ТекIуэныгъэм телэжьа газет«Адыгэ псалъэм» къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм дыщриплъэжым деж, адрей псом нэхърэ нэхъ тфIэгъэщIэгъуэнщ ар Хэку зауэшхуэм и зэманми къыдэкIыу зэрыщытар. А лъэхъэнэм ди газетым зэрихьэу щытащ «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» цIэр. ТекIуэныгъэр илъэс 80 щрикъу мы илъэсым абы и къыдэкIыгъуэхэм уахэплъэжыным и мыхьэнэр ин дыдэщ икIи куэдым уезыгъэгупсысщ. Газетым къытрадзахэм дынэсын ипэ, езы «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетыр нэмыцэхэм яубыда республикэм къызэрыщыдэкIыну щIыкIэм епхауэ партым и унафэм дрихьэлIащ. «ПIалъэкIэ яубыда КъБАССР-м и районхэм папщIэ «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетыр къыдэгъэкIа зэрыхъунум теухуа, ВКП(б)-м и зэIущIэм и протокол №166-м щыщ» - аращ зэреджэр 1942 гъэм фокIадэм и 27-м екIуэкIа зэхуэсым тепсэлъыхьыж дэфтэрым. Тхыгъэр КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и партархивым къыхахащ:
- урысыбзэкIэ – газет 1000. - адыгэбзэкIэ – газет 1500-рэ. - балъкъэрыбзэкIэ – газети 100». Газетым къытехуа тхыгъэхэм ящыщу ди нэ къыфIэнахэм язщ район щхьэхуэхэм зауэ IэнатIэм Iут сэлэтхэм тыгъэ зэрыхуагъэхьам епха хъыбархэр. Псалъэм папщIэ, къыдэкIыгъуэхэм я зым щыгъуазэ дещI Тэрч районым щыщхэм фронтым щыIэ сэлэтхэм хурагъэша хьэпшыпхэр зыхуэдэм: «ТыгъэфIхэр хуагъэхьэзыращ Тэрч районым ис колхозхэтхэм Дзэ Плъыжьым хэтхэм. Орджоникидзе и цIэр зезыхьэ колхозым щызэхуахьэсащ лыуэ килограмм 50, джэд 45-рэ, тхъуцIынэ килограмм 15, джэдыкIэ 360-рэ, хадэхэкI килограмми 100, аркъэ литр 37-рэ, тутын пачкэ 24-рэ, пыIи 5, Iэлъэрэ лъэпэду 80, бэлътокурэ чысэу 120-рэ, зэрызаупс Iэмэпсымэу 6. Районыр зэрыщыту къапщтэмэ, абы щызэхуахьэсауэ ирагъэшэну загъэхьэзыр лыуэ килограмм 320-рэ, джэди 100, джэдыкIэ 700, тхъуцIынэ килограмм 50, кхъуейуэ килограмм 32-рэ, аркъэ литри 102-рэ, варенэу килограмми 152-рэ, бжьынрэ бжьыныхуу килограмм 60, хадэхэкIыу килограмм 356-рэ, тутын пачкэ 48-рэ, сабын Iыхьи 120-рэ, пыIи 10, Iэлъэрэ лъэпэду 330-рэ, чыси 110-рэ». А тхыгъэ дыдэм къыщрабжэкI Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэм ягъэхьэзыра тыгъэхэри. Дзэ Плъыжьыр а зэманым илъэс 36-рэ ирикъурти, цIыхубэр абыкIэ ехъуэхъуу арат. Тхыгъэр къытехуауэ щытащ 1944 гъэм мазаем и 15-м къыдэкIа газетым.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2025 - 18:10 →
ЗэпыщIэныгъэр къызыпэкIуар
23.04.2025 - 17:32 →
Лажьэншэу кIуэдахэр
23.04.2025 - 13:12 →
Зымыдэхэри щыIащ
22.04.2025 - 16:40 →
Хейм гъуэгу егъуэт
22.04.2025 - 14:41 →
Анэдэлъхубзэм къригъэлар
|