Лъэпкъыр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр

Урыс пащтыхьымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ Iэмалрэ фIеягъэу къамыгъэсэбэпа щыIэкъым бгырысхэмрэ урысхэмрэ яку лъагъумыхъуныгъэ къыдалъхьэн, ахэр зыщагъэIеин, зэбий ящIын папщIэ. Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ пхэнжым зыкъомыр игъэжэкъуами, ар зэрымытэмэмыр, зэрыгъэпцIагъэр, зауэ екIуэкIыр лъэпкъ абы хэшахэм дежкIэ зэрынасыпыншэгъуэшхуэр, лей – бэлыхь мыухыжхэр псоми абы къазэрыхуихьыр нэхъыбэм къагурыIуэрт. 
Урысей къэралыгъуэм иригъэкIуэкI политикэ мыхъумыщIэм фIэмылIыкIыу, зауаер зэрекIуэкIым щхьэкIи къамыгъанэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъуныгъэр, я зэпыщIэныгъэр нэхъ мащIэ хъуртэкъым. Абы пэжу гу лъитащ Ахъмэтыкъуэ Къызбэч. Абы и рассказхэм ящыщ зым – «Командирым и пхъум» – къыщегъэлъагъуэ зауэбанэ зяку дэлъ лъэпкъхэм я цIыхухэм я лъагъуныгъэр абы къызэрытримыгъэувыIэфыр, зыри зэрыхуемыщIэр. Рассказым и лIыхъужь урыс пщащэ Софья, пщы унагъуэм ихьэну къызэрыпэщытым щхьэкIи къимыгъанэу, фIыуэ елъагъу ауэ къызэрыгуэкI бгырыс ныбжьыщIэ Шрыхукъуэ. Ар едаIуэркъым и адэ-анэм я жыIи, абы зыуи къридзэркъым езы тIум я диныр зэрызэтемыхуэри, зыхыхьэну и мурад хамэ гъащIэм къыщыпэплъэ гугъуехьхэри. Урыс пщащэ псэемыблэжыр адыгэ унагъуэм хъарзынэуи хэзэгъащ, зэманыфIкIи щыпсэуащ, ауэ къылъыкъуэкIа шынагъуэхэр мыхъугъамэ, ар и адэ и лъапсэ къекIуэлIэжынуи къыщIэкIынтэкъым. 
Псэуэ илъагъу и щхьэгъусэр щыIэщIэкIым, Софьи, къытепсыха гуауэр хуэмышэчу, езыри псынщIэу дунейм йохыж. Ахъмэтыкъуэм и тхыгъэ куэдым пэжу къызэрыхэщымкIэ, адыгэ бзылъхугъэхэм я щхьэр, я псэр зыщIатыр я щхьэзакъуэ насыпымрэ я лъагъуныгъэ къудеймрэ я закъуэкъым. ЦIыхухъухэми ещхьу, абыхэми лъахэм и хуитыныгъэр зыщымысхьыжу яхъумэ, зыуи кърамыдзэу я гъащIэр абы щхьэузыхь хуащI. Я хэкур псэзэпылъхьэпIэ щихуэм абыхэми лIыгъэрэ зэфIэкI телъыджэрэ къагъэлъагъуэ, акъыл жан, зэхэщIыкI куу къалъыкъуокI. 
Зи адэжь щIыналъэм и щIыхьыр и псэм япэ изыгъэщ, сыт хуэдэ гугъуехьхэри абы щхьэкIэ къызэринэкIыфыну хьэзыр бгырыс цIыхубз псэемыблэжым и образ гукъинэж ущыхуозэ «Пщым ипхъу Зарэ» рассказми. А пщащэ лIыхъужьым и лъэпкъыр хэкIыпIэншэ IэнатIэ Iууващ – нэгъуей хъаным и дзэр мацIэу лъахэм къытеуащ. ЗылI и быну хэкум и цIыхухэм псоми я щхьэхуитыныгъэм папщIэ я псэр зэратыным шэч гуэри къытрамыхьэ щхьэкIэ, лъэпкъым и унафэщI пщы Кургъуокъуэ тогузэвыхь занщIэу бий шынагъуэм пэувмэ, и лъэпкъыр зэрыщыту зэрыхэкIуэдэнум, егъэхыщIэ зэрыдэIэпыкъугъуэншэм, хэкIыпIэ гуэри къызэрыхуэмыгъуэтым. 
И лъахэр зэрыхуа апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэм ар къезыгъэлыр, IуэрыIуатэм хэт Лашын цIэрыIуэми хуэдэу, зыкIи зыщымыгугъа адыгэ пщащэ къызэрыгуэкI Зарэщ. А хъыджэбз Iущым зэхилъхьа Iэмалхэр зи фIэщ хъуа, абыхэм ягъэжэкъуа нэгъуей хъаныр гъуэгу пхэнж тоувэ, кIуэдыпIэм йохуэ, абы и фIыгъэкIи хамэ щIыпIэ къикIа зэрыпхъуакIуэхэм я мурад фIейхэр зрагъэхъулIэфкъым, лъэпкъыр къызэтонэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм зэфIэкI телъыджэ ябгъэдэлъахэр нэхъ кууужу тхакIуэм къыщигъэлъэгъуащ «Патриоткэ» рассказым. Абы и лIыхъужьыр ауэ къызэрыгуэкI мэкъумэшыщIэм къыхэкIа Зазивщ. Къулейсызыгъэшхуэ зытелъу псэу а пщащэм гъащIэм къалэну щиIэр зыщ – ныкъуэдыкъуэу, Iэрызехьэу къыхуэна и адэ закъуэр зэрыхузэфIэкIкIэ зыхуей хуигъазэу, иджыри тIэкIу игъэпсэунырщ. Ауэ зыхилъхьэ щымыIэу илъагъу и хэкум шынагъуэ къыщыщхьэщыхьэм, и псэми, зи закъуэу къигъанэ и адэми япэ ирегъэщ адэжь щIыналъэм и щхьэхуитыныгъэр, и щхьэр зыуи къримыдзэу абы щхьэузыхь хуещI. 
Псэм дыхьэ, гум къинэ апхуэдэ образ хьэлэмэтхэм уащыхуозэ тхакIуэм и нэгъуэщI тхыгъэхэми, ауэ ахэм языныкъуэхэм егъэлеиныгъэ ядэплъагъу, екIуэкI гъащIэм пэIэщIэ хуэдэу къыпфIэщI щхьэкIэ, нэхъыбэм куууэ яхэпщащ бгырысхэм я лIыгъи, я гурылъ-гурыщIи, хьэл-щэн телъыджэ яхэлъахэри. 
20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Ахъмэтыкъуэм и тхыгъэхэм бгырыс IуэрыIуатэм апхуэдэ пыщIэныгъэ хуаIэжкъым, абыхэм щIыпIэ нэхъ ин щаубыду щIадзэ екIуэкI гъащIэм, цIыху къызэрыгуэкIхэм я псэукIэм, я щхьэхуитыныгъэм папщIэ ирагъэкIуэкI бэнэныгъэм. А зэхъуэкIыныгъэхэри, шэчыншэу, епхащ революционнэ зэщIэхъееныгъэм Урысейм зэрызыщиужьами, цIыху къызэрыгуэкIхэм я псэукIэм нэхъ куууэ тхакIуэм щыгъуазэ зэрызыхуищIами, езым и художественнэ Iэзагъыр зэрефIэкIуами. 
Реализмэм и гъуэгум ар мащIэ-мащIэурэ зэрытеувэм щыхьэт техъуэ тхыгъэ зыбжанэ абы и Iэдакъэ а илъэсхэм къыщIэкIащ, абыхэм я нэхъыбэми зи гугъу щищIар екIуэкI гъащIэм и щытыкIэ жагъуэрщ, щызекIуэ хабзэхэр зэрынэмыгъэсарщ, абыхэм я зэранкIэ цIыхубэр бэлыхь мыуххэм зэрыхэтхэрщ, зэрыдэкъузарщ. Бгырыс мэкъумэшыщIэхэм ятелъ хьэзабыр къигъэлъагъуэ щхьэкIэ, езы тхакIуэми илъагъуэркъым, къыхуэхутэркъым абы и хэкIыпIэ хъунур. Абы и тхыгъэхэм я ехъулIэныгъэр зыщылъагъупхъэри бгырыс лъэпкъхэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ ткIийхэр ахэм къызэрыщыIэтарщ, зи гуащIэкIэ псэужхэм, лей зылъысхэм зэралъэныкъуэр, зэрателъхьэр зэримыбзыщIырщ, и щхьэ течауэ зэрыжиIэрщ, ахэм гущIэгъу зэрахуищIырщ, лъагъуныгъэ къабзэ зэрахуиIэрщ. 
Ахъмэтыкъуэ Къызбэч псом япэуи зыгъэгубжьыр щыпсэу къэралыгъуэм ауэ къызэрыгуэкI цIыхум хуэфащэ псэукIэ къызэрыхузэримыгъэпэщырщ, абы пщIэ зэрыхуимыщIырщ, щIакхъуэ фIыцIэ Iыхьэм щIэгупсысу и дунейр зэригъакIуэрщ. 

 

Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.
Поделиться:

Читать также: