Уи щхьэ упэлъэщмэ, улъэщщКIэщIу, гъэхуауэ, зы псалъэухам гупсысэ пыухыкIа къиIуатэу жыпIэн папщIэ, зэчий ббгъэдэлъын зэрыхуейм шэч хэлъкъым. Апхуэдэ тхыгъэм ахэр зи IэдакъэщIэкIхэр зэмылIэужьыгъуэу еджэми, къаIуатэр зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым. Куэдым, есэжауэ, жыIэгъуэ зыхужаIэ псалъэуха жанхэм тхакIуэ цIэрыIуэ, IуэрыIуэтэдж Нало Заур псалъэ гъэпсакIэ еджэу щытащ. Апхуэдэу кIэщIу и гупсысэ къэзыIуэтэфхэм, жыIэгъуэхэм тхылъ щхьэхуэ хухэзыхахэм ящыщщ зи цIэ къисIуа Нало Заур, философ, тхыдэдж цIэрыIуэ Бейтыгъуэн Сэфарбий, журналист КIэрэф Хьэсэнбий, финансист ГубэщIыкI Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри. Владимир и жыIэгъуэхэр зытеухуа елъытауэ Iыхьэ-Iыхьэурэ гуэшауэ щытщ. Акъылымрэ къалэнымрэ ехьэлIауэ и къалэмыпэм къыпыкIахэр ди газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм тыдодзэ, куэдым щIэщыгъуэ зэращыхъунуми шэч къытетхьэркъым.
ИСТЭПАН Залинэ.
Акъылрэ къалэнрэ
Акъыл кIэщIыр кIыхьу мэпсалъэ.
Акъылрэ лIыгъэрэ зыхэлъыр фыгъуэ щыщIэркъым.
Акъылым и къарур къару мыкIуэдщ.
Акъылым игъэгъуу гум хуэмыгъэгъу гукъеуэр хьэлъэщ.
Акъылышхуэр налкъутналмэсым хуэдэщ – мащIэущ дунейм къызэрытехъуэр.
БжыгъэкIэ мащIэми, гуащIэм къаруушхуэ къылъыкъуокI, куэди хузэфIокI.
БжэгъукIэ къозауэм IэштIымкIэ упэмыув.
Бий наIуэм пэуви, бий щэхум зыщыхъумэ.
Гуауэ зыхэлъ псалъэм гушыIэ фIэпщ хъунукъым.
ГуащIэ зымыщIэм IэфI зыхищIэркъым.
Губзыгъэм и бзаджагъэри куущ.
Гузэвэгъуэм зыдэбгъэшыху, нэхъри уегъэш.
ГъащIэм иригъэзэшам дунейр фIэIэфIыжкъым.
ГъащIэр лъагапIэм хуэдэщ – и щхьэм унэсыху, гъэщIэгъуэнщ.
Дунейр къызэригъэщIрэ цIыхур дунейм тетми, дунеягъэм хищIыкIыр мащIэщ.
Дыгъужь мэжэщIалIэм уедэхащIэкIэ, уи мэл ишхын къигъэнэнукъым.
ЖиIэм едаIуи, ищIэм тещIыхь.
Зи акъыл ныкъуэмрэ зи ныбэ нэщIымрэ защыхъумэ.
Зи пIалъэ умыщIэ мыл утемыхьэ, зи кууагъ ущымыгъуазэ псы ухэмыхьэ.
Зэхэмызэгъэнухэр сыт хуэдизрэ зыIыумыщIэми, зэщхь хъунукъым.
И нэгу щIэкIынур ищIамэ, цIыхур дунейм къыпхутемыхьэнкIи хъунт.
Куэдрэ упсэуну ухуеймэ, уи псэр гугъу иумыгъэхь.
Къарум къыхуэмыIэт куэд акъылым хузэфIокI.
Лей зепхьэу лей къыплъымысыну ущымыгугъ.
Лъагъуныгъэр лъэщщ, абы пэлъэщыр лъэрызехьэщ.
ЛIыгъэм и нэхъ иныр лIэныгъэм пыщIащ.
ЛIыфI зыдэс жылэ цIэрыIуэщ.
ПцIыр кIуэцIрыкIыгъуафIэщ, пэжым и гъуэгур гугъущ.
ПщIэ гъэунэхуи – зэ дзыхь хуэщI.
ПщафIэ ухъун щхьэкIэ, нэгъуэщI мыхъуми, тебэ къэплъам Iэ пцIанэкIэ уепхъуэ зэрымыхъунур пщIэн хуейщ.
Тэмакъыр япэ ищмэ, акъылым и зэфIэкIым хощI.
Уэгум итыну къигъэщIар гъуэм исыфынукъым.
Уи щхьэ упэлъэщмэ, улъэщщ.
УмыщIэ Iуэху умыIуатэ, къыпхуэмыIэтын хьэлъэ уемыIэ.
ЦIыхум къахэщыр жагъуэгъу щыщIэркъым.
Шынагъуэ хэмыхуа лIыр лIыхъужьым хабжэркъым.
Щхьэ зыфIэмытым ущымыхьэ, къыпщыхьамэ, кIэщIу пыкI.
Щытхъур куэдым яфIэфIщ, ауэ зэзэгъыр мащIэщ.
ЩIым хуэгъэшхэнум нэхърэ нэхъыбэ цIыхур зэи хъуркъым, итIани цIыхур щIым зэрытегъахуэркъым.
ЩIэныгъэм елъэпауэм и гъащIэр лъэпэрапэу ехь.
ЩIэныгъэр гъуэтыгъуей щхьэкIэ, зехьэгъуафIэщ.
Япэ итахэм я дерсыр цIыхухэм нэгъэсауэ къагъэсэбэпу щытамэ, нобэ здынэсам нэхърэ хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъ жыжьэ щыIэнт.
Iуэхум куууэ ущымыгъуазэмэ, чэнджэщкIэ цIыхум зыхуумыгъазэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




