Адыгэ фащэм ди гъащIэм щиIэ мыхьэнэм, нобэрей зэманым нэхъ къезэгъыу абы и пкъыгъуэ гуэрхэр щыгъынхэм зэрырахьэлIэм, нэгъуэщIхэми къытхутопсэлъыхь «Zaira_fasha» студиер къызэзыгъэпэща Хьэмырзэ Заирэ.
- Зы лъэныкъуэкIи ди зэманым хэзэгъэн фэилъхьэгъуэ дыхуейщ жысIэнущ, ауэ лъэпкъ фащэр къыумыцIыхужыным нэбгъэс хъуну къэслъытэркъым. Лъэпкъ фащэм ущелэжькIэ, абы къемызэгъ кIэрыплъхьэ е ар зэпхъуэкI хъунукъым. Ауэ, зэрыжысIауэ, а Iэмалыр къэдгъэсэбэпыни хуейщ. Ар щIыжысIэм щхьэусыгъуэ иIэщ: нобэрей щIалэгъуалэр фащэр зэрыхуейм хуэдэу щитIэгъэну хуит умыщIмэ, зыуи щитIэгъэххэнукъым. Иужьрей илъэсхэм адыгэ лъэпкъым махуэшхуэхэр диIэ зэрыхъужам срогушхуэ. Адыгэхэм я махуэр, ныпыр, фащэр щагъэлъапIэхэр, къищынэмыщIауэ, щыгъуэ-щIэж махуэр - мыхэр цIыхубэр къызыхэкIам зыщыхуигъэзэж защIэщ икIи апхуэдэхэм деж фащэ щызытIагъэр нэхъыбэ зэрыхъур ди гуапэщ. Си унагъуэр къэсщтэнщи, а махуэхэр ди дежкIэ, дауи, лъапIэщ. Сабийми зэщхьэгъусэми фащэр щыщыттIагъэкIэ, нэгъуэщIхэри абы едгъэхъуэпсэжыным хэтлъхьэфыр хэтлъхьэн хуейщ.
Псалъэм папщIэ, адыгэ джанэр IэщIыб ящIауэ къекIуэкIащ зыкъомрэ. Иджы ящыгъыу ялъагъуурэ, нэхъыбэ къыщIэупщIэ хъуащ. Мы зэманым плъыфэкIи инагъ-цIыкIуагъкIи зэщхьэщыкIыу сыт хуэдэ джанэ лIэужьыгъуи щыбгъуэтынущ ди IуэхущIапIэм. Мыри жысIэнут. КъэфакIуэхэм я джанэхэм я пщампIэр лъагэу щытми хъу щхьэкIэ, ар зепхьэну зэрафIэмытыншми къыхэкIт ар щIыщамытIагъэр. Сэ абы и лъэныкъуэкIи селэжьащ икIи фэилъхьэгъуэм и теплъэр иIэжу ауэ хуиту зэращыгъыным тещIыхьауэ ар зэзгъэпэщащ. Зылъагъур йохъуапсэри, нэхъыбэм ар зэрыщатIэгъэжыным дэри дыхущIокъу.
Иджы зы гугъуехь гуэри къыхэзгъэщыну сыхуейт. Дэну хуейхэр, IэпщIэлъапщIэхэр ди мащIэщ, жысIэну арат. Пасэм адыгэ унагъуэм ис дэтхэнэ хъыджэбз цIыкIуми и къалэну щытащ дэныр. Зыми и жагъуэ сщIыну сыхуейкъым, ауэ иджыпсту сыт зыхущIэкъур жыпIэмэ, Интернетым блогер щыхъунырщ. Ар сфIэтэмэмкъым. Дгъэсэну дэ щIэх-щIэхыурэ къыдощтэри, тIэкIу гугъу зэрехьу, нэхъыбэм IэщIыб ящIыж. Щхьэж и щхьэкIэ IэщIагъэм хуэкIуэу аращи, гугъу уемыхьу ар зэуэ къохъулIэнукъым.
Иджыпсту нэхъыбэу зи ужь ситыр хьэгъуэлIыгъуэ фащэхэр дынырщ. Абы лэжьыгъэшхуэ идохьэлIэ. Дызэрыгушхуэнщи, нысащIэхэм лъэпкъ фащэр щатIэгъэжащ. Ауэ мы жысIэнур нэхъыбэу дэрбзэрхэращ зыхуэгъэзар. Кавказым ис лъэпкъхэм фащэр ящыгъщ. Абы и къежьапIэми зехьэкIэми теухуауэ, зэрытщIэщи, зэдауэ куэд йокIуэкI. Адыгэ фащэр щыщатIэгъэжагъащIэм, срихьэлIащ ди адыгэ хъыджэбз цIыкIухэм я хьэгъуэлIыгъуэм осетин пыIэр щащыгъыу. Абы дыхуэсакъыну, тхыдэджу дыщымытми, ди фащэхэр нэхъыщхьэу зэрызэщхьэщыкIхэм жэуаплыныгъэ тхэлъу дыбгъэдыхьэну сыхуейт. Иджыпсту нысашэхэм щыболъагъу лъэпкъ фащэр ящыгъыу, ауэ щхьэмцIэу. Ар тэмэмкъым, хабзэм дытетмэ нэхъыфIщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыддэгъуэгурыкIуэу, унэишэм деж нысащIэм кърапхъухыу щыта шылэхъархэр илъэс куэд хъуауэ зэхуэхьэсыжыным сэ иужь ситщ. Япэм унагъуэ къэс ахэр илъу щытащ. А хабзэфIыр къэтIэтыжыну си хъуэпсапIэщ. Сэ сыкъыщыхъуа унагъуэр, ди насыпти, унагъуэшхуэт, си адэр зэкъуэшихрэ зэшыпхъуиплIрэ хъууэ щытащ. Ди лъэпкъыр щхьэхуэу зэгъунэгъуу дызэхэсти, ГъущIо хьэблэ фIащащ. ХьэгъуэлIыгъуэ мымащIи си нэгу щIэкIащ. Мис абы щыгъуэм щегъэжьауэ а шылэхъарыр сэ хуабжьу сфIэфIщ. Апхуэдэ IэлъэщIхэр къызэредгъэжьэжыным, ахэр унагъуэхэм къызэрихьэжыным долэжь, а зэманым слъэгъуа плъыфэхэр си нэгу къыщIэзгъэхьэжурэ...