Зыми емыщхь

Ди литературэм и фIыпIэм щыщ хъуа усыгъэ телъыджэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа, тхылъеджэхэм фIыуэ ялъэгъуа уса­кIуэщ Бицу Анатолэ. Абы и творчествэм тетхыхьахэм ящыщ зыщ журналист Тэтрокъуэ Астемыр.

«Курыт еджапIэм сыщIэсу и япэ тхылъ «ГуфIапщIэмкIэ» си гъа­щIэм къыхы­хьащ Бицу Анатолэ. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу, 1971 гъэм, дунейм къыте­хьащ усакIуэм «Зы да­къикъэ» зыфIища и етIуанэ тхылъри. А тхылъитIым ярыт усэхэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэт, псэкIи си гъунэгъути, псори гукIэ зэзгъэщIауэ щытащ.

Анатолэ и усэхэр куэдрэ Iуамыха щхьэгъубжэр зэIуадзу пэшым къыщIэуа хьэуа къабзэм хуэдэт: абыхэм уи лъэр жан ящIырт, уи щхьэр ягъэуназэрт, гумрэ псэмрэ я плIанэпэ нэхухэм уда­гъаплъэрти, цIыхугъэмрэ адыгагъэмрэ я хабзэхэм утетмэ, гъащIэм щыпхузэ­фIэ­мыкIын зэрыщымыIэр уи фIэщ ящIырт.

Бицум и усэхэр «ныбжьэгъу» къызэрысхуэхъурэ илъэс плIыщIым щхьэдэхами, сэ абы зэи сыхущIегъуэжакъым: зы махуи дэмыкIыу гъащIэм къыс­хуигъэува упщIэ куэдым я жэуапхэр абыхэм къыщызгъуэтащ.

Бицур зытетхыхьхэм бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ къахуегъуэтыф. УсакIуэхэм я нэхъыбэм, сэ зэрысщIэмкIэ, тхэн къызэрыщIадзэр я бгъэм къеныкъуэкъуу я гур къезыхуэкI лъагъуны­гъэрщ. УсакIуэм и лирикэ лIыхъужьым лъагъуныгъэ зыхуищIа пщащэр зрамыгъэпщар укIуэдыж. Ар хэт и дыщэщ, хэт и налкъутщ, хэт и налмэсщ, хэт и вагъуэщ, хэт и мазэщ, хэт и дыгъэщ, хэт и нэщ, хэт и псэщ, хэт а псори фIыуэ илъагъум зэуэ кIэрелъхьэ. ЖыпIэ­нурамэ, ахэр и ужь итщ лъагъуныгъэ зыхуащIа пщащэм хужаIэ псалъэ дахэхэмкIэ я лъагъуныгъэм и куууа­гъым шэч лъэпкъ къыщIытепхьэжын зэрыщымыIэр уи фIэщ ящIыну. Пэжу, усакIуэм и зэфIэкIым теухуауэ ар къызэхъулIи къызэмыхъулIи щыIэщ. пса­лъэр къызэрыпхуэгъэсэбэпщ, зэрыпхуэ­гъэлажьэщ… Псори дызэсэжа, куэдым тфIэмыщIэщыгъуэж псалъэ цIуугъэ­нэхэм хуей тхылъеджэ иджыри щыIэмэ, дауи, ахэр къэгъэсэбэпыпхъэщ. Ауэ апхуэдэ усэ зытх усакIуэхэм нэгъуэщI тхэкIи зэрыщыIэр яригъэлъагъуну утыку къихьам хуэдэщ Бицу Анатолэ.

Сэ сызэреплъымкIэ, Бицум и лъагъуныгъэ усэхэр адыгэ лирикэм и фIыпIэщ. УсакIуэм фIыуэ илъагъур куэдщ: анэр, адэр, къуэшыр, шыпхъур, Хэкур, лъэпкъыр, зи Хэкур фIыуэ зылъагъу цIыхур, ар къэзыухъуреихь дуней дахэр, псэущхьэхэр… Дэтхэнэм, сытым и цIэр къипIуэн! Куэд мэхъу ахэр. Сыт зытеплъэ мыхъур, жыпIэмэ… ЦIыху гу щIы­Iэхэрщ, цIыху гунэфхэрщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхур насыпыфIэ хъун щхьэкIэ зыхуейр икъукIэ мащIэщ.

Нэхъыщхьэр, уэ нэмыщI, гулъытэ хуей цIыху дунейм зэрытетыр пщIэнырщ, дэтхэнэ зы цIыхури уи щхьэм еплъытынырщ. Дунейр нобэ щимыухкIэ, зыгуэрым ухуэныкъуэми ягъэ кIын­къым:

Хъунущ упсэу гу лъумытэу

Зэрыахъшэншэр уи жыпыр,

Уи унэм зэрыщIэмытым

Жылэр зэхъуапсэ хьэпшыпхэр.

Ауэ къыпфIэмыIуэху щымыIэу дунейм утетыныр гуауэшхуэщ - ар цIыхугъэми адыгагъэми къезэгъыркъым:

Гъунэгъур щохьэ гъунэгъум,

ЛъэпкъитI зэщыхьэм - ар зауэщ…

А псоми уигу иримыгъум -

Дунейм утеткъым упсэууэ.

Мы тхыгъэ кIэщIыр щыстхым, сэ си пщэ дэслъхьэжакъым усакIуэшхуэ Бицу Анатолэ и творчествэр куууэ зэпкърысхыну. Апхуэдэ мурад сщIами, си зэфIэкIыр пэмылъэщынкIи хъунт. Си гум илъар зыщ: Бицу Анатолэ и усэ гъэпсыкIэр, и хъэтIыр нэгъуэщIым ейм зэремыщхьыр, абы и усэхэм езым яхуидыжа «фащэ» къекIу зэращыгъыр къэзгъэлъэгъуэнырщ. Ди литературэ щIэныгъэлIхэм абы и творчествэр куууэ яджу бэкIэ дызыщыгугъ ди щIэблэм дерсу бгъэдалъхьэжын хуейщ».

БЕЗРЫКЪУЭ Данэ.
Поделиться: