ЩIэблэм я щэнхабзэ зэхэщIыкIыр къэIэтыныр ахэр дунейм и да-хагъэр гукIи псэкIи зыхащIэу къэгъэтэджыным хуэгъэпсащ, лъэпкъ псэкупсэ къэгъэщIыгъэхэм пщIэ хуащIу егъэсэным хуэунэтIащ. «ЦIыкIу щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжынукъым», – жеIэ игъащIэми адыгэм. Сабийм хэплъхьамрэ ебгъэлъэгъуамрэщ ба-лигъ гъащIэм хыхьа нэужь зытетынур, гъуазэ ищIынур. Апхуэдэ гупсысэкIэщ Iуэхум зэрыбгъэдыхьар иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIа «Абджыпс вагъуэ цIыкIухэр–2025» зи фIэщыгъэ урысейпсо зэпеуэр къыхэзылъхьа жэрдэмщIакIуэхэри. НыбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр утыку къащIыным тегъэгушхуэныр, я лъэкIыныгъэхэмкIэ щэнхабзэм хэлъ дахагъэ псори къызэкIуэцIыхыным хуэгъэушыныр – аращ гукъэкIыр зейхэр Iуэхугъуэ дахэм зэрыхэплъэр, щIэблэр гъуэгу захуэм тезыгъэувэ бгъэдыхьэкIэхэм ящыщу къыхахар.
«Абджыпс вагъуэ цIыкIухэр» зэпеуэр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ Урысейм хеящIэ унафэхэр гъэзэщIэнымкIэ и къулыкъущIапIэм илъэс къэс иригъэкIуэкI пэхуэщIэщ. Дызэрыт илъэсым а Iуэхугъуэр махуэщI тIуащIэм – къулыкъущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I60-рэ зэры-рикъумрэ ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрыхъумрэ – ирихьэлIащ.
НыбжьыщIэ зэхьэзэхуэр къыщызэIуахащ Налшык къалэм дэт, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым. Зызыгъэлъэгъуэн хуейхэр я ныбжьым теухуауэ гупитIу зэщхьэщагъэкIат. Япэ гупым хыхьащ илъэси 7-I2 ныбжьым ит, етIуанэм хиубыдащ илъэс I3-I8 ирикъуахэр. Пшыхьыр къигъэбеят абыхэм уэрэд жыIэнымкIэ, къэфэнымкIэ, усэ къеджэ-нымкIэ, теплъэгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр гъэлъэгъуэнымкIэ къызыкъуаха зэфIэкIхэм.
КъызэгъэпэщакIуэ гупым и унафэщI, Урысейм хеящIэ унафэхэр гъэзэщIэнымкIэ и къулыкъущIапIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Литовкэ Наталье къызэрыхигъэщамкIэ, гъэ къэси хуэдэу, мы гъэми зэпеуэм ныбжьыщIэ куэд хыхьащ, я утыку итыкIэми фIыуэ зиужьащ.
«КъулыкъущIапIэм илъэс зыбжанэ хъуауэ иригъэкIуэкI Абджыпс вагъуэ цIыкIухэр» зыми емыщхь пэхуэщIэщ, утыкушхуэм зи зэфIэкIхэр щызыгъэлъагъуэну хуей ныбжьыщIэхэм гъуэгу езыт Iэмал хъарзынэщ. Шэч къытумыхьэжыну зы пэж щыIэщ: сабий къэс зэчиифIэщ, Iэджэ зэфIэкIи бгъэдэлъщ, ауэ псоми ялъэкIыркъым ар игъуэм къызыкъуахыну, е, нэхъ зы-тешыныхьын хуейращи, тегушхуэу икIи мышынэу ар я ныбжьэгъу-лъэгуажьэгъу цIыкIухэм, гъэсакIуэ-егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм ирагъэлъагъуну. Дэ дыхущIокъу ныбжьыщIэхэр щыгушхуэн утыку къахузэдгъэпэщыну, зыщIэхъуэпсхэмрэ дэзыхьэххэмрэ гъунэгъу яхуэтщIы-ну. Пэжщ, Iэджэ зэпеуэ лIэужьыгъуи йокIуэкI, пэхуэщIэ хъарзынэхэри щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщызэрагъэпэщ, ауэ дэ абыхэм я нэхъ мащIэу зы Iуэ-хукIэ дакъыщхьэщокI – дэ дыкъэрал IуэхущIапIэщ, ди бгъэдыхьэкIэ-еплъыкIэхэм пхъашагъ мащIэ хэлъми, ди къалэнкIэ дыхеящIэщи, пэж ткIийм дытетщ, абы нэхърэ нэхъыщхьэ нэгъуэщI фIыгъуэрэ захуагъэрэ зэрыщы-мыIэр ди Iуэху щIэкIэмкIэ ныбжьыщIэхэм ядогъэлъагъу», – жиIащ мащIэу гушыIэ хилъхьэурэ Литовкэ Наталье.
КъэпщытакIуэ гупыр утыку итхэм щахэплъэм къызэрапщытэ нэщэнэ зыбжанэ дэтхэнэми иIэу щытащ. Ахэр еплъащ:
– утыкум къихьэ ныбжьыщIэхэм я теплъэм, къагъэсэбэп хьэпшыпхэр къыхаха Iуэхугъуэм зэрыхуэкIуэм, я гъэлъэгъуэныгъэр нэсу зыхэщIа хъунымкIэ абыхэм я мыхьэнэр зыхуэдизым;
– къызэрыхьэ утыкум и къэгъэсэбэпыкIэм, къихьэкIэм, икIыжыкIэм;
– къагъэсэбэп макъамэмрэ абы щIалъхьа псалъэмрэ я ныбжьым зэры-хуэкIуэм, зэрагъэзащIэм и Iэзагъым;
– къалъыс далэр купщIафIэу къызэрагъэсэбэпыр: зыхуейри утыку къащIыфу, зэманми щхьэпрамыгъэшу;
– къадэщIхэм я дэщIыкIэр: дэIэпыкъуэгъу, щIэгъэкъуэн зэрыхъун Iэмалхэр къагъэсэбэпу, ауэ хабзэншагъэм хуэмыкIуэу.
УнэтIыныгъэ къэс мыпхуэдэ пщалъэхэмкIэ хэплъа къэпщытакIуэхэм текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ я цIэ къриIуащ, фIыщIэ тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ яхуигъэфэщащ.
«Дызэрыт илъэсым ди къулыкъущIапIэм дежкIэ хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIэщ. Япэрауэ, дызыпэрыт IэнатIэр илъэси I60-рэ ирокъу, етIуанэрауэ Хэку зауэшхуэм ди цIыхубэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщахьрэ илъэс 80 куэд дыдэ дэмыкIыу хъунущ. ТIури дэркIэ лъапIэщ. Дэ хабзэ IэнатIэм депхащи, ди лэжьэкIэмрэ ди Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ хэт дежкIи щапхъэу щытын хуейщ, захуагъэм дрителъхьэу зэрыщытыр хэти зыхегъэщIэныр ди къалэнщ. ТекIуэныгъэращи, сыт хуэдэ Iуэху дымыщIэми, мамыр гъащIэм зэрыщыдгъэзэщIэф къудейм ар зэрымахуэшхуэр, цIыхубэм я хъуапсэхэм пэджэж гуIэтыж махуэщIу зэрыщытыр къегъэлъагъуэ. Ди цIыкIухэр утыку къызэритшэм, апхуэдэ жэрдэм зэрытхуэщIым дыщогуфIыкI, ди япэ итахэм яхузэфIэкIам къызэрыхэдгъэхъуэфымкIэ фIэщхъуныгъэ къытхалъхьэ», – жиIащ Литовкэ Наталье.