ЛIы хахуэм и вагъуэМамлюкхэм я дзэзешэ Къанщауэ Гъур дунейм ехыжа нэужь, ар щымыпсэужкIэ, жари, сулътIану хах Тумэн-бей. Тумэн-бей лIы хахуэт, Къанщауэ Гъур и къуэшым и къуэт, илъэс плIыщIым нызэрыхьэса къудейт. Дабикъ губгъуэм щекIуэкIа зауэм и ужькIэ Селим и Затын мурад яIэтэкъым адыгэхэм, я пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым. Тырку лIыкIуэхэр иригъэукIащ Тумэн-бей - зауэр яублэжауэ арат абы къикIыр. Мамлюкхэм къабгъэдэнэжар губгъуэм ис бедуинхэмрэ къалэдэс къулейхэмрэт - адрейхэр псори къепцIыжащ, шэрджэсхэм я IэмыщIэ дыкъыщикIыну зэманыр къэсащ жари. Тырку пащтыхьми хъыбар игъэIу зэпытт: «Сэ сызэзауэр хьэрыпхэракъым, сэ си бийр мамлюкхэрщ», - жиIэурэ. Тыркухэр къэмыпхъэр щIыкIэ Тумэн-бей дзэшхуэ зэхуишэсын хузэфIэкIащ, Йеменым иса дзэми Каир къагъэзэжащ. Дзэр топрэ фочкIэ зэщIаузэдащ мамлюкхэм, топым Магриб щыщ зауэлIхэр залымыгъэкIэ ирагъэувэлIащ. Тыркудзэмрэ мамлюкхэмрэ япэ щызэжьэхэуар 1517 гъэм щIышылэм и 22-рщ - Каир пэмыжыжьэу. Тыркухэм мамлюк топхэр къызэхакъутащ. Магриб топгъауэхэр щIэпхъуэжри, Тумэн-бей къыхуэнар адыгэ шуудзэм и закъуэщ. Шуудзэм я пащхьэ иуващ шэрджэс дзэпщхэр - Тумэн-бей, Алан-бей, Курдей сымэ. Тумэн-бей тхьэ иIуащ и адэ къуэшым, Къанщауэ Гъур, илъ ищIэжыну. Шэрджэс шухэм зрачри, тыркудзэм хэлъэдащ. ЗэратхымкIэ, Тумэн-бей а махуэм тырку аскэр мин зэтриупщIэтащ, тырку пащтыхьым и шэтырым ежалIэри тырку уэзирышхуэр (премьер-министрыр) иукIащ, пащтыхьра и гугъэри. Аскэр минищэм пэува мамлюкхэр шу миным зэрыщIигъу щыIэтэкъым - къикIуэтын хуей хъуащ, куэдым я щхьэр халъхьэри. Тыркухэр Каир дыхьащ. Мамлюкхэм хэт къалэм зыщигъэпщкIуащ, хэт губгъуэм ихьащ. Къалэм зыщызыгъэпщкIуахэр, бзэгу яхьурэ, тыркухэм ирагъэубыдащ, ахэр яукI щыхъум, Тумэн-бей шу гуп зыщIигъури, Каир дэлъэдащ, Тырку аскэрхэр къалэм дихужащ. Ягу къызэрыгъуэтыжа нэужь, тыркухэр къебгъэрыкIуэжри, Каир яубыдыжащ: мамлюкхэм я къарур щIэкIат, я нэхъыбэр укIыгъэ хъуат. ИтIани зитакъым Тумэн-бей: зауэм къела шухэр иугъуеижри, мысыр пирамидэхэм я деж тыркудзэм щыпэщIэуващ. МахуитIкIэ зэпыуакъым зауэр, дзитIми лъы куэд иракIутащ. Тыркухэр топрэ фочкIэ къахэуэурэ мамлюк шухэр къызэхакъутащ. Тумэн-бей нэгъуэщI къыхуэнэжатэкъыми, и хэгъэрей бедуиным деж зыщигъэпщкIуащ. Бедуиным бзэгу ихьри, Тумэн-бей тыркухэм яригъэубыдащ. Хьэрып тхыдэм щыгъуазэ Базили К. М. итхыгъащ: «Газэрэ Каиррэ деж тыркухэм къащезауэурэ, мамлюкхэм щхьэм къимытIасэ лIыгъэ къагъэлъэгъуащ. И дзэпщхэм ящыщитI къыщепцIыжым, Тумэн-бей и вагъуэр ижащ. Каир деж мамлюк мин 25-рэ щыхэкIуэдащ зауэм, къалэми мин зыбжанэ даукIыхьащ. Тыркухэм я дзэ фIыцIэм зэрыпэмылъэщынур къагурыIуарэ пэт, псэууэ къэна мамлюкхэр я сулътIан насыпыншэм дэзэуащ, я псэр пытыху. Шэрджэс мамлюкхэм я тепщэгъуэм абдежым кIэ щигъуэтащ». Ал-Ашраф Тумэн-бей 1517 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 13-м Баб-аз-Зуелэ куэбжэм деж (Каир) щхьэпылъэ щащIащ. Зауэ гуащIэм къыщыхагъэщIащ шэрджэс шухэр, я щхьэр халъхьащ, ауэ, Монтень зэрыжиIэгъащи, зауэм щытекIуахэм нэхърэ абы щыхагъэщIам я щIыхьыр щынэхъ лъагэ щыIэщ. Тунуслу (Лъашэ) Хъайрэддин-пэщэ Мыр беслъэнейщ. Шэрджэсым къыщалъхуащ. И адэр, Лъашэ Хьэсэн, урыс-кавказ зауэм хэкIуэдащ. Зеиншэу къыщынэм, Истамбыл дэс и благъэм, Къыбрыслы Тахъсин-бей, зришэлIэжащ, абы ипIащ, иригъэджащ. Тунисыр франджы зэрыпхъуакIуэхэм щахъумэн папщIэ, абы ягъэкIуа адыгэ щIалэхэм яхэтащ. Тунисым и губернатор Ахъмэт-пэщэ гу къылъитэри, къуэ ищIащ, Франджым игъакIуэри, офицерхэр щагъэхьэзыр «Сент-Сур» еджапIэр къригъэухащ. ЩIэх дыдэ дэкIуэтеящ адыгэ щIалэ жаныр: илъэс 36-рэ щыхъуам ар генерал-полковникт. 1857 гъэм - Тунисым и зауэ-хы флотым и Iэтащхьэщ, I86I гъэм - Тунисым и меджлисым (парламентым) и тхьэмадэщ. Тунисым и лIыкIуэ къулыкъур европей къэралхэм зыбжанэрэ щигъэзэщIащ. Лъашэ Хъайрэддин Тунуслу унэцIэр къыщIыфIащар Тунисым хуилэжьамрэ абы и пащхьэм щиIэ фIыщIэмрэ папщIэщ. Тунисыр зи IэмыщIэ ихуа пэщэр къеныкъуэкъу щыхъум, фыгъуэнэдхэмрэ жагъуэгъухэмрэ пэIэщIэ зищIын щхьэкIэ, Тунуслу и къулыкъур къигъанэри Европэм кIуауэ щытащ. СулътIан Абдул-Хьэмид II и лъэIукIэ 1878 гъэм Истамбыл къигъэзэжащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ сенатор хъуащ, премьер-министр къулыкъури зэрихьащ. Къэралым зэхъуэкIыныгъэ щегъэкIуэкIын хуейуэ къилъытэрти, апхуэдэ реформэм и проектыр сулътIаным и пащхьэ ирилъхьащ. Абы зэрыжиIэмкIэ, империер конституцэ хабзэм тегъэувэн хуейт. Апхуэдэ проектымкIэ акъылэгъу хъуакъым меджлисри сулътIанри. Тунуслу и къулыкъум текIын хуей хъуащ. Лъэныкъуэ зригъэзри, дунейм тетыху, Куручешмэ щыпсэуащ. ЩылIар Истамбылщ, Iэюб СулътIан кхъэм щыщIалъхьащ. Хъайрэддин-пэщэ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа цIыхущ, хьэрыпыбзэрэ франджыбзэкIэ тхэуэ щытащ. И къуэ нэхъыжьыр, ТIэхьир, дзэм хэтурэ генерал хъуащ, и къуэ курытыр Европэм щеджащ, журналист IэщIагъэм ирилэжьащ. НэхъыщIэр, Сэлихь, сулътIан Абдул-Хьэмид II и къуэшым ипхъу Мунирэ гуащэм и щхьэгъусэу щытащ. Зыгъэхьэзырар Къэбарт Мирэщ.
Поделиться:
Читать также:
27.11.2026 - 12:41 →
Адыгэ дэшхуейхэм я щIэин
24.11.2026 - 14:30 →
Зыужьыныгъэр я плъапIэу
20.11.2026 - 14:26 →
ПсэукIэм зрагъэужьырт
19.11.2026 - 16:38 →
КъуажитI - зы тхыдэ
09.11.2026 - 17:44 →
ЩыIащ апхуэдэ хабзи
| ||




