Псэр и закъуэу къыщынэм деж

Анэр и пхъум тегужьеикIауэ аргуэру зы хъыджэбз цIыкIу Тхьэшхуэм къахуигъэфащащ. Шыпхъу нэхъыщIэ зэриIэм Симазэ и гукъыдэжыр куэдкIэ нэхъыфI ищIат, зэзэмызэ, мы дохутырхэр щыуагъэнущ, щыжыпIи къыхэхуэрт, зи гукъыдэжыр ин Симазэ гухэхъуэу сабийм игъэдыхьэшхырти. 
СабиитIым тегужьеикIауэ псэу адэ-анэр Симазэ егъэджа зэрыхъунум емыгупсысу къанэртэкъым: «емыджэу дауэ хъун, еджакIуэ щыIэу зыгуэр къыщыщIмэ, сыт тщIэжынур?» АрщхьэкIэ хьэблэ сабийхэм хуэдабзэу, езыри темыпыIэжу йожьэ еджапIэм щыкIуэну пIалъэр къыщысынум. 
Ари къэсащ, дохутырхэм, «жьыбгъэм хэтмэ, и узыр нэхъ тынш хъунущ» щыжаIэм, еджэхэм щехъуапсэкIэ, къакIэрымыхумэ нэхъыфIщ, жаIэри ямыгъакIуэу хъуакъым. 
Япэ илъэсхэм е адэм е анэм яшэрт, нэхъ ин хъуа нэужь, и ныбжьэгъухэм я гъусэу кIуэ хъуат. 
 Дэ дыщызэхуэзар, зэрыжысIащи, щIалэжь цIыкIухэм Симазэ ягъэбампIэу сыдэIэпыкъуу ныбжьэгъу иужькIэ дыщызэзэхуэхъуам щыгъуэт.
Зы илъэсыр икIри Къайсэр дэт сымэджэщым Симазэ аргуэру имыгъэзэжу хъуакъым. Зэрыунагъуэу анэ шыпхъум и деж щыIэт. Сымаджэщым щыщIэмылъым деж, гъунэгъуу щыт еджапIэм щеджэрт, щысымаджэм деж, сыт ищIэнт, и унэжьым хуэдэу сымаджэщым кIуэрти щIэгъуалъхэрт. Симазэ насып иIэти дохутыр гумащIэ къыхуэзащ, и быным хуэдэу илъэгъуа хъыджэбз Iущ цIыкIум и гур щIэгъурт, псэуху сыдэIэпыкъунщ, схузэфIэкIыр хуэсщIэнщ, жиIэгъат. Сымаджэщым щыщIэлъым деж шхын зэхэхакIэ Симазэ ягъашхэу щытт, унэм къэкIуэжми арат. ИлъэситIым и кIуэцIкIэ Симазэ зэуэ ин хъуати гъэщIэгъуэнт ар къалэм щыкIуамрэ иджыпсту и теплъэр зэрыхъуамрэ. Симазэ и фэм ущызэкIэщIэплъу хъыджэбз дахащэ къищIыкIат. Гъэ еджэгъуэр щIимыдзэж щIыкIэ унагъуэм къуажэм къигъэзэжащ.
Пщэдджыжьым жьыуэ къэуша Симазэ гъуэлъыпIэкум ист и пщIыхьэпIэу илъэгъуар зыхуихьынур имыщIэу. Пасэу къыщIэкIа дыгъэм и бзий щхьэгъубжэм къыдидзыр хэджэгухьт унэм щIэт удз гъэгъам, абы и мэ гуакIуэм псэр игъэгуфIэрт. ЦIыхубзыр Тхьэм къыщигъэщIым гъэгъахэм я мэ гуакIуэри яфIэфIу къигъэщIагъэнт. Уэрамым къуалэбзухэм къыщырат усэм гуфIэгъуэм хегъахъуэ, джэдкъазхэм Iус иратащи, зыр зым лъэщIэмыхьэу Iусым зэрыхуэжэри зэхыбох. Жэщ псом сэкъа хьэхэми я банэ макъыр щызэхэпхыр зэзэмызэххэщ. Хьэрхьупым и джэ макъыр гъэмахуэм и зы нэщэнэу «пIу-пIу-пIупI, пIу-пIу-пIупI», - жеIэри жыгыщхьэм тесщ. Гъэмахуэ пщэдджыжьым дахащэу зэрызыкъиужьыр зыхищIауэ Симазэ ищIэжтэкъым. Симазэ и анэ жьырытэджыр, унагъуэ Iуэхум иужь итт. И адэри фIанэм зэрытеуIуэр гуэщымкIэ щызэхыбох. Элиф дахэ и закъуэщ иджыри IэфI дэдэу жейр. 
Симазэ и щхьэнтэр къищтэри абы и гъуэлъыпIэмкIэ идзащ. 
- Элиф зо, кхъыIэ, къэушыт, сэ зы пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэн ныжэбэ слъэгъуащи. 
АрщхьэкIэ хъыджэбзым къытехуа щхьэнтэри къыфIэIуэхущакъым, IэфIу мэжей. ПщIыхьыр зыхуихьынур имыщIэу аргуэру йогупсысыр, пщIыхьэпIэр зытеухуар езыр зэрылIарат. Гужьеину хуейщи, ари къехъулIэркъым, жиIэжынущи, …
- Хъунщ-тIэ, псори дызэхуэсмэ, кахвалтым (пщэдджыжьышхэм) деж щажесIэжынщ, - къыщолъэтри зехуапэ, зетхьэщI. 
Элифи хуэмейуэрэ къагъэушами, лэкъум пщтырым и мэм псынщIэу пщэфIапIэм къыщIишащ. Пщащэхэр анэм дэIэпыкъуурэ Iэнэм къытрагъэуващ Симазэ игу къэкIауэ жыхуиIа жэмыкуэри, пщэдджыжь къэс адэр зэфэ шей хужьри. Адыгэ кхъуей, гъуэжь хъужауэ, анэм зэпегъэж, Тыркум щыхабзэщ пщэдджыжьышхэр зыпащI щымыIэу елIалIэ ягъэхьэзырыныр. Шхэн щIадзауэ Симазэ зыхутемыIыгъэжу къыщIидзащ.
- Сэ ныжэбэ пщыхьэпIэ гъэщIэгъуэн слъэгъуа.
- Хъер ухъу, - жиIащ анэм, 
- Тхьэ хъер мыхъумэ, нэхъ къэсщтэнтэмэ, ауэ сэ си хьэдагъэр, дыуэщIыр пщIыхьу слъэгъужащ. Псори щым хъуащ. 
- Ар дауэ? - щIоупщIэр адэр.
- Махуэ хэхакIэ сщIэркъым, ауэ, Тхьэ, сыкъыфхэплъэтэмэ, икIи псори фыслъагъутэмэ. Шхэныр зэпагъэури, псори Симазэ еплъащ, «сыт мы жыпIэхэр», - жыхуаIэу. 
- Ди анэ, кхъыIэ, шэджагъуэ нэужьу сыгъуэлъмэ, дакъикъипщI къэс пэшым укъысщхьэщыхьэурэ къызэплъ, сыжейрэ сымыжейрэ. ИтIанэ, дунейм сехыжа нэужькIэ, сынолъэIу, угужьейуэ гъуэнэгъухэм укъемыджэ, си гъусэу щыс. Ди адэри тIэкIу дэкIмэ къыдыхьэжынущ, абы щхьэкIэ, хэт згъэкIуэн, жыпIэу умыгузывэ. Элифи ди адэм и ужь иту къэсыжынущ. Ауэ уэ зыщIыпIи умыкIуэу къызбгъэдэс. Ди гъунэгъу дадэми хъыбар евмыгъащIэу къэвмыгъан. «Сыту зыри зэхэзмыхарэ, сыту зыми зыри къызжимыIарэ» - жиIэу зэрыгузэвари слъэгъуащ. ИтIанэ мо бгы нэкIум Алий кIэрытт, мыбыкIэ къыдэмыхьэу къуажэм дэкIыжащ, сыту пIэрэ ар къызыхихар? Лей зэрыжиIар къыгурыIуэжри зиущэхужат, ауэ зыми зыри зэхамыхауэ защIри, Симази и нэр нэхъ къэплъэжащ. - Ди Яшари си дыуэщIым къыкIэрыхуат, къызэрыкIуэ машинэр къутэри лъэсу къежьати, нэгъуэщI машинэм къыздишащ. Ди анэ, сагъэпскIа нэужь, кхъыIэ, си шхьэцыр уэ схуэжь, зыри зэрысхуемыщIэм щхьэкIэ хуабжьу сыбампIэрт.
Унагъуэ гукъыдэжыр зыкъута Симазэ жэмыкуэри IэфIу ишхыжащ, ардейхэми елъэIуащ шхэну.
- Сэ сыпсэущ, анаа Iей, иIэт IэфIу дыздэвгъашхэт. Ауэ сэ хэкур слъагъужыну пIэрэ? – жиIэу щыщIэупщIэм, 
- Сыт-тIэ щIумылъагъунур? - жиIащ Закия.
Псори нэщхъейуэ зэхэсщ, Симазэ шхэри и щхьэ Iуэху зэрихуэу и пэшым щIыхьэжащ. 
- Сэ нобэ нэхъ фIэмыкIыу Iэдэм сепсэлъэнщ, ар мыхъумэ, Тхьэм ещIэ, адэкIэ зэрыхъунур, – жиIащ Ибрэхьим.
Дунейм фIыгъуэу тетхэм я зы Iыхьэ нэхъ мыхъуми зэхищIати, псэуну лIэ псэр лIэныгъэм иджы щышынэжыртэкъым. Ар мыухыж лъагъуныгъэ лъэщрат. И гупсысэм сыт щыгъуи щигъафIэ Алий дэуэршэру, ечэнджэщу, едэхащIэу иIэти, абы къару мыухыж къритырт, ар езым ейти, зыми трихыфынутэкъым. Iэпкълъэпкъым хэлъ къару лъэщым игъэгушхуэрт. МыдэIуэж псэр зыщIэхъуэпс лъагъуныгъэт Симазэ игъафIэу и гум илъыр.

 

Тэнащ Хьэжымырзэ.
Поделиться:

Читать также: