Къызэгъэпэщыныгъэм хуэIэижьщ, Идар

ГъукIакъуэ Идар концерт къы­зэгъэпэщакIуэщ, «Гучаков Промоушен групп» зи фIэщыгъэ IуэхущIапIэр егъэлажьэ. Абы и гупым екIуу ирегъэкIуэкI зызрапщыт Iуэхухэр, фIыщIэрэ щытхъурэ яIэщ. ГъукIакъуэр маркетолог IэщIагъэм Чехием и къалащхьэ Прагэ щыхуеджащ Финанс­хэмрэ правэмкIэ школ нэхъыщхьэм. Абы дызэреупщIар къыщIэддзащ IэщIагъэм зэ­рыхэзэгъамкIэ, япэ лъэбакъуэ хуэхъуамкIэ.

- ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэ­зухри, интернеткIэ лэжьыгъэ ­къэслъыхъуэу, компание гуэрым срихьэлIэщ. Абы си анкетэр езгъэхьри, сыкъащтащ. Концертышхуэхэр къызэдгъэпэщырт, Мадоннэ, Брайн Адамс, дуней псом щыцIэрыIуэ нэгъуэщI артистхэри хэту. Апхуэдэу Чехием пIалъэкIэ сыщылэжьащ. Налшык сыкъэкIуэжауэ, Ащхъуэт Ритэ сыхуэзэри, лэжьыгъэ къызэ­рыслъыхъуэр жесIати, Шы­хъуэстэн Оксанэ деж сигъэ­-кIуащ. Оксанэ зыхуэзгъэзащ, проект зыбжани зэдэтщIащ. Ауэрэ, Хьэцей Тимур къэпсэ­лъащ дызэдэлэжьэну Москва сригъэблагъэу. Абы деж сы­кIуэри, шэщIауэ лэжьэн щIэддзащ, урысей артистхэр, хамэ къэралхэм щыщхэр ди Iуэхухэм хэту. Мы зэманым сэ езым къы­зэзгъэпэщыжа компание согъэлажьэ. 
Хьэцей Тимур и фIыгъэкIэ «Кавказ Мюзик Фест» Iуэхум сыхэтащ. 2022 гъэм Налшык ­Гъэмахуэ театрым махуищкIэ щед­гъэкIуэкIащ концертышхуэ. Беларусым, Витебск къалэм, илъэс къэс докIуэри Iуэху щыдолэжь. 
- Артистхэм ядэлэжьэнымкIэ хамэ къэралхэм щыIэ мардэ­хэмрэ ди къэралым ейхэмрэ зэтехуэрэ? 
- Чехием сыкъыщикIыжам Iэ­щIагъэм теухуауэ куэд сщIэрт, зыкъомым зыщызгъэгъуэзэну ­Iэмал сиIат. Ауэ абыкIэ щыIэ мардэмрэ дыдейхэмрэ зыкIи зэ­техуэркъым. ЗэзгъэщIауэ хъуар къэзгъанэри, щIэрыщIэу зэтезублащ Iуэху къызэгъэпэщыкIэр. 2017 гъэ лъандэрэ Урысейм и системэм сытету солажьэ. Проектышхуэхэм зыдопщыт, къызыдогъэпэщ, ди Iуэхутхьэбзэхэм ­хиубыдэ Iэмалхэм заубгъу. 
«Черкес ФМ»-м сызэрыдэ­ла­жьэри Тимурщ зи фIыгъэр. Ар си гъуэгугъэлъагъуэщ, куэд къы­щысщIащ езым и дежи, сызыхигъэхьа Iуэхухэми. 
- «Черкес ФМ»-м адыгэм и дежкIэ иIэ щэнхабзэ мыхьэнэр сыт хуэдэу къэплъытэрэ? 
- «Черкес ФМ»-м адыгэщ нэхъыбэу хэтыр, дауи. Ар Налшык, Мейкъуапэ е Черкесск щедгъэ­кIуэкIыу щытамэ, апхуэдэ ды­-дэуи цIэрыIуэ мыхъункIи хъунт, нэ­гъуэщI жыпхъэ гуэру къы­щIэкIынт зэрытынур. Москва зэ­рыщедгъэкIуэкIым абы дэс адыгэ­хэм я адыгэпсэр къигъэушу къысщохъу. Хэкум ущы­пэIэ­щIэм деж, абы уи гум хуилъ ­хуабагъэр нэхъ IупщI мэхъу, адэжь щIыналъэ, лъахэгъу узэ­рыхуэныкъуэр куэдкIэ нэхъ зы­хыбощIэ. Ухуозэш лъэпкъ щэн­хабзэм, лъэпкъ гупсысэкIэм, Iуэху зехьэкIэм. «Черкес ФМ»-р щекIуэкIкIэ абы щIэсхэм щыщ щыгъи къохъу, лъэпкъ гурыщIэр къатегуплIэу. Илъэс зыбжанэм  зэ фIэкIа къыщалъхуа щIыналъэм къихьэжыну Iэмал зимыIэ куэд яхэтщ москвадэсхэм. Ди уэ­рэджыIакIуэхэм я уэрэдхэм те­лефонкIэ едаIуэу аращ. АтIэ дэ ахэр псори яхудошэ къалащхьэм. СыткIи нэщIысауэ, фэ тету, зы дагъуэ закъуи имыIэу йокIуэкI ар. Лъэпкъым и щэнхабзэр, и зыIыгъыкIэр, и дуней тетыкIэр щIэ­ныгъэкIэ къыбгурыIуэ къудей мыхъуу, IэпкълъэпкъкIэ зыхэп­щIэн, уи псэр лъэпкъ гуп­сысэм игъэпIейтеин хуейщ ап­хуэдэ Iуэ­хушхуэр къохъулIэн папщIэ. Iуэхум хэт артистхэр дыдейхэ­-ращ, ауэ езыр къызэзыгъэпэ­щыр, режессёр лэжьыгъэр езыгъэкIуэкIыр Москващ, концер­-тыр тезыхыр «Япэ» каналращ. Лъэпкъым дежкIэ и мы­хьэнэр инщ «Черкес ФМ»-м. Ди дахэр, ди макъамэ курыхыр, ди уэрэд нэхъыфIхэр абы утыку къыщрахьэ. ЦIыхубэм фIыуэ ялъагъу Iуэхущ мыр. 
- Уи IэщIагъэр къызэрыхэпхам и гугъу дыгъэщI...
- Сэ сызэрыцIыкIурэ щэнхабзэм, гъуазджэм сыдихьэхырт, ап­хуэдэ Iуэхухэр щыслъагъу икIи щызгъэунэху щIыпIэхэм сыкъы­щыхутэрт щIэх-щIэхыурэ. Си адэ­шхуэм и закъуэ срикъунщ щапхъэу, творчествэм и гугъу пщIынумэ. ПечатымкIэ унэм илъэс 17 сызэрыхъурэ сыщыхэгъэрейт. Телевиденэм Вэрокъуэ Софят и гъусэу щезгъэкIуэкIыу щытащ «Къэрабэ» сабий нэтыныр. Шляпэ сщхьэрыгъыу, нэгъуджэ сIулъу сыкъихьэрт… Пэжщ, сигу ирихьырт апхуэдэ лэжьыгъэр, ауэ зэгуэр ар IэщIагъэ сщIыну, си гъащIэр абы теухуа хъуну си ­гугъэтэкъым – сиIэтэкъым апхуэдэ мурад. 
Си гупсысэр здэщыIамкIэ сыкъыщыхутами, сыщIегъуэжыркъым. «Сыту фIыщэу зыдгъэп­сэхуа!» жаIэу цIыхухэр арэзы ­хъуамэ, фIыщIэ къытхуащIмэ, мис абы гухэхъуэгъуэ къызет. Апхуэдэ псалъэ гуапэ куэди къыджаIэ. Апхуэдизу гугъу дызыдехьам текIуэда зэманри, гуп­сы­сэри, зэфIэкIри псыхэкIуадэ зэ­рымыхъурщ адэкIэ дыкIуэтэну, щIэщыгъуэ къэдгупсысыну гукъыдэж къыдэзытыр. 
- Къэрал куэдым ущыIащ. ПсэукIэ, щэнхабзэ, хабзэ я лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ къэ­рал­хэр уигу нэхъ ибубыда?
- Европэр къызэхэскIухьащ, Америкэм, Азием сыщыIащ. Азие лъэныкъуэмкIэ сыщрихьэ­лIащ ди лъэпкъ щэнхабзэм еб­гъапщэ хъун куэдым. Псалъэм папщIэ, цIыху къыщIыхьэмэ ­къотэдж, уеблэмэ, щхьэщи ящIу. Ущэхуэну тыкуэн ущIыхьарэ, ар зейр зи ныбжь хэкIуэта лIыжьу щытми, укъызэрилъагъуу зыкъытриIэтыкIынущ, пщIэ къып­хуищIу. КIэщIу жыпIэмэ, псом хуэмыдэу Азиер си гум къы­ды­хьащ. Иджы сыхуейщ Китайм, Японием сыкIуэну. 
- Дунейр зэбгъэлъагъун щхьэ­кIэ гъуэгу ущIытехьэр хьэмэрэ лэжьыгъэ Iуэхури абы хэт?
