Гуауэри гуфIэгъуэри щызэхэухуэнащСурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, мы махуэхэм щокIуэкI Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу къызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэ. Кулиев Къайсын «И будет жив мой край…» и псалъэхэр зыфIаща зэIущIэм утыку къыщрахьащ музейм и гъэтIылъыгъэхэм къыхаха лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Ди республикэм и сурэтыщIхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр, графикэ, скульптурэ, декоративно-прикладной гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр зы гъэлъэгъуэныгъэу зрагъэуIуащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ музеймрэ. Хэку зауэшхуэм хэта сурэтыщI нэхъыжьхэм яхузэфIэкIащ балъкъэр лъэпкъым и блэкIар, и щхьэм кърикIуар, зыхэпсэукIа щIыуэпсыр нэIурыту къагъэлъагъуэн. IуэхущIапIэм и пэшхэр къыщызэхэпкIухькIэ нэм къыIуедзэ гузэвэгъуэр къызэрыщ нэгухэр, хэплъэу щыс лIыжь-фызыжьхэм я гукъеуэ псалъэншэр, хабзэм тету сабийм кIэлъызэрахьэ дауэдапщэхэм ящыщ кIапэлъапэхэр, къуршхэмрэ бгыхэмрэ я теплъэ уардэу лъэпкъым и дамыгъэ пэлъытэхэр, а псор гугъэзагъэгъуэкIэ зыгъэнщI дахагъэ Iэджэ. ЦIыху цIэрыIуэхэри гулъытэншэ щыхъуакъым гъэлъэгъуэныгъэм. Отаров Чэрим, Зумакуловэ Танзиля сымэ я гъусэу сурэтым «къытхуогуфIыкI» Къып Мухьэмэд. Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




