Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ«Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ», «ЦIыхубз пшэрыхь хущанэ», «Дунейр шэрхъщи, мэкIэрахъуэ», «Жьындум и фыз къэшэкIэщ», «Куэсэ хьэсэгъу умыщI», «Мылажьэ ягъашхэркъым», «Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ» - мы псалъэжьхэми нэгъуэщI куэдми хъыбар ящIыгъущ. Мыхэр гъащIэм къыхэкIащ, зыгуэрым и псалъэ Iущым тражыIыкIыжащ е Iуэхугъуэ гуэрым тражыIыхьа хъури, цIыхубэм псалъафэу къахуэнащ. «Джэд нэхърэ джэдыкIэ нэхъ Iущщ» жери адыгэм псалъэжь иIэщ, ныбжькIэ щIалэм хуомыгъэфэщэну акъыл жан къыщызыкъуихым деж хужаIэу. А псалъэжьыр зытражыIыкIа хъыбарыр гъэщIэгъуэнщ. ГЪУЭТ Синэ.
Еуэри, зы щIалэ гуэр щыпсэут зы къуажэ гуэрым. А щIалэм мурад ищIащ фыз лъыхъуэ ежьэну. И шы-уанэ зэтрелъхьэри гъуэгу тоувэ: «Уэлэхьи, сэ схуэфащэ фыз къэзмыгъуэту сыкъемыкIуэлIэжын», – жери. ДокIри, гъуэгум тоувэ. Зы лIыжь гъуэгурыкIуэ гуэрым хуозэ. ФIэхъус сэламыр зэфIэкIри, лIыжьым шы Iэдэж иIыгът, шы Iэдэжыр зы гъуэгум тетт, лIыжьыр зытес шыр адрей гъуэгум тетти, щIалэр пабжьэм хэтурэ зыкъомрэ кIуэри: – КхъыIэ, тхьэмадэ, – жеIэ, – е уи шы Iэдэжыр къызэт, е узытесыр къызэт. ЩIалэм ар щыжиIэм, лIыжьым къыгурыIуакъым: «Сызытес шыр щIестынур сыт, си Iэдэжри щхьэ естын хуей? Уэлэхьи, делэ гуэрым, мы къысхуэзар!» – жери, зэпсалъэу кIуэурэ, сытми, щIалэр гъуэгум бгъурыту пабжьэм хэту кIуэурэ, зы къуажэ гуэр дохьэри – зыгуэр дахырт лIауэ. – Ярэби, тхьэмадэ, мыр куэд щIауэ пIэрэ зэрылIэрэ, хьэмэрэ нобэу пIэрэ щылIар? – жиIащ. ЛIыжьым къыфIэIуэхуакъым абы и упщIэр: «А гъуэгу мыгъуэм ежьэн, куэд щIауэ лIамэ, иджыри къэсыхункIэ щIамылъхьэу щагъэлъынт, нобэ хъунщ!» – жеIэри, лIыжьым. КIуэурэ, нэгъуэщI зы къуажэ дохьэри, ху щэджитI зыгуэрым и пщIантIэм дэтти, щIалэр щIоупщIэ: – Ярэби, тхьэмадэ, мы хур яIуэу яшхыжыну пIэрэ, хьэмэрэ мыр ямыIуэу яшхыжауэ пIэрэ? – жери. ЛIыжьым жиIащ игукIэ: «Уэлэхьи, делэ дыдэм мы къысхуэзар! Ху ямыIуа яшхрэ, гъуэгу мыгъуэм емыжьэн?!». Ауэрэ кIуэуэрэ, лIыжьыр и унэм къосыж. – Иджы, щIалэ, сыкъэсыжащ, жэщи хъуащ, еблагъэ! – жери щIалэр ирегъэблагъэ. – ХьэщIэщымкIэ неблагъэ, – жеIэри, лIыжьыр щIохьэж унэми, и пхъум жреIэ: – Уа, Алыхьым и цIэкIи соIуэ, гъуэгум зы делэ гуэр къыщысхуэзэри сигъэлIам, икIи къыдэпщхьам, «сыхьэщIэнщ!» – жери. – СлIо къуищIар, ди адэ? – КъызищIаращ, си шы Iэдэжри сIыгъыу гъуэгум сытету сыкъыздэкIуэм, къысщIэрохьэри, фIэхъус сэламри зэфIокIри, куэд мыщIэу къызжеIэ: «Е узытесыр къызэт, е уи Iэдэжыр къызэт», – жери. Сытыт си шыр щIестынур? – Ди адэ, –жеIэ, хъыджэбзым, – делэкъым ар. Шы Iэдэжыр къыббгъурыту, езыр пабжьэм хэту къэкIуэнт? ГъуэгуитIым языр хуит хуэпщIын хуеяти, аращ къыщIолъэIуар, армыхъу уиш хуейуэ аратэкъым ар. ЩIалэжьри мыдэкIэ йодаIуэри щытщ, хьэщIэщым къыщIэкIри кIуауэ. – НтIэ, етIуанэу сыт, ди адэ, абы къыппиубыдар? – Уэлей, къыспиубыдарам. Зыгуэр лIауэ дахырти: «Ярэби, мы дахыр нобэу пIэрэ щылIар, хьэмэрэ куэд щIауэ пIэрэ?» – жери щIэупщIащ. А гъуэгу мыгъуэ ежьэн, ар зэрылIэрэ куэд щIамэ, Iэджи щIат зэрыщIалъхьэжрэ! Нобэт щылIари, нобэ щIалъхьэ! – Апхуэдэу къыбгурымыIуэ, ди адэ, – жиIащ, жеIэ, пхъум.- ЩыIэкъэ дунейр хьэдрыхэу, ишхын щитIэгъэн имыгъуэту, хуэкъулейсызу, лIа пэлъытэу дунейм тета цIыху? – ЩыIэщ. – НтIэ, аращ ар зыщIэупщIар, – жеIэ пхъум. – Хуэкъулейуэ, зыхуей игъуэту, ишхын, щитIэгъэн игъуэту, тхъэуэ псэууэ лIар ар нобэ лIауэ аращ. Модрей ящыгъупщэжауэ лIар куэд щIауэ дунейм ехыжам хабжэ: ар Iэджэ щIащ зэрылIэрэ. Ар зыщIэупщIар аращ. ИтIанэ-щэ? – ИтIанэ, ауэрэ дыкъакIуэурэ, ху щэджитI зыщIыпIэ дэтти: «Мыр яIуэу яшхыжыну пIэрэ, хьэмэрэ ямыIуэу яшхыжауэ пIэрэ?» – жиIащ. Ар ямыIуэу дауэ зэрашхыжынур, хьэуазэ дэкIуэу яшхын? Сыту делэ а щIалэр! – Иджы, ди адэ, ар зэрыщытращ, – жеIэ, хъыджэбзым, – Зэшищ-плIы хъууэ, хэт куэзыр джэгуу, хэт нэгъуэщI джэгуу, я хур ямыIуэрэ щIыхуэкIэ псэуамэ, аракъэ ямыIуэу яшхыжащ жыхуаIэр! - НтIэ, сэ абыкIэ сыкIуэнщ, хьэщIэм дейкIэ, – щыжиIэм, щIалэм игъэзэжри щIыхьэжащ хьэщIэщым. ЦIыхубзыр хьэщIэщым къыщIыхьэри: - Еблагъэ! - жиIащ. ФIэхъус сэламыр зэфIэкIри, хъыджэбзым къеплъщ, къеплъщ щIалэри, игукIэ жиIащ: «Уэлей, и адэм епсэлъар мырарэ мырмырарэ къэсщIэнмэ». – Ярэби, – жиIащ хьэщIэм, – мы фи уэнжакъыр сыту уэнжакъ хьэлэмэтт, ауэ тIэкIунитIэ и щхьэр Iушэщ. – Тхьэ, хьэщIэ, – жиIащ, - и щхьэр Iушэ щхьэкIэ, Iугъуэр захуэу йокIмэ! – НтIэ, – жиIащ щIалэ хьэщIэм, – сыкъыщIежьар фыз схуэхъун къэсшэну аращи, укъыздэкIуэмэ, щхьэгъусэ усщIынущ, узмышэу сыкIуэжынукъым. Абдежым я Iуэхур щаухри, хъыджэбз губзыгъэр къишащ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
06.11.2025 - 12:26 →
Литературэ зэпеуэхэм я нэхъ иныр иухащ
| ||