- Дауи, си лэжьыгъэм куэду къыщысхуосэбэп си зекIуэхэр. Iуэхушхуэ гуэрхэм, концертхэм сокIуэ, соплъ. Сызэплъам щIэ­щыгъуэу, дахэу хэлъыр си Iуэхум къыщызогъэсэбэп, сэ къызэзгъэпэщхэм апхуэдэхэр хэзагъэрэ-хэмызагъэрэ, сэ сщIэр зэзгъэлъагъу цIыхухэр дихьэхын-­димыхьэхын - куэд зэпызолъыт. Сценэр зэрагъэувыр, экран зэ­рыфIалъхьэр, уэздыгъэр утыкум зэрытрагъадзэр - абыхэми мы­хьэнэшхуэ яIэщ укIэлъыплъыну. ЗэрыхъукIи, сэ сызэлэжьым хуэ­дэ Iуэхум пэрытхэр зызогъэ­-цIыху, сопсалъэ, иужькIэ дыщы­зэдэлажьи къохъу. 
- Узыщыщ лъэпкъым къы­щIэ­уп­щIэ къахэкIрэ?
- Си цIэр яфIэгъэщIэгъуэну къы­щыщIэупщIэ щыIэщи, абы къикIым, ди лъэпкъыр, ди хабзэхэр зыхуэдэм сахутопсэлъыхь. НэгъуэщI къэрал сыщыкIуэкIэ, сфIэфIщ ди лъэпкъым ифI зыгъэлъагъуэ гуэрхэр здэсшэну. Адыгэ кхъуей куэдрэ къызды­зощтэ, ар зэрыхахым, шхыны­гъуэр зейм сахутепсэлъыхьурэ, лъэпкъыр язогъэцIыху ар зы­фIэгъэщIэгъуэну къыщIэуп­щIэ­хэм. 
Мыри жысIэнут, бзэ, лъэпкъ Iуэхум и гугъу щытщIкIэ… Курыт еджапIэм адыгэбзэмкIэ сыщ­ригъэджащ Щоджэн Iэминат. Абы и дерсхэм тфIэфIу дыкIуэрт, классым щIэсхэм къытхэттэкъым хуэмыпIащIэ. Мис иджы, зэман дэкIауэ, зэклассэгъухэр дызэхуэзэмэ, къэхъуркъым ди егъэджакIуэфIым фIы­кIэ ды­щытемыпсэлъыхь. ЕгъэджакIуэ ткIийт, ауэ еджэнми дытригъэгушхуэрт, анэдэлъху­бзэр фIыуэ дигъэлъагъурт. Сыту къыттехьэлъат ди егъэджакIуэр нэ­гъуэщI IуэхущIапIэ кIуэуэ, еджапIэм щыIукIыжам. Дигу къинэжащ и дерсхэри, и чэнджэщхэри и ущиехэри. 
- Прагэ узэрыщеджам дытеп­сэ­лъыхьмэ…
- Зы илъэскIэ гугъу сехьащ, бзэр зэзгъэщIэху… Прагэ къы­щыздеджахэри сезыгъэджахэри ныбжьэгъу къысхуэхъуащи, ды­зэрощIэ, дызэщIоупщIэ, дызэ­ролъагъу. Лъэпкъ зэмы­лIэужьыгъуэхэм къыхэкIа куэд дызэдеджащи, псори дызэхуэгуапэщ. 
- ЗэбгъэхъулIахэмкIэ узыхуэ­арэ­зыж? УзыщIэхъуэпсу щытахэм техуэрэ ахэр? 
- Сызыхуэарэзыжщ. Пэжщ, ­зыкъомми иджыри сыхуопабгъэ, нэхъыбэ зэзгъэхъулIэну сы­хуейщ. Ауэ апхуэдэущ цIыхум зэрызиужьын хуейри, ущIэп­хъуэIуэ хъунукъым. ЩыIэщ цIыху и ныбжькIэ жыжьэ дыдэ нэмы­сами, зыхуейуэ хъуар къехъу­лIарэ, зыри фIэмыгъэщIэгъуэ­ныжу, мурад хуэмыщIыжу. Ар фIыкъым, мащIэ-мащIэурэ лъагапIэм ухуэкIуэмэ нэхъыфIщ.
- Иджыпсту узэлэжьыр!
- Апэнэс Астемыр Москва щыIэ Вегас Сити Холлым концерт щи­тынущи, абы ди гуи ди пси етауэ долэжь. Абу-Даби зы концертышхуэ щекIуэкIынущи, тшэну гупыр догъэхьэзыр. Зыхудогъэ­хьэзыр Ани Лорак и концертми.
- Уи хъуэпсапIэхэр къохъулIэну си гуапэщ, Идар. 

 

Епсэлъар ГУГЪУЭТ Заремэщ.
Поделиться: