Гъуэгуанэ тхыгъэхэрБагъ Марьям и гъуэгуанэ тхыгъэхэм Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ. И адэшхуэ-анэшхуэхэм, и адэ-анэм, и анэкъилъхухэм, благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм, къуажэгъухэм, цIыху телъыджэ зыхуэзахэм я гъащIэм щыщ пычыгъуэ къыщыIуэтащ абыхэм. Нысэ щыпкъэ Си пащхьэм анэм и гъусэу сабий дыгъитI къисщ. Нэ пIащэ цIыкIухэу, губзыгъэ дыдэу къоплъхэу зэдэлъхузэшыпхъу цIыкIуитI. Пщащэ цIыкIум зигъафIэурэ и дэлъхум и дамэм зытрегъащIэ, и Iупэ баринэ цIыкIухэр къыIуигъэпкIыурэ зыгуэрхэр жеIэ адыгэбзэ къабзэкIэ. Дэлъхуми быдэу зыкърешэкIри, и Iэпэр щхьэгъубжэмкIэ ишийурэ адыгэбзэкIэ хуеIуатэ илъагъухэр. Анэм зригъэзыхыурэ урысыбзэкIэ йопсалъэ тIуми. Илъэситху хуэдиз хъу щIалэ цIыкIуми, абы нэхърэ нэхъыщIэж хъыджэбз цIыкIуми жэуап иратыж анэм, адыгэбзэкIэ… Зезгъэзыхри сабийхэм сеупщIащ: - Нанэ-дадэ деж фыкIуэу ара? - НтIэ, - мэгуфIэ пщащэ цIыкIур. Анэм соупщI: - Щхьэ урысыбзэкIэ сабийхэм уепсалъэрэ, мыбыхэм я гъащIэр зэрыхъунур пщIэрэ? Дэнэ щыIэми, сыт хуэдиз фIыгъуэ ямыIэми, дэнэ щыпсэуми, бланэ щалъху йокIуэлIэж… КIыхьу сопсалъэ. КъыпогуфIыкI нысащIэр, икIи и нэщхъ зэхимылъхьэ, икIи къэмыгубжь. ЩIалэ цIыкIур къопсалъэри: - Абы адыгэбзэ ищIэркъым. Дэ дэзыгъащIэр нанэщ. Анэм соплъ, нэхъри згъэщIагъуэу. ЦIыхубз дахэ цIыкIур аргуэру къыпогуфIыкIри, урысыбзэкIэ къызжеIэ: - Сэ сыадыгэми, Урысейм и къалэшхуэм сыщапIащ. Си анэр урысщ, си адэр адыгэщ. ЖаIэр къызгуроIуэ, ауэ сыпсэлъэфыркъым. СоупщI: - Мы сабийхэр адыгэбзэкIэ къопсалъэ, сыт яжепIэми, жэуап къузэратыжри аращ, ар дауэ? - Си гуащэмрэ сэрэ дызэгурыIуащ, адыгэбзэкIэ фIэкIа нанухэр сымыгъэпсэлъэну. Урысыбзэри хъарзынэу ящIэ икIи жысIэри фIы дыдэу къагуроIуэ. Щабэ дыдэу къыздэуршэр цIыхубз цIыкIумрэ сабий дыщэхэмрэ сеплъурэ, сыгуфIэрт си Iупэр зэтемыхьэу. Апхуэдэ цIыхубз щыпкъэ нысэ зыхуэхъуами я насыпщ, мы сабийхэм цIыху нэс къазэрыхэкIынур нэрылъагъущ. ГъащIэ кIыхькIэ унагъуэм яхэсын нанэ дахэри, услъэгъуамэ, гуфIэ нэпсхэмкIэ узгъэпскIынт. ГъущI сом - Хьэблэм щIалэжь цIыкIуу дэсыр куэд дыдэ дыхъурт. Хуабжьу хьэблэ Iуву дызэхэст. Зы махуэ гуэрым псыхъуэм зыдгъэпскIыну дежьат, - жеIэж зи ныбжьыр хэкIуэта лIым. – Псы Iуфэм дынэсыным куэд имыIэжу, жэрыжэкIэ дыздэжэм, сылъэпэрапэри, нэкIукIэ удзыпцIэм сыхэхуэу сыджэлащ. Си нэр къызэтесхмэ, си пэ дыдэм деж гъущI сомышхуэ щылът, Лениным и сурэтыр тету. Сыкъэмытэджыжу гъущI сомыр джанэ Iэщхьэншэ сщыгъым дэздзащ. Си ныбэм кIэрылъу сежьэжащ. Дынэсри псоми псым зыхадзащ, сэ сыщысщ. «Щхьэ зумыгъэпскIрэ?» - жаIэрэ къызэупщIмэ: «Си ныбэр мэуз», - яжызоIэ. ГъущI сомым и гугъу яхуэсщIмэ, садэгуэшэн хуейт. Апхуэдизым садэгуашэмэ, зыри къыслъымысыжынри хэлът. Псоми загъэпскIыу дыкъежьэжыху, сымыхъейуэ сыщысащ, мо дыгъэ жьэражьэм пщIэнтIэпсыр зэскъуэкIыу, си ныбэм кIэрылъ сомыр быдэу кIэрыкъузауэ сIыгъыу. МахуитIкIэ бранычрэ псыIэфIрэ къэсщэхуурэ сшхащ. ЕтIуанэ махуэм нанэ схуида джанэр къыщысщитIагъэм, си ныбэм быдэу къеплъу щIидзащ, гузэвауэ сыкъеIэбэрэбыхь. «Мыр сыт телъыджэ мы уи ныбэм къыхэкIар, цIыхущхьэ тетщ!» Сеплъмэ, сомым тета Лениным и сурэтыр си ныбэм пIэ къытридзауэ, и щхьэр хэщIыхьауэ къытенауэ арат. Нанэ сытым дежи пэжыр жесIэ хабзэти, къэхъуар хуэсIуэтэжащ. «Сыт къэбгъуэтми, си тIасэ, «Мыр зейр хэт жыпIэу» щэ уджэн хуейщ. Зейр умыгъуэтрэ - уи ныбжьэгъухэм яжеIэ, абыхэм ящыббзыщIауэ пшхыр IэфIкъым. Ар ныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэкъым», - си щхьэфэм Iэ къыдилъэурэ къызжиIащ нанэ. Абы иужькIэ, зыгуэр къэгъуэтыным си насып хэлъу къыщIэкIынти, зэ сомищ къэзгъуэтат, зэ зы щынэ цIыкIу мэзым щIэгъуэщыхьауэ срихьэлIат – тIум щыгъуэми, нанэ зэрыжиIам хуэдэу, щэ сыджащ, зейми сыщIэупщIащ. Щызмыгъуэтым, си ныбжьэгъухэр си гъусэу IэфIыкIэ куэду къэтщэхури, псы Iуфэм дыIусу IэфIу зэдэтшхащ. ГъущI сомым и Iуэхури иужькIэ яжесIэжащ. ГушыIэу къахуинауэ, «зыгуэр къэбгъуэта?» псалъэхэр фIэхъусым япэ къызжаIэ. Си ныбжьэгъуахэм ящыщ куэдыр мыпсэужми, къэнахэм я деж сопсалъэри: «Зыри къэзгъуэтакъым, ауэ зы щынэ фэзгъэшхынущи, псыхъуэм фынакIуэ», - яжызоIэри зэхузошэс, ди сабиигъуэр, IэфIыгъэу зэдэтлъэгъуахэр дигу къыдогъэкIыж. Апхуэдэхэм деж уафэмкIэ сыдоплъей… Нани гуфIэу къызэплъу пшэхэм къахызолъагъукI… Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ Хьэблэм щIалитI дэст. Зыр бзаджэжьт, адрейр цIыху щабэт икIи гуапэт. ЩIалэфIым и мэлитI кIуэдауэ нэху къекIат. Махуэ псом лъыхъуащ, игъуэтыжакъым. Хьэблэдэсхэм къагурыIуат ар зыIэщIыхьар, ауэ зыми зыри жиIакъым. Зэман дэкIащ. Зы пщэдджыжь гуэрым Iэщхэр хъупIэм дагъэкIауэ лIыхэр зэхэту, щIалэфIым жеIэ: - Ярэби, мы ТIалэ сэлам къызихыжыркъым, сыту пIэрэ игу къеуэр. Си мэлитIыр фIэцIыкIуауэ е гъурыIуэу къыщыхъуауэ арауэ пIэрэ? Дыгъужьым мэл зыфIихьынур и пыIэ щыгумкIэ къещIэ Нанэм и къуэрылъхухэр къызэхуэсыжауэ пщIантIэм щыджэгурт. - Сыт нобэ фхуэспщэфIын? - щыжиIэм, лъэпхъащэу къэзыжыхь джэдхэмкIэ плъэурэ, «джэд шыпс, пIастэ и гъусэу», - зэдыжаIащ. - Хьэуэ, а джэдхэм джэдыкIэ къыдат, хъунукъым, - идэркъым нанэм. ЩIалэ цIыкIухэр зэрыгъэкIиящ: - Дэ аращ дызыхуейр! Ауэ анэшхуэр яхутечакъым. Щымыхъум, сабийхэр бзаджагъэ хуекIуащ. ДжэдIусым аркъэ хакIащ. Зи щхьэ унэза джэдхэр здэжэм джалэрт. Нанэм ар щилъагъум, къэгузэващ. - Еплъыт, нанэ, мори зыгуэру щытщ, - жаIэурэ, джэд зытхухыр ирагъэукIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къуэрылъхухэм анэшхуэм и джэдыр фIашхащ. Дауи, занщIэу зыр яхуиукIамэ, апхуэдэ дыдэуи хилъэфэнтэкъым. Багъ Марьям.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 15:30 →
ЩIыхуэм дэкIуэдащ щIалэр
12.05.2025 - 12:33 →
Шыдыгъу
07.05.2025 - 15:59 →
Хьэчим щхьэ Борэн?
07.05.2025 - 09:21 →
ЗЭАНЭЗЭПХЪУР ЗОПСАЛЪЭ
30.04.2025 - 14:30 →
Хъыбар кIэщIхэр
|