Литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ дихьэх, елэжь, зыдж цыхухэр куэд мэхъу. Мы тхыгъэм щIэныгъэл Гъут Лианэ щызэпкърех адыгэ псалъэжьхэм елэжьахэм я IэдакъэщIэкIхэр къазэрехъулIар:
«I936 гъэм урысыбзэкIэ къыдэкIа «Кабардинский фольклор» («Къэбэрдей IуэрыIуатэ») сборникым итщ Цагъуэ Нурий зэхуихьэсыжа и Iэрытххэр, «Адыгэ макъ» газетым ита псалъэжьхэри дыщIыгъуу. Тхыгъэр а зэманым щыIа Iуэху еплъыкIэмрэ политикэмрэ нэхъ егъэщIылIащ, щапхъэхэри темэ жьгъейкIэрэ зэпыудащ.
Хэку зауэшхуэм иужькIэ Елберд Хьэсэнрэ ЩоджэнцIыкIу Iэдэмрэ я нэIэ тету адыгэ псалъэжьхэр къытрагъэдзауэ щытащ щэнейрэ: япэ тедзэгъуитIыр I946 (псалъэ зэдза 258-рэ мэхъу), I947 (250-рэ мэхъу) гъэхэм къыдэкIа щIэныгъэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэсам щыщу, ещанэр тхылъ щхьэхуэм иту. Ахэр тематикэ гуп-гупу мыгуэшауэ зэдыщIэкIыу алыфбейкIэ зэкIэлъокIуэхэр, икIи иужьрей къытедзэгъуэр псалъэжьрэ псалъэ шэрыуэу 998-рэ ирокъу.
Нэхъ гурыIуэгъуэу, щIэныгъэ IуэхукIи егупсысауэ, бжыгъэкIи нэхъыбэ дыдэ къызэщIеубыдэр КъардэнгъущI Зырамыкурэ ГъукIэмыхъу Абубэчыррэ ягъэхьэзыра «Адыгэ псалъэжьхэр» жыхуиIэ тхылъым.
Абы хуаубзыхуа зэщхьэщыдзыныгъэ Iэмалыр щIэныгъэрылажьэ Iэзэхэм Даль В.И. и сборникым ит зэщхьэщыдзыныгъэм тегъэщIауэ, ауэ езыхэм я IэмыщIэ илъ адыгэ материалым къегъэзэгъыжауэ зэрагъэпэщащ – псалъэжьхэр темэкIэ зэпахукIахэщ (темэу II мэхъу), дэтхэнэ темэм ехьэлIа гупри алыфбейкIэ зэкIэлъхьэужьу ягъэпсыжащ.
Ауэ я Iэ илъ материалым и куэдагъым елъытауэ адыгэ щIэныгъэлIхэм систематикэр нэхъ Iэслъэс ящIащ, икIи мыбдежым ар къезэгърабгъуу къэлъытапхъэщ: Даль В.И. и лэжьыгъэу абыхэм тегъэщIапIэу къыхахам еплъытмэ, «Адыгэ псалъэжьхэр» и зы Iыхьэ плIани ирикъуркъым, материалыр нэхъыбэху ар плъыфэ нэхъыбэкIэ зэхэгъэкIын хуей щхьэкIэ, куэдыщэ щымыхъум деж зэрызэхуэбгуэшыпхъэ нэщэнэхэри нэхъ мащIэщ.
ЗэхэлъхьэкIэ гъэщIэгъуэн тхылъеджэм и пащхьэ ирилъхьащ адыгэ усакIуэ икIи филолог Щауэ Къэлидар. Абы и лэжьыгъэм иджыри хуэфэщэн пщIэ хуэмыщIауэрэ екIуэкIми, мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Щауэм и тхылъым хигъэхьа псалъэжьхэр бжыгъэкIэ куэд дыдэ хъуркъым, абы къыхэкIыу темэкIэрэ умыгуэшми, узыхуейр гугъу удемыхьу къыпхуэгъуэтынущ. Ар къилъытэри авторым материалхэр алыфбейкIэ зэкIэлъыкIуэу иухуащ. Дауи, дэтхэнэ псалъэ зэдзами мыхьэнэ щхьэхуэ иIэжщ, ауэ, хьэлэмэтыращи, псалъэжьхэм ящыщу нэхъыбэу Щауэм къихьыр къэбэрдей тхакIуэхэм, усакIуэхэм я лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэпахэращ, икIи дэтхэнэ зы псалъэжьми игъэнахуэ Iыхьэм хэтщ литературэ IуэрыIуатэ контекстым къыхэха щапхъэхэр. Ар адыгэ паремиологием дежкIэ лъэбакъуэщIэщ, икIи лэжьыгъэшхуэщ, литературэмрэ IуэрыIуатэмрэ дихьэх, елэжь, зыдж псоми къахуэщхьэпэнущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ къэхутакIуэ институтым и архивым щIэлъщ илъэс пщIы бжыгъэкIэ щIэныгъэрылажьэхэм зэхуахьэсыжа адыгэ псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ Iэрытхыу. Зэхуэзыхьэсыжахэм ящыщу зи цIэр нэхъыбэрэ тхыгъэхэм къахощыр лэжьакIуэ зыбжанэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Щоджэн Хьэзешэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр систематизацие щIащ щIэгъэкъуэн псалъэхэмкIэ зэщхьэщыдзауэ, IэлыфбейкIи зэкIэлъыхьыжауэ щытщ.
Архивым щIэлъ IэдакъэщIэкIхэм Срыкъуэ ХьэтIутIэ зэхуихьэсыжауэ псалъэжь пщIы бжыгъэ хэлъщ, ахэри тематическэ хабзэкIэ гуэша хъуахэщ.
И зэхэлъыкIэкIи, и зэщхьэкIыныгъэкIи нэхъ убзыхуауэ, нэхъ гъэнщIауэ, гъэнэхуауэ жыIэн хуейщ адыгэ щIэныгъэлI ГъукIэмыхъу Абубэчыр и тхыгъэхэр. Зэгуэр тхылъу къыдэдгъэкIауэ щытащ, жиIэу имыгъэтIылъыжу, ар сыт зэманми гукIэ хуэкъабзэу щытащ а лэжьыгъэшхуэм. Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми, Къэрэшей-Шэрджэсми щызэхуихьэсыжа псалъэжьхэр Iэрытхыу щIэлъщ архивым. ГъукIэмыхъум псалъэжьхэр щызэщхьэщидзым щыгъуэ гу лъитащ абыхэм я зэкIэлъыхьыкIэр материалхэм я мыхьэнэмкIэ, я зэпкъырылъыкIэмкIэ убзыхуа зэрыхъунум.
Дэтхэнэ зы щIэныгъэлIу мы IэнатIэм пэрыувами и лэжьыгъэр тедзэжыным щыхуигъэхьэзырым щыгъуэ материалым и систематизацие щIыкIэу щыIэхэр щIипщытыкIащ, зэригъэпщащ, зэхуеплъащ, икIи лэжьыгъэ къэсыху фIыуэ хэлъым, щIэджыкIакIуэм дежкIэ нэхъ тынш зэрыхъуным гу лъитащ. Дэри апхуэдэ дыдэу Iуэхум и ужь дихьащи, псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ я сборникыр щыдгъэхьэзырым ди япэ итахэм къайхъулIахэмрэ гу зылъытапхъэу къэнахэмрэ дызэхуеплъыжурэ нэхъыфIым дызэрехъулIэным дыщIэхъуэпсу материалхэр дгъэхьэзыращ. Абы ипкъ иткIэ, лэжьыгъэр зэредгъэкIуэкI щIыкIэм щхьэхуэу дытепсэлъыхьынщ.
Къыхэгъэщыпхъэу къытщохъур материалыр щIэджыкIакIуэм дежкIэ нэхъ тынш хъуным папщIэ, псалъэжьхэм я зэщхьэщыдзыкIэ Iэмалым дызэрегупсысар. ЯпэщIыкIэ, темэ пкъыгъуэхэмкIэ дгъэнахуэм нэхъ тфIэкъабылу къытщыхъуащ, ди лэжьыгъэр зыпэщIэхуэр лейуэ гугъущэ демыхьыу зыхуей темэм и нэIэ нэхъ тригъэхуэфыным щхьэкIэ.
Ауэ лэжьыгъэм нэхъ куууэ дыхыхьэху дэ къэтлъэгъуащ, псалъэжь зыбжанэр зы темэ мыхъуу темитI-щыми хуэбгъазэ хъууэ, абы ипкъ иткIи языныкъуэхэм деж зы псалъэжьыр мызэ-мытIэу адэкIэ-мыдэкIэ щыхэту, хьэмэрэ хэтми хъуну къызэрыщIэкIыр. Ар къэтлъытэри тхылъыр зыIэрыхьэр зэхэзещхъуэн дымыщIын папщIэ, алыфбей систематизацэр нэхъ езэгъырабгъуу къытфIэщащ, ауэ абы къикIыркъым тематическэ сатырхэм я гугъу пщIын хуэмейуэ, хьэмэрэ гу лъыдмытапхъэу. Апхуэдэу къэтIэту дызыхэплъа материалхэм къазэрыхэщымкIэ дэ темэу пщыкIуплI къыхэдгъэщхьэхукIыжащ, псалъэжь къэс я мыхьэнэхэри щIыдгъужу. Мыбдежым дэ ди япэ итахэм я щапхъэр къабыл тщIащ.
Абыхэм ящыщщ КъардэнгъущI Зырамыкурэ ГъукIэмыхъу Абубэчыррэ ягъэхьэзырауэ щыта «Адыгэ псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ» сборникыр. Абы итхэр – псалъэжьхэри, псалъэ шэрыуэхэри – темэкIэ зэхэгъэщхьэхукIащ; апхуэдэу темэу блы мэхъу (лэжьыгъэм ехьэлIахэр; социальнэ зэхуэмыдэныгъэ къэзыгъэлъагъуэхэр; тхыдэм, зауэм, мамырыгъэм, хэкур фIыуэ лъагъуным теухуахэр; цIыхум и дуней еплъыкIэ къэзыгъэлъагъуэхэр; хабзэм, ущииныгъэм, гъэсэныгъэм, щIэныгъэм епхахэр; цIыхум и хьэл-щэнхэр, я зэхущытыкIэхэр къэзыгъэлъагъуэхэр; бынунагъуэм, благъагъэ-ныбжьэгъугъэм, лъагъуныгъэм епхахэр). КъинэмыщIу, мыпхуэдэ Iыхьэхэри хэтщ мы лэжьыгъэм: «Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм тепсэлъыхь псалъэжьхэр», «Псалъэ хъуэрхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ», «Псалъэ пэжищэ», «Ущие псалъэхэр», «Таурыхъ зиIэ псалъэжьхэр».