Анэдэлъхубзэм къригъэлар

 Нобэ зи гугъу тщIыну Хэку зауэшхуэм епха хъыбарыр зытеухуам и цIэр тщIэркъым.  «Къэбэрдей хъыбарыжьхэм къахэблыкIхэр»  и тхылъым ар къыщызыIуэтэж Къармэ Руслан зэрыжиIэмкIэ,  къэхъуар дунейм къыщытрагъэхьар 2000 гъэхэрщ. Зытхыжар 60 гъэхэм Дзэлыкъуэ районым нэхъ пшынауэ Iэзэу исахэм яз Мэкъуауэ (Тау)  Лалусэ Мурат и пхъурщ, и анэм жиIэжу зэхихауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр  нэмыцэ-фашист  зэрыпхъуакIуэхэм щаубыдам щыгъуэ, ахэр адыгэ хъыджэбз гуэрым ехъуэпсат. Пщащэм и дахагъым нэмыцэ сэлэтхэр апхуэдизкIэ итхьэкъуати, Берлин къалэм и комендантым хуашэну мурад ящIащ икIи ар яхузэфIэкIащ. АдэкIэ къакIуэ уэрэдыр хъыджэбзым Берлин щыIэу иусауэ аращ. Мэкъуауэ Лалусэ къызэриIуэтэжамкIэ, совет сэлэтхэр Берлин дыхьа нэужь, хъыджэбзым  и  уэрэдыр е абы и хъыбарыр зэхэзыхахэм мор адыгэ сэлэтхэм хуагъэзащ, зыубыдам кърагъэутIыпщыжащ,  Хэкуми кърагъэшэжащ. Зыри ямыгъэукIытэн папщIэ, пщащэм и цIэр къраIуэркъым.  Гъыбзэр едзыгъуих мэхъу, дэтхэнэ зыри сатыр щырыщу зэхэту:

Си щхьэцыгъуэр согъэлъалъэ,

Си нэпситIыр къелъэлъэхыу,

Комендантым сыныхуашэ мыгъуэт, уей!

 

Туфлъэ цIыкIур согъэцIу,

ЗэщIэцIууэу Берлин

Сыщыдашэм сышына мыгъуэт, уей!

 

Мыгъуэ  цIыкIум и щхьэр ещIыр.

ГъэщIэгъуэнкъэ, комендантыр

НэмыцэбзэкIэ къызопсалъэ мыгъуэ, уей!

 

Си IэлъэщIыр щхьэм щопсыпс,

Илъэс минкIэ сыпсэуами

Нэмыцэбзэ сымыщIэну мыгъуэ, уей!

 

Адэ-анэр бын ущийщ жи,

Нэмыцэжьхэр къызэущиеурэ,

Нэмыцэ унэм сыщоусэ мыгъуэ, уей!

 

Си щхьэцышхуэр ямылейщ жи,

Ямылейуи сымыдахэт,

Комендантым сыфIэдахэ мыгъуэщ, уей!

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: