Бзэмрэ псэмрэАнэдэлъхубзэр сыт цIыху щхьэхуэм, лъэпкъ псом дежкIэ? Тхьэм къыIурилъхьэри ирипсэуну кърита фIыгъуэщ. И лъым хэтщ, цIыхум и хьэл-щэныр ипсыхьу. Пэжщ, бзэм хьэл-щэн епсыхь. Ди адыгэбзэм къыдокIуэ хабзэ-нэмыси, щэнхабзи, зыIыгъыкIи, зыщIыкIи, цIыху хэтыкIи, дуней тетыкIи. Мо зэкIэлъыхьа-зэпыщIам зы къуэпс къыхэпчмэ, ар псо хъужыркъым – зэкIэщIокI. АтIэ, адрей къуэпс псори къызыбгъэдэкIыжыр бзэращ. Бзэмрэ псэмрэ зэгъусэщ. Гугъу иджы адыгэбзэкIэ упсэлъэну? Хьэуэ, псэ хэплъхьэмэ, гугъукъым. Аращ тфIэкIуэдыр – псэращ. Псэм дегугъун, дытелэжьэн хуейщ. Бзэр мэкIуэд жытIэ щхьэкIэ, ар здэкIуэ щыIэкъым. Псэр мэкIуэдри, бзэр тхуэмыгъэкъаруужу аращ ахъумэ. Псэ хомылъхьэу уэрэд жыпIэфынукъым, укъэфэфынукъым, сурэт пщIыфынукъым, фащэ бдыфынукъым. Псэ хомылъхьэу анэдэлъхубзи пхуэхъумэнукъым. Ди псэр дгъэнщIыжын хуейуэ аращ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




