Щэнхабзэр зи гъуазэ

Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ. 7-11-нэ классхэм щIэс еджа­кIуэхэр хуагъэзащ тхакIуэ, журналист, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием хэт, корреспондент Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ магистр, адыгэм и пасэрей щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ щIэныгъэлI Гувэжокъуэ ДжэбрэIил, адыгэ уэ­рэдыжьхэр зэхуэзыхьэсыж, зыгъэзащIэ Тэхъу Мухьэмэд, УФ-м и альпинист, Iуащхьэмахуэ 139-рэ дэкIа Шыбзыхъуэ Казбек сымэ. 

Курыт еджапIэм и унафэщI Джато­къуэ Риммэ хьэщIэхэр щригъэблагъэм жи­Iащ:
- КъытщIэувэ щIэблэм адыгэбзэр яIу­ры­лъын, къызыхэкIа лъэпкъым къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щыгъуазэу къэтэджын, хабзэр зэрахьэн папщIэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонидрэ сэрэ къыхэтлъхьа Iуэхущ мыр. Дунейм и зыужьыгъуэ гуащIэм хэпсэукI лъэпкъ мащIэхэм я щэнхабзэр глобализацэм дэ­мыкIуэдын папщIэ лэжьыгъэшхуэхэр ирагъэкIуэкI иджыпсту. Дэри апхуэдэ гупсысэ диIэу, ди еджакIуэ цIыкIухэр адыгэ щэнхабзэм, тхыдэм, бзэмкIэ щIэ­ныгъэлIхэм яIудгъэщIэну къыхэтлъхьащи, тхьэмахуитIым зэ дызэхыхьэныр тхузэфIэкIыну догугъэ. 
Адыгэр къызытекIа лъэпкъыжьым теу­хуа «Хьэтхэр» романыр зи Iэдакъэ къы­щIэкIа Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ еджа­кIуэхэр щигъэгъуэзащ илъэс мини 6-кIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа ди адэжьхэм я тхыдэм:
- Хэкум адыгэу исыр куэд дымыхъуми, дунейм текъухьа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр мелуани 7-м щIегъу. Ахэр илъэси 101-кIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым ирихужьэу я лъахэр ирагъэбгынами, адыгэм тхыдэшхуэ и щIыбагъ дэлъщ, «хьэтхэр» жыхуаIэу Кавказымрэ Азие ЦIыкIумрэ щыпсэуа лъэпкъыжьым дыкъытекIащ. Ахэращ гъущIым япэу елэ­жьын щIэзыдзари, лъэпкъ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зэкъуагъэувэу Хьэт къэра­лы­гъуэшхуэр къызэзгъэпэщари. Ар хъыбарыжь ­къудей мыхъуу, археологиер щыхьэт зы­техъуэ тхыдэщ. Лъэпкъым и пщэдейр къы­пызыщэнур, хабзэмрэ бзэм­рэ и хъу­макIуэу къытщIэувэр щIэб­лэращи, а псоми хэфщIыкIын ­хуейщ. ЦIыхур къы­зыхэкIамрэ и лъэпкъым къича гъуэгуа­нэмрэ зыщигъэгъуэза нэужь и дуней ­еп­лъыкIэми зехъуэж, и хэкупсэр къы­зэщIоушэ, - къыхигъэщащ абы и пса­лъэм. 
Анфисэ зэпкърыхауэ и гугъу ищIащ роман зыхуигъэпса Хьэт къэралыгъуэр къызэрыунэхуам, ахэр Кавказым икIын хуей щIэхъуам, я хуитыныгъэм папщIэ зэ­зэуахэм, кIуэдыжыгъуэ яхуэхъуам, хэкум къина хьэтхэр адыгэкIэ зэджэж лъэпкъыу нобэм къызэрысам. 
ЕджакIуэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ Гувэжокъуэр зэлэжьри. Адыгэбзэр макъыбзэу, щIыуэпсыбзэу зэрыщытым, пычыгъуэ къэси мыхьэнэшхуэ зэры­хэ­лъым, адыгэ тхыпхъэхэр пасэрей тхыбзэу зэрыщытым, тхыпхъэ къэси хъыбар щхьэхуэ къызэраIуатэм тепсэлъыхьащ ар. 
- Адыгэм и Iэщэ-фащэр дахэу игъэ­щIэ­ращIэ къудей мыхъуу, тхыпхъэ къэс мы­хьэнэ гуэр щIилъхьэу щытащ. Апхуэдэу, къамэм, сэшхуэм, хьэзырым, бзылъхугъэхэм я бостейм тещIыхьа тхыпхъэхэм цIыхур къахъумэу я фIэщ хъурт ди адэжьхэм. ЩIэныгъэшхуэ бгъэдэлъащ ди япэ итахэм. А псоми теухуауэ ди щIэ­ныгъэлIхэм тхылъ щхьэпэхэр ятхыжауэ щыIэщи, зыщывгъэгъуазэмэ гъэщIэ­гъуэн фщыхъунт, хэт ищIэрэ, а лэжьыгъэхэм къыпызыщэн IэщIагъэлI фыхъуну фыхъуэпсэнри хэлъщ, - жиIащ Гувэжо­къуэм. 
Адыгэ уэрэдыжьхэм лъэпкъ тхыдэр IуэрыIуатэ защIэу нобэм къызэрахьэсам, псалъэжьхэм, жыIэгъуэхэм, псын­щIэрыпсалъэхэм Iущыгъэу хэлъым я гугъу­ ищIащ Тэхъу Мухьэмэд. Нэхъы­жьыфIым гу лъитащ лъэхъэнэ гуэркIэ тхыбзэ имыIэу къэгъуэгурыкIуа зауэлI лъэп­къым и блэкIар ирихъумэн папщIэ иуса уэрэдыжьхэм мыхьэнэшхуэ зэра­Iэм, ар лъэпкъ щэнхабзэм и Iыхьэшхуэу зэрыщытым.
АльпинизмэмкIэ мастер, УФ-м и альпинист, адыгэ нып нэхъ ин дыдэр Iуащ­хьэмахуэ дэзыха, «ЩIыхьымрэ лIыгъэм­рэ» я орденымкIэ ягъэлъэпIа Шыбзы­хъуэ Казбек щIалэгъуалэм щапхъэ зыт­рах къуажэдэсщ. Абы зэIущIэм къе­­кIуэлIа ныбжьыщIэхэр щигъэгъуэзащ Iуащхьэмахуэ лъапэ и Iэхэлъахэм къыщагъуэтыж фэеплъхэмрэ археологие къэхутэныгъэхэмрэ зыхуэдэм. 

Тамбий Гуащэмахуэ.
Поделиться: