ЦIыхубзи сабии еплъакъым

Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм цIыхум леишхуэ къызэрылъагъэсам ущедаIуэкIэ нобэми щхьэфэцыр мэтэдж. Тхыдэ гуузым щыщщ «Холокостыр». А псалъэм къикIыр «зэтегъэсхьэн» жиIэу аращ, икIи къегъэлъагъуэ фашистхэм журтхэм гущIэгъуншагъэу кIэлъызэрахьар зыхуэдэр. 
Германием журтхэр зэхэзехуэн ищIын щIидзагъэххэт 1933 гъэм. Ауэ, зэратхыжымкIэ, лъэпкъыр гущIэгъуншэу щызэтриукIар ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм и илъэсхэрщ (1939 – 1945 гъэхэм): япэщIыкIэ зи гъунапкъэхэр гъэбыда жылэ щхьэхуэхэм даубыдэрт, КъуэкIыпIэ Европэм щызэтраукIэрт, иужькIэ, псэууэ къыздимыкIыжын Освенцим, Треблинкэ, Белжец лагерхэр яухуат (1941 гъэм къыщыщIэдзауэ 1945 гъэ пщIондэ щыIащ). 1945 гъэм и гъатхэм ирихьэлIэу, нацистхэм псори зэхэту цIыху мелуани 6-м нэблагъэ зэтраукIат, зы мелуаныр сабийуэ. «Холокостым» ихьащ журт лъэпкъым и Iыхьэ щанэр. 
Нацист лагерхэм я «хьэкухэм» лъэпкъ псо зэрыщагъэсам и дамыгъэу, япэ дыдэу «холокост» псалъэр къэзыгъэсэбэпауэ щытар тхакIуэ Визель Элищ (1950 гъэхэм и пэщIэдзэхэм). 1978 гъэм а фIэщыгъэр иIэу телевидениемкIэ фильм ягъэлъэгъуа нэужь, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ, къищынэмыщIауэ, хэкIуэда журт мелуанхэм ятеухуа фэеплъхэмрэ музейхэмрэ къыщыунэхуащ Иерусалим, Париж, Вашингтон къалэхэм, Нидерландхэм, Японием. Псалъэм папщIэ, Хиросимэ щыхэкIуэда журт сабий мелуан 1,5-м я фэеплъ музей дэтщ атом бомбэ щрадзыхауэ щыта япон къалэм.
Холокостым ихьахэм я фэеплъ махуэр щIышылэм и 27-м щIытрагъэхуам и гугъу пщIымэ, а махуэращ (1945 гъэм) Освенцим лагерь нэхъ ин дыдэр советыдзэм щхьэхуит къыщищIыжар. Абы щыхэкIуэдам и бжыгъэр зыхуэдиз дыдэр нобэр къыздэсым къахуэхутакъым, ауэ тхыдэджхэм иужьрейуэ къыщIагъэщахэм ятепщIыхьмэ, цIыху мелуанрэ ныкъуэм ноблагъэ ар (абы и процент 85-р журтт). БжыгъэхэмкIэ мыарэзыхэри щыIэщ. ЗэратхымкIэ, Освенцим лагерым дзэр щыдыхьам, складих къэнам щIагъщIэлъ, щIыIутелъ цIыхухъу щыгъыну мин 348,8-рэ, сабий щыгъыну – бжыгъэншэ, цIыхубз фэилъхьэгъуэу мин 836,2-рэ къыщагъуэтыжат. НэгъуэщI гъэтIылъыпIэ 29-р нацистхэм ягъэсыну хунэсат. Лагерыр 1940 гъэм и гъатхэм къаувыхьа Польшэм и щIыпIэрат къыщызэрагъэпэщар. Ар, зэрыжытIауэ, цIыху мелуан бжыгъэм кIуэдыпIэ яхуэхъуащ.
1941 гъэм мэкъуауэгъуэм зэрыпхъуакIуэхэр Совет Союзым къыщытеуам, гъэру къащтэ ди зауэлIхэри Освенцим лагерым ягъакIуэу щIадзат. Дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, абы яшэхэм я процент 75 - 90-р занщIэу ягъэкIуэдырт. Дзэ Плъыжьыр бийм щебгъэрыкIуэм, ялэжьа щIэпхъаджагъэр щIахъумэжын я мураду, газ зыщIаутIыпщхьэу щыта пэшхэр, хьэдэхэр щагъэсыжхэр зэпкърахыжыну хэтащ, арщхьэкIэ лагерыр зэрыщыту ягъэкIуэдыжыну хунэсатэкъым. 
Холокостым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэр къищтауэ щытащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблеем 2005 гъэм щэкIуэгъуэм и 1-м. Ар я жэрдэмт Израилым, Канадэм, Урысейм, Украинэм, США-м. 
Ди тхыдэм и напэкIуэцI мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ мы Iуэхугъуэри. 1942 гъэм и шыщхьэуIу мазэм беслъэнейдэсхэри гъэунэхупIэ ихуат. Бийм къиувыхьа Ленинград къалэм къыдаша сабийхэр зэрыс мафIэгур Кавказым къэсын щхьэкIэ мазиплIкIэ гъуэгу тетыгъащ. Армавир (Ермэлыхьэблэ) къэсыпатэкъым фашистхэм эшелоныр щызэтракъутам. Абы къела сабий зеиншэхэр мэжэщIалIэрэ къарууншэ хъужауэ шыгухэм ирагуашэри, зы жылэм дэкIрэ адрейм дыхьэурэ (щIакхъуэ Iыхьэ къыхуаший фIэкIа нэгъуэщIкIэ зыкъыщIамыгъэкъуэфу), Беслъэней къуажэм и Iэгъуэблагъэхэм къэсат. А тхьэмыщкIэ гупыр жылэдэс цIыхубзхэм къыщалъэгъуам, я гур щIэузащ, зыгуэр щIэн хуейти, зэчэнджэщыжри, сабийхэр IэплIэкIэ къащтэурэ унагъуэ-унагъуэкIэрэ зэбграхащ. Зы жэщым и кIуэцIым Беслъэней къуажэр сабий 32-кIэ нэхъ бей хъуат. Бзылъхугъэхэр еплъакъым сабийхэр зыщыщ лъэпкъми. Абыхэм я нэхъыбэр нэмыцэм игъэкIуэдыну зыщIэхъуэпс журт лъэпкъым щыщт. А зэман бзаджэм апхуэдэ лIыгъэрэ цIыхугъэрэ ди лъэпкъэгъухэм зэрахьэну къару къакъуэкIат. Абыхэм ягъэлъэгъуа щапхъэр дуней псом къыщащIэным теухуауэ иджыри куэд лэжьыпхъэу къыдолъытэ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: