Псэр и закъуэ къыщынэм дежСэ си адэм сригъусэу хэкум сыщыIащ, ди благъэхэр тлъэгъуащ, ар дэркIэ гухэхъуэщи, сэри сыпсэуху Iэдэмрэ 1эсиятрэ къысхуащIар сщыгъупщэнкъым. ПщIэрэ, Iуащхьэмахуэ дыщыщыIам узигъусэну си нэ къыхуикIырт, мыр зи дахагъэр езгъэлъэгъуащэрэт жысIэу. Налшык къалэр-щэ! ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэшхуэр! Я къуажэхэр! Абыхэм я къуажэхэм цIыхухэр мин бжыгъэкIэ дэсщ, икIи фIыуэ мэпсэу, я хьэгъуэлIыгъуэм дыхэтащ, лъэпкъым и нэхъыжьым псоми дригъэцIыхуащ, джэгури, нысэишэри, щауэишыжри дахэщэу екIуэкIащ. 1эсият адыгэ фащэ тыгъэ лъапIэр къысхуищIащи, дахащэу сэкIуу жаIэ, уэзгъэлъэгъуащэрэт. - Ураушэ, - щыжысIэм. - Тхьэм ещIэр ар зэрыхъунур, - жиIащ Симазэ. - Сыт щхьэкIэ, уэ ишэгъуэ дахэ ухъуащ, зэгъусэу деджэу, еджэныр къэдмыухыу унагъуэ дыхъуми, сфIэигъуэщ. Уэ дауэ уеплърэ абы? - Сэ си Iуэху зэрыхъунур сщIэркъым. Дэтхэнэ хъыджэбзри Тхьэм къыщIигъэщIыр унагъуэ ихьэу насыпыфIэ хъун хуейуэ аращ, ауэ еджэныр сымыухауэ унагъуэ Iуэху зесхуэну къыщIэкIынкъым. Ар зэрыжысIэм щхьэкIэ уи жагъуэ умыщI, дэ иджыри дыщIалэщ, ди акъылыр тIысакъым. - Симазэ, дауэ си жагъуэ сщIын, уэ зэрыжыпIэм хуэдэу тщIынщ. - ПщIэжрэ, щIымахуэ щIыIэ уаем дыхиубыдауэ уи щIыIу телъыр зыщыпхыу къыщызэптауэ щытар? Сэ псы къелъэм сыщашам мыр уэр щхьэкIэ къэсщэхуащ (си Iэм къыIэщилъхьэри), тэмэму жыпIэмэ, къысхуащэхуащ. ЩIымахуэр щIыIэ хъумэ, си фэеплъу зепхьэнщ. - Мыр сыт? - Цыджанэ хуабэрэ пщэдэлърэщ. Сэ фIыщIэ Симазэ хуэсщIащ, «сигу укъызэрыкIам щхьэкIэ», - жысIэри. Сэри си Iэм илъ хьэпшып зэкIуэцIылъыр Симазэ и Iэм IэщIэслъхьащ. - Мыри сыт? - дыхьэшхащ Симазэ. - Къалэм еджакIуэ ущынакIуэкIэ, дыху, Iупэлэ нэгъуэщIхэри зэгъусэу илъщи къэбгъэсэбэпынщ. Сыпхуехъуэпсати къыпхуэсщэхуащ. - Алий, Тхьэм уигъэпсэу, къалэдэс дыдэ ухъуащ, - жиIащ Симазэ. Си гуапэ хъуат апхуэдизу хэкум зи нэ къыхуикI Симазэ ар зэрилъэгъуар. Дыуэршэрурэ пщыхьэщхьэ хуегъэзэкI хъуауэ, «иджыри дызэхуэзэнщ» жытIэри, сэлам зэтхыжащ. Дуней гуфIэгъуэр сиIэу къалэм сыкIуэжри, лэжьапIэм сыпэрыувэжащ, унэм сыщыкIуэжыну зэманыр къысхуэмыгъэсу. Зы тхьэмахуэкIэ Симазэ зыкъызигъэлъэгъуакъым, къуажэр къызэхэскIухьу сыхьэтитIкIэ сыдэтащ, етIуанэ, ещанэ тхьэмахуэми аращ. Сыгузавэу щIэздзащ: Симазэ зыгуэр къыщымыщIауэ пIэрэ? Дауэ къэзгъуэта хъуну? Элиф сигу къэкIат, ауэ гугъэр иджыри къыстекIуэрти сымыпIащIэмэ нэхъ къасщтэрт. Симази слъагъукъым, и шыпхъу цIыкIури си нэгу къыщIидзэркъым. Апхуэдэу зы мазэкIэ гугъу сехьащ, ежьауэ къэт хъунщ, – жысIэури си гур згъэфIырт. Гукъыдэж къутэр къыщысхуэкIуар лэжьыгъэр сыухыу сыкъыщIэкIыжауэ Симазэ щIалэ гуэрым и гъусэу щыслъэгъуарат. Си фIэщ мыхъуу нэхъ гъунэгъу захуэсщIмэ, арат - Симазэт. Симазэ щIалэ и гъусэу си лэжьапIэм пэмыжыжьэу къикIухьырт. Я зэхущытыкIэм къыбжиIэрт а тIур зэрызэмыхамэр, Симазэ гуфIэжу хъыбар гуэрхэр хуиIуатэрт, щIалэри, Симазэ и Iэр иIыгъыу, абы едаIуэрт. СыкъызэщIэплъащ, сыкъэгубжьащ, сщIэнур сыт, зэрызысщIынур дауэ, Iуэху сызыпэмыплъам Iэнкун сищIащ. Симазэ и гъусэ щIалэм сыбгъэдыхьэу сезэуэну, Симазэ сыкъыгурыIуэну, и жагъуэ сщIымэ-щэ? УпщIэр мину зэщхьэщокI. Симазэ си дежкIэ къаплъэри, сыкъилъэгъуащ, ауэ абы щхьэкIэ я щытыкIэм зихъуэжакъым. Си щхьэр Iусхри сыIукIыжащ, «сыт си Iуэхуу хэлъыр» - жысIэри. Си гъащIэр гуфIэгъуэм къыхишри, лъагъуныгъэм и къару лъэщым зэщIиубыда Iэпкълъэпкъыр гузэвэгъуэм хидзащ. Сыт апхуэдэм и деж ящIэр, жаIэр, зэрызащIыр - срихьэлIатэкъым апхуэдэ Iуэхум. Симазэ нэгъуэщI щIалэ иIэу зыри къызжиIатэкъым, си фIэщ ар зыщIын мы дунейм зы цIыхуи теттэкъым. Иужь дыдэу дыщызэхуэзам сэри езыри дызэхуэпэжыну, зыр зым къимыгъэпцIэну дызэгурыIуат. АрщхьэкIэ си нэм илъагъур, си псэм игъэвыр нэгъуэщIт. «Сыщыуауэ къыщIэкIынущ», - жысIэурэ унэм сыздэкIуэжым Симазэ а щIалэр и гъусэу солъагъу. Лъагъуныгъэм фIыуэ плъагъум щхьэкIэ уимыгъэщIэн дунейм темыту къару лъэщ иIэщ, уэр нэмыщI нэгъуэщI къыхихауэ щыплъагъум и деж, лъагъуныгъэм и къарур IуегъэкIуэтри, нэгъуэщI къару мыцIыху, ар зыгъэукIыфI, къэзыгъэгубжь, ерыщ бзаджэ езыгъакIуэ къару къыхелъхьэ. - ЩIалэми сыт илажьэ, Симазэ хуэмеятэмэ, гъунэгъуу зыбгъэдигъэхьэнтэкъым, - жысIэри си гъуэгу сытеувэжащ. Симазэ и жагъуэ зэрысхуэщIын къару мы дунейм теттэкъым. Унэм сыкIуэжынуи къару сиIэкъым, си лъэр щIэхуащи, сщIэнури къэзгупсысынури сщIэркъым. Дауэ зысщIынуми къызгурымыIуэу нэху щыху къалэм къэскIухьу сыдэтащ. Пщэдеирей махуэми нэхъыфI къысхуихьакъым. Зэгъусэу деджэну тедухуауэ, Симазэ сымылъагъуу, и псалъэмакъыр зэхэзмыхыу, си мурадхэр жезмыIэу, псэуа сызэрыхъунур сымыщIэу, си псэр гузэвэгъуэ хэту махуэ къэс жэщыку хъуху си щхьэр къесхьэкIыу къалэм сыдэтт. ЛэжапIэми гу лъатащ си гукъыдэж сызэримыIэм. «ТIэкIу сыгукъыдэмыжщ», - жисIэри сафIэкIащ, ауэ абыхэми ялъагъурт сэ зыгуэр къызэрысщыщIар. ТхьэмахуитIым къриубыдэу къуажэм зэ сыкIуэжащ, Симазэ е Элиф сахуэзэу Iуэхур зыIутыр зэхэзгъэкIыну си мураду. КъызэхъулIакъым. Зэгуэпым къыхэкIыу мазитIым щигъукIэ къуажэм сыдыхьэжакъым. Губжьыр стеуж хуэдэу хъурти, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр си щхьэм къихьэрт, игъащIэм щIалэ Iуэху зэрихуэу е тепсэлъыхьу зэхэзмыха Симазэ дэслъэгъуар къызгурымыIуэу бэлыхь стелът. Техьэгъуэ къыстехьауэ махуэ гуэрым сымыкIуэжынкIэ Iэмал имыIэу сыкIуэжащ. Ди унагъуэм исхэм гукъыдэж сызэримыIэм гу лъатати, сыкIуэжыху къызэупщIхэрт: - Усымаджэ хьэмэ уи хъыджэбзым уи жагъуэ къищIа? - жиIэу къыздэгушыIэ си шыпхъу нэхъыщIэ Нуршахь жэуапу естыр зыт: - АфIэкIа хъыджэбз Iуэху къысхуумыщI, Симази и цIэр къызжумыIэ, къыбгурыIуа. Си адэри си анэри зэрыгузавэм щхьэкIэ сымыкIуэжмэ, нэхъ къасщтэрти, унэм сыдэмыхьэжу, Симазэ здэпсэум пэмыжыжьэ нэпкъым сыкъытеувэри зысплъыхьащ, «Слъагъуну пIэрэ?» - жысIэу. Симазэхэ я пщIантIэм дыуэщI дэту солъагъу. «Сыт мыгъуэ къэхъуа?», - жысIэри, си щхьэр къыIусхыжри, унэмкIи сыдэмыхьэжу, зыри слъагъуну сыхуэмейуэ, къалэм сыкIуэжащ. «Симазэ и сыту пIэрэ дунейр зыхъуэжар?», - жысIэу си гум сызэрихуэ щхьэкIэ, Симазэ сыхуэгуIэну сыкIуэну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым, апхуэдизкIэ си жагъуэ къищIати. Пщэдджыжьым жьыуэ Закия къэтэджри и унагъуэ Iуэхум иужь ихьащ. Сабийхэр къэмыуш щIыкIэ лэкъум игъэжьащ, джэдкъазым я шхын иритащ. Ибрэхьим нэжэгужэу къэтэджати, дзапэ уэрэд къришу зитхьэщIри, лэжьапIэм зэрыкIуэнум хуэдэу зигъэхьэзыру щIидзащ. Пщащэ цIыкIухэр къэушри затхьэщIащ. Уэршэрыжхэу пщэдджыжьышхэр зэдащIри, Элифрэ Ибрэхьимрэ дэкIащ. Симазэ и щытыкIэр езым къыгурымыIуэжу гъэщIэгъуэн гуэр хъуат, псори илъагъуну, псоми IэплIэ яхуищIыну хуейуэ. Арати, къуажэм дыхьэри, хэт хуэзэми гуапэу сэлам ярихащ, насыпыфIэу къалъытэ хъыджэбзым хэти ехъуапсэу кIэлъыплъыжащ. Гукъыдэж зэриIэм иригуфIэу икIи игъэщIагъуэу, зыхуихьынури имыщIэу Закия и пхъум еплъащ. Тэнащ Хьэжымырзэ.
Поделиться:
Читать также:
15.11.2025 - 12:26 →
Пастернак Борис илъэси 135-рэ ирикъуащ
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
| ||



