъэщIэрэщIахэмкIэ къызэрыщыпежьар къыхощыж тхыдэм. Дауэдапщэ ехьэжьахэр зыфIэфI Лупу ахъшэ щысхьакъым жаIэ, нысашэр цIыхухэм ягу къинэжын папщIэ. ХъыджэбзитIым анэ яхуэхъуа Катеринэ езым бынищ дигъуэтыжащ императорым. ЦIыху губзыгъэу, щхьэгъусэми иужькIэ балигъ хъуа и бынхэми зэречэнджэщын акъыл бгъэдэлъауэ жаIэж абы. 
 Краусс Георг тхыдэджым зэритхымкIэ, и щхьэгъусэр I653 гъэм тырку гъэрыпIэм ихуа нэужь, Катеринэ икIуэтын хуей хъури, и дыщэхэкIхэри, шы лъэпкъыфIым щыщ и шитхури итын хуей хъуащ. Бистрицэ гъэру щаубыдри, Катеринэ I658 гъэ пщIондэ хьэпсым ирагъэсащ. ИужькIэ езым и къуэм I659 гъэм тепщэгъуэр Iэрыхьа нэужь, Яссы кIуэжри, абы щыпсэуащ. Щхьэгъусэри къуэри щIэзылъхьэжа Катеринэ I66I гъэм Константинополь Iэпхъуэжри, Босфор пэгъунэгъу сэрейм щыпсэуащ. I665 гъэм Катеринэ Молдавием къигъэзэжащ. Иужьрейуэ и цIэр къыщраIуэр I666 гъэм гъатхэпэм и I-м псапэхуэщIэу ахъшэ зэригуэшам щыхьэт техъуэ дэфтэрырщ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: